Монгол-тэтэрхэмрэ адыгэхэмрэ

Хэт хъуну Хьэжы-Шэрджэс е Шэрджэс-хъан? Языныкъуэ тхыдэджхэм а цIэр цIыхуитIым зэрахьа хуэдэу хуагъэфащэ, нэхъыбэм – тIури зы цIэм и къэпсэлъыкIэ зэтемыхуэу къалъытэ.

Хьэжы-шэрджэсыр е Шэрджэс-хъаныр зы цIыхуу къэтлъытэным дытрегъэгушхуэ ар тIэунейрэ Дыщэ Уэрым и хъану зэрыщытами. Хьэжы-Тэрхъан цIэр зезыхьэ Дыщэ Уэрым и къалэр езым еипэу щытауэ, илъэс зыбжанэкIэ зэрыхъаныгъуэуи и унафэм щIэта хуэдэу зэхыдагъэх 23-нэ хъаным тепсэлъыхьхэм: япэу 1361 - 1369 гъэхэм, етIуанэу: 1369 - 1374 (1375) гъэхэм.

Дыщэ Уэрымрэ адыгэхэмрэ я Iуэху зыIута дыдэр къэзыгъэлъагъуэ тхыдэ лъэужьхэр зэкIэ нэгъэсыпауэ джахэм тхухэбжэнкъым. ИтIани, Псыхуабэ деж щыпсэуа ди лъэпкъэгъухэми КъухьэпIэ Адыгэ Хэкум исахэми монгол-тэтэрхэм пыщIэныгъэ быдэ зэрыхуаIам и тхыдэ щыхьэтхэр мащIэкъым. Сыт и уасэ иужькIэ тепщэ хъуа Iузбэч-хъан ныкъуэкъуэгъухэм ирамыгъэукIын щхьэкIэ, щыцIыкIум «шэрджэсхэм я щIыналъэм» щагъэпщкIуауэ зэрыщытам и закъуэ?!

«Хъаныкъуэр Адыгэ Хэкум щрагъэпIын къыщаубла Атэлыкъ хабзэм и япэ щапхъэм дэ дыщрохьэлIэ Дыщэ Уэрым и къару илъыгъуэм. Иужьрей кърым хъану щыта Шагин-джэрий зэритхыжымкIэ, апхуэдэ насып къызыхуихуар Дыщэ Уэрым и хъан щэджащэ Iузбэчщ: «711 гъэм Тохътэ-хъан и лъэхъэнэм, иужьрейм и къуэш дыдэм и къуэ Iузбэч-хъан адыгэхэм (шэрджэсхэм) ягъэсэну яшауэ щытащ», - етх Хъуэткъуэ Самир. АдэкIэ пещэ: «Шейбанхэм я тхыдэдж Утемиш-хьэжы къеIуэтэж: «Тохътэ-хъаным езым и къуэм тепщэгъуэр лъигъэсын папщIэ, и лъэпкъым хъулъхугъэу исыр щызэтриукIэм, абы и къуэшым и щхьэгъусэ Келин-Байалин и къуэ Iузбэч яукIынкIэ гузавэри, сабийр Шэрджэс къуршхэм гъэпщкIауэ иригъэшауэ щытащ. ИужькIэ, езыр Тохътэ-хъаным щхьэгъусэу ишэжа нэужь, зи къуэр дунейм ехыжу щIэблэншэу къэна хъаным зыхуиумысащ: «УукIынкIэ сышынэри, щIалэр Шэрджэс щIыналъэм езгъэшат».

Гусев Владимир Iэщтырхъан и тхыдэр пхэнжу къагъэлъагъуэу къыщохъу. Урысейм и тхыдэдж-архив лэжьакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэт щIалэм къызэрилъытэмкIэ, къалэр куэдкIэ нэхъыжьщ ар тхыдэджхэм къызэрагъэлъагъуэм нэхърэ. И Iуэху еплъыкIэр къыщиIуатэ тхыгъэм Хьэжы-Шэрджэс и гугъу щещI: «Iэщтырхъан и гугъу пщIымэ, абы тIэунейрэ и тепщэу щытащ хъан Хьэжы-Шэрджэс (1361 - 1369, 1369 - 1374). А лIым, Iэщтырхъан зэрыдэсым хуэдэурэ, Уэр Хужьым (Белая Орда) и унафэр зэрихьэу щытащ илъэс 14-кIэ. 1374 гъэм, Хьэжы-Шэрджэс и тетыгъуэм щыгъуэ, «Хьэжы-Тархъан» жиIэу тегъэуауэ ахъшэ традзэу щытащ. А зэманым «Хьэжы-Тэрхъан» щхьэкIэ «Тарджин» жаIэрт. Апхуэдэущ къызэрежьар Хьэжы-Шэрджэс и цIэр зытет домбеякъ ахъшэхэр».

Хьэжы-Шэрджэс монгол-тэтэрхэм хуэдэу Чингис-хъаным къытепщыкIа къуэпсым щыщу зэрыщымытар къыхощ тхыгъэхэм. Горелик Михаил и лэжьыгъэхэми къыджаIэ адыгэхэм IэщэфI зэращIым къыхэкIыу, езыхэми зауэлI лъэрызехьэ къазэрыхэкIым и хьэтыркIэ, ахэр Дыщэ Уэрым хиубыдэ щIыпIэ щхьэхуэхэм щыпсэууэ зэрыщытар. Апхуэдэ гуэрхэм я зым пашэ щыхъуагъэнщ Хьэжы-Шэрджэси.

Ибн Хъэлдун и «Тхыдэм» къыхэрыхэщымкIэ, адыгэ хъаныр Бердыбэч и зэманым дзэзешэу щытащ. Бердыбэч дунейм ехыжа нэужь, Хьэжы-Шэрджэс иубыдар Iэщтырхъан и закъуэтэкъым, атIэ Дыщэ Уэрым и щыхьэру щыта Сарай къалэри иIыгъащ абы. Зэрыкъэралу зэрызехьэм зэщIиубыдэу, хъанхэр зыр адрейм пэщIэувэжа иужь, Хьэжы-Шэрджэс ныкъуэкъуэгъу къыхуэхъуат Урыс-хъан. Хьэжы-Шэрджэс бзаджагъэ хурикъуащ абы и дзэхэр Iэщтырхъан бгъэдихужыну, ауэ иужькIэ тепщэгъуэр зыубыда Айбэч-хъан езым Сарай къалэр IэщIигъэкIыжауэ щытащ. Хьэжы-Шэрджэс иIыгъа щIыпIэр IупщIу къыхощ урым дунеяплъэ зэкъуэшхэу Пицигани Доминикрэ Францискрэ ящIауэ щыта картэм. Ар хуозэ Индыл (Волгэм) пэмыжыжьэу щыт Саратов къалэм и ипщэ лъэныкъуэхэм.

Сорокин Евгений «Зэрыхьзэриишхуэм хиубыда Дыщэ Уэрым и хъанхэм ятеухуауэ» лэжьыгъэм щыжеIэ: «Хъан Хьэсэн булгъархэм я деж кIуа иужь, абы и пIэ къиуват Iэщтырхъанрэ абы и Iэгъуэблагъэмрэ зи лъапсэу щыта Хьэжы-Шэрджэс, Сарай къалэри иубыдат. Хьэсэн и ахъшэхэр Сарайм щытрадзэн щыщагъэтар I369 гъэрщ. Абдежым щыщIэдзауэ унафэр Хьэжы-Шэрджэс къыIэрохьэ. Ибн Хъэлдун зэритхымкIэ: «Хьэжы-Шэрджэс Iэщтырхъан дэкIыжу Сарайм Iэпхъуа иужь, Уэр ЩIыхум (Синяя Орда) и хъан Урыс-хъан Хорезм щIыналъэм дзэ къриутIыпщыкIри Iэщтырхъан къригъэувыхьащ. Хьэжы-Шэрджэс езым и дзэзешэхэм яз игъакIуэри, ахэр ирахужьэжащ. Ауэ Айбэч хъан езым къебгъэрыкIуэри, Сарай къалэр трихыжауэ щытащ. Абы иужькIэ езым и лъапсэ, хъанхэм я унафэр зылъэмыIэс Iэщтырхъан дэтIысхьэжри, 1369 - 1380 гъэхэм пщIондэ а щIыпIэр зэрихьащ. ИужькIэ Iэщтырхъан зыIэрыхьар Тохъутэмыщщ».

Дыщэ Уэрым и тхыдэмкIэ нэхъ IэщIагъэлI цIэрыIуэу къалъытэхэм ящыщщ хьэрып тхыдэтх Ибн Хъэлдун, Урысейм щыщ тэтэр тхыдэдж Сафаргалиев Магомет («Дыщэ Уэрыр зэрылъэлъэжар»). Адыгэ-шэрджэсхэм я гугъу щащI дэтхэнэ напэкIуэцIми купщIафIэу топсэлъыхь газетеджэхэм егъэцIыхужын хуэмей, Адыгейм щыщ ди лъэпкъэгъу тхыдэ щIэныгъэлI Хъуэткъуэ Самири. А псоми я лэжьыгъэхэр къэдгъэщхьэпащ мы тхыгъэм дыщелэжьым.

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:

Читать также: