Зыми емыщхь миссис Севидж

ЖьакIэмыхъу КIунэ Джон Патрик и «Странная миссис Сэвидж» пьесэ цIэ­рыIуэм ехъуапсэрт. Ар ди театр утыкум кърихьэну и нэ къыхуикIыу, абыкIэ цIыхуу щыIэм яжриIэфынум къару ­къыхилъхьэу гукIэ зыкъомрэ игъэ­-фIащ. ИтIанэ къищтэри адыгэбзэ ищIащ. Адыгэ театрым и уна­фэщI ­Пащты Иринэрэ и режиссёр нэхъыщхьэ Шыбзыхъуэ Басиррэ я пащхьэ ирилъхьащ. А тIум ар режиссёр Дэба­гъуэ Роман IэщIалъхьэжри… театреплъ­хэр    ди джэгуакIуэфIхэм дыкъагъэфIащ иджыблагъэ! Роль нэхъыщхьэр зыгъэзэщIа ди театр Гуащэм нобэ цIыхуу щыIэм зыдэдмылъагъужу тфIэкIуэд ­лъапIагъэр - ЦIыхугъэр - театр утыкум къы­щытхуишиижащ. Игу зэгъа? Зэ­гъащ. Утыкум кърихьа образым пкърылъщ гуащIэ, ар КIунэ хуэдэу зыхозыгъэщIэн актрисэ куэд щыIэу фIэщщIыгъуейщ. Спектаклыр репертуарым щIэх хамыхыну дыщогугъ.

Акъылымрэ псэмрэ я зэдауэ

Джон Патрик «Зыми емыщхь миссис Севидж» пьесэр щитхар 1950 гъэрщ. Ар урысыбзэ зэращIу (1960 гъэм) театрхэм япхъуэтащ, ди къэралым хыхьэ лъэпкъ­хэм я бзэкIэ зэрадзэкIым - ягъэувурэ цIэрыIуи хъуащ. И щэхур сытыт? Ахъ­шэ­рыбжэ цIыху акъылымрэ гурыщIэхуэлIэ псэмрэ я зэхуакум дэлъ зэныкъуэкъурщ. Сыт зэманми. Зэпекъуу. Акъылыр те­кIуэ­мэ, цIыхупсэр бохъшэшхуэ мэхъу, псэр текIуэмэ - акъылыр ЦIыхугъэм хуолажьэ. А тIум я зэдауэр зыгъэлъагъуэ пьесэфI­хэм гъащIэ яIэщ. Дэбагъуэ Роман адыгэ театрым мы пьесэр хуигъэуву къы­щыт­щIэм, театреплъхэр дыгуфIащ. ЗэIусэм псэ къыIуигъакIэу Кавказ Ищхъэрэм и ­режиссёр нэхъ лъэщ дыдэхэм ящыщ зым и лэжьыгъэщIэм ущымыгуфIыкIыпIэр иIэт?! Зэман мащIэ дыдэм къриубыдэу абы утыку къищIар нэхъ гуапэу икIи гурыхьу си щхьэкIэ къысщыхъуащ, Урысейм и театрышхуэхэм ар зэрыщагъэу­-вам еслъытри. А спетаклхэм я дагъуэхэр зэхуэмыдэми, нэхъыщхьэ дыдэм ущхьэщаш. Зым я фащэхэр ямылейуэ щхъуэ­кIэплъыкIэщи, нэм къыщIоцIууэ, джэ­гуакIуэфIхэм ягъэлъагъуэр фIэщщIы­гъуей пщащIу. Адрейм я макъамэр нобэ ятх цIрухэм ящыщщи, абы бжьыпэр еубыд, утыкум къыщыхъур зыхыуимы­гъащIэу. НэгъуэщI зым джэгуакIуэхэр щыдрипсырийщ, ахэр щыпсэу унэм «ПсэупIэ тыншкIэ» уеджэ мыхъуну. «Теплъэрыджэгу-купщIэщIэх» къэIуэтэкIэр нэхъ зыфIэфI щыIэми, итIани, мы спектаклым макъамэ щIэзыгъэува Уэркъуасэ Артур журналист КъуэщIысокъуэ Марья­-нэ жриIам сыкъыщеджам, щIалэр сигу ­къипсэлъыкIауэ къыщIэкIащ: «Джон Пат­рик и пьесэр «комедия положений» жы­хуиIэм хуэдэу режиссёрхэм щагъэув щыIэщ - узыгъэгупсысэм нэхърэ узыгъэ­ды­хьэ­ш­хыр, нэм къыфIэнэр нэхъыбэу. Сэ Дэба­гъуэм и еплъыкIэр нэхъ сфIэфIщ - ап­хуэдэут сэ езым си нэгу къызэрыщIэувэр пьесэм хэтхэр. Абы къыхэкIыу, макъамэри къыщыслъыхъуэнур сэркIэ занщIэу на­Iуэт». Артур къыхиха макъамэхэм (Шопен Ф., Десплэ А., Дадли Э. сымэ ятхахэм) ­куууэ зыхыуагъащIэ «псэупIэ тынш» зиIэ цIыху гумащIэхэм я щхьэ кърикIуар.
 
 Мылъкур пщэдджыжь уэсэпсщ…

Миссис Севидж мылъкушхуэ зыбгъэ­дэлъ цIыхубзщ, дызыхэт дуней хьэзэ­рышхым хэмызэгъауэ. Абы хуэмыщIахэм псапэ зэрахуилэжьыр, ахъшэ зэратригъэкIуадэр и мылъху бын щыкIахэм къагурыIуакъым. Анэм и щхьэр зэIыхьа я ­гугъэу, хэзэрыхьыжахэм щеIэзэ унэм ират, а псом ищIыIужкIи абы и мылъкур къыIэщIагъэкIыну яужь йохьэ. Нэпсеягъэм и гъэрыпIэм ихуа бынхэм ущеплъкIэ укъагъэуIэбжь, хэзэрыхьыжар ахэрауэ пфIэщIу. Анэм ар гущIыхьэ щыхъуу жеIэ: «Мыбыхэм умыбзаджэу уадекIуэкIыфынукъым. Сэ сыкъогубжь, зыгуэр яжы­зо­Iэ­ри… сросымэджэж»... Дуней фIыгъуэр зыб­гъэдэлъ цIыхубзым и псэм псэхупIэ щигъуэтыр а и бынхэр зыхэт гъащIэ хьэ­рэмыпсэ-нэпсейракъым, атIэ ахъшэми бохъшэми къару лъэпкъ щамыIэ, къабзагъэм и дуней хейрщ, «псэупIэ тыншырщ».

«Миссис Севидж и ролымкIэ цIыхум яжесIэн сиIэт!»

ЖьакIэмыхъу КIунэ мы пьесэм щIе­хъуэпсар къызгурыIуэрт, итIани, дэтхэнэ зы журналистми зэрихабзэу, ар щыIэу ­хъуам къащIыхихамкIэ сеупщIати, мыращ жэуапу къызитар:
«Нобэ ди нэгу щIэкI гъащIэ гугъур, ди гупсысэ зэхэтхъуахэр, пщэдей нэху дыкъызыхуекIыну хъыбарыр дымыщIэу ди пщIыхьхэр къэзыгъаскIэ гукъеуэхэр куэд мэхъу. Ахэр къызэузырт сыхуэIэмалын­шэу. Слъагъуу, си гур пыткIукIыу си нэгу щIэкIырт цIыхур дызэрыгужьейр. Ди нэ къыщхьэрипхъуауэ, хэкIыпIэу щыIэм я ­хущхъуэгъуэ тфIэщIу дызыкIэлъыжэ мылъкум щхъухь ди псэм къызэрыри­-дзыр зыхэсщIащэрт. Псэр зыузэщI напэр, гулъытэр, гумащIагъэр зэрытфIигъэ­кIуэ­дыр слъагъурт. Зы унагъуэм исхэр зэхуэ­хамэ хъуми, зыми игъэщIэгъуэжыркъым. Ярэби, дауэ цIыхухэм зыхезгъэщIэн мы си гурыгъуз къомыр, жысIэу сыгупсысэурэ, пьесэр къысIэщIыхьащ. Нобэ цIыхуу щы­Iэр дызыхуэныкъуэу хъуар къыдгурегъа­-Iуэ мыбы. Аращ сыщIехъуэпсар. Театр утыкур къэзгъэсэбэпу, миссис Севидж и ролымкIэ сэ цIыхум яжесIэн сиIэт. Ар си иужьрей ролми хэт ищIэн…»

Iупхъуэм адэкIи… «зыми емыщхь КIунэ» къыщонэху

Зэман кIэщIым къриубыдэу спектакль гугъур гунэсу зыгъэува Дэбагъуэ Роман сыщепсалъэм, сэ гу лъыстащ декорацэ дахэм, сурэтыщIыр зэрыIэзэм, зэдзэ­кIа­кIуэм адыгэбзэ дахэ джэгуакIуэхэм зэраIурилъхьам, артистхэр хуэфащэу къызэрыхахам (ахэр Быдэ Хьэсэн, Тэмазэ Лиуан, Мысостышхуэ Маринэ, КIэхумахуэ ФатIимэ, Хьэмырзэ Ахьмэд, Гуэщокъуэ Регинэ, Багъ Иннэ, МафIэдз Заирэ, Блашэ Им­-ран, Хьэщхъуэжь Ислъам сымэщ), ахэр псори дахэу, гумрэ псэмрэ дыхьэу зэ­рыджэгуам, щхьэж и ролыр IупщIу ди нэгу къызэрыщIагъэувам, нэгъуэщI Iуэху зы­къомми. Ауэ псом я щхьэж къэхъур Жьа­кIэмыхъу КIунэт: гурыхуэу, жьакIуэу. Ар дахэу утыкум иту иджыри илъэс куэдкIэ дигъэгуфIэну сызэрыщыгугъыр щыжесIэм, Дэбагъуэм мыр жэуапу къызитащ: «КIунэ удэлэжьэну насыпышхуэщ. Артистхэмрэ режиссёрымрэ ди Iуэхум куэд хэлъщ: гугъу уезыгъэхь, жыпIэр къызыгурымыIуэ, уи Iуэху еплъыкIэр къы­зыхуэмыщтэ, зыкъызыфIэщIыжа, лэжьэну хуэмей, зи Iэзагъым хэзыгъэхъуэну хуэщхьэх… куэдым уарохьэлIэ. Сэ згъэщIагъуэр КIунэ и Iуэху бгъэдыхьэкIэрщ. Ар цIэрыIуэуи, и лэжьыгъэм Iэзагъэ хуиIэуи, уэр нэхърэ нэхъыжьуи зыкъуигъащIэркъым. Дыгъуасэ лэжьакIуэ къэкIуам хуэдэу, жыпIэу хъуар и щIэщыгъуэу зыщIешэ, сыт хуэдэ къалэнми и гур хы­хьэу йолэжь, зрегъэлIалIэ, Iуэху еп­лъы­кIэщIэ гуэр къыбдилъагъумэ утрегъэгушхуэ, къикIуэт иIэкъым. Артистышхуэ­-хэм я щэн псори хэлъщ абы. Сэ си нэ къы­хуокI лэ­жьыгъэ нэхъыбэ ЖьакIэмыхъу КIунэ дэс­щIэну, апхуэдэ къысхуимыхуэми, ар ла­жьэу ди утыкум иту слъагъуну!»

ДжэгуакIуэмрэ
театреплъымрэ

Спектаклым хэт дохутыр Эммет егъэ­щIагъуэ Севидж дуней хуитым нэхърэ «псэупIэ тыншыр» нэхъ къызэрыхихыр икIи жреIэ: «Ущымыуэ. Мыбы щыпсэухэр зыхэтыр нэкъыфIэщI дунейщи, уэ къып­хуэныкъуэкъым. УкъызыхэкIа дунейращ акъылыншагъи, напэншагъи, бзаджагъи зэбэкIыр, хэзэрыхьыжахэм ейуэ къы­щIэ­кIыр. Уэ пхуэдэ цIыхуфI хуэныкъуэр ахэ­ращи, гъэзэжи ядэIэпыкъу».
ДжэгуакIуэр нэкъыфIэщI дунейм що­джэгу, театреплъыр абы щопсэу спектаклыр екIуэкIыху... ДжэгуакIуэм и псэм зепхъэх, театреплъым ейм зеукъэбз.
Псэм и гуащIэр зытымрэ ар къеIы­зы­хымрэ зэхуэарэзыщи, Iэгуауэр я зэхуакум щозу.

АБРОКЪУЭ  Беллэ.

Поделиться: