Тадж-Махал

Тадж-Махал – Агрэ къалэм и мавзолей-мэжджытщ, ар Iутщ Джамнэ псы Iуфэм. Ар ящыщщ дуней псом архитектурэ телъыджэу къыщалъыта ухуэныгъэхэм.

 

А щIыпIэхэм я тету щыта Шах-Джахан и ещанэ щхьэгъусэ Мумтаз-Махал  папщIэ иригъэухуауэ щытащ ар.  Зэщхьэгъусэхэм я бын 14-р дунейм къыщытехьэм цIыхубзыр лъхугъэм зэрилIыкIар гущIыхьэ зыщыхъуа падишахым зы жэщым и кIуэцIкIэ абы и щхьэцыр тхъуауэ, илъэс бжыгъэкIэ и щхьэгъусэм хуэщыгъуауэ жаIэж. 1631 гъэм ирагъэжьащ Тадж-Махал ухуэныгъэр.

 

Тагор Рабиндранат Тадж-Махал папщIэ итхауэ щытащ ар налкъутналмэс псоми зэрефIэкIыр Кипплинг Редъярд – «къабзагъэм и дамыгъэу», ар езыгъэухуа Шах-Джахан «дыгъэмрэ мазэмрэ я нэпсхэу» къалъытащмы унэ дахэр. Гъэ къэси абы цIыхушхуэ зыплъыхьакIуэ макIуэ, Агрэ щыпсэухэм нэхърэ тIукIэ нэхъыбэу. 

Гъэм и сыт хуэдэ зэманми а фэеплъыр удэзыхьэхщ. Куэдым ягу дохьэ Тадж-Махал, псом хуэмыдэу жэпуэгъуэ пщыхьэщхьэ уэфIхэм. ЖыпIэнурамэ, гъэм и сыт хуэдэ зэманми, махуэм и дэтхэнэ сыхьэтми ар яфIэтелъыджэщ. Абы и теплъэр зэм тхьэмбылыфэ, зэм дыщафэ, зэми морафэ мэхъу.

Ухуэныгъэ нэхъыщхьэр илъэсийм и кIуэцIкIэ ящIащ, Индием, Къэжэрым, Азием, Европэм, Уэсмэн къэралыгъуэм щыщ ухуакIуэ мин 20-м нэблагъэм. Тадж-Махалыр яухуэн папщIэ илъэс 12 зэпамыгъэууэ лэжьащ, Къэжэрым, Багдад, Италием, Франджым щыщ архитекторхэмрэ IэпщIэлъапщIэхэмрэ.

 Ар и кIэм щынагъэсар 1653 гъэрщ. Шах-Джахан 1666 гъэм дунейм ехыжа нэужь, и щхьэгъусэм пэгъунэгъуу абы щыщIалъхьэжащ.

1983 гъэм Тадж-Махал хагъэхьащ ЮНЕСКО-м и дунейпсо хъугъуэфIыгъуэхэм. XX-нэ лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэхэм ухуэныгъэр къагъэщIэрэщIэжащ.

«Уардэунэхэм я таж» - аращ Тадж-Махал жиIэм къикIыр.

 

 

 

 

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: