Гум мафIэр щIэзыгъанэ

 Адыгэ къафэр дахэу щытынымкIэ, ар нэхъри ефIэкIуэнымкIэ мыхьэнэшхуэ яIэщ къызэрыфэ пшыналъэхэм. ЩIэныгъэлI, адыгэ гъуазджэм и зыужьыныгъэм куэд хэзылъхьа КъардэнгъущI Зырамыку зэрыжиIэмкIэ, макъамэр япэщ, къэфэныр етIуанэщ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, макъамэр анэщ, къэфэныр бынщ. Дауи, уризэдауэ хъунущ япэу къэхъуамкIэ – джэдра хьэмэрэ джэдыкIэра?

  Сыт хуэдэу щытми, дахэу къэфэныр зэлъытар пшыналъэм и дахагъырщ. Апхуэдэу пшыналъэхэр ухуащ щIэдзапIэрэ кIэухрэ зиIэ макъамэ нэгъэсауэ. Абыхэм я нэхъыбэр къэзыгъэщIари цIыхубэрщ. Куэдрэ урохьэлIэ а макъамэхэр нэхъапэу щыIуа щIыпIэм, щызэхаха къуажэм зэреджэр езы пшыналъэхэми цIэуэ къахуэнэжу. Апхуэдэхэщ, къапщтэмэ, «Къулъкъужын къафэ», «Мэздэгу къафэ», «Жанхъуэтхьэблэ къафэ», «Шэрджэс къафэ» жыхуэтIэхэр, нэгъуэщIхэри. Къафэхэм щыфIащ щыIэщ пшынауэхэм я цIэхэри. Псалъэм и хьэтыркIэ: «Къашыргъэ КIурацэ и къафэ», «ПщыхьэщIэ Мухьэжыр и къафэ», «Къуэдз Iэбубэчыр и къафэ», «Танэ КIуарирэ и къафэ», «Иуан Блицэ и къафэ», «Къэжэр Индрис и къафэ». Адыгэ композиторхэм, уэрэдусхэм зэхалъхьэ макъамэхэм я нэхъыбэр къызэрыфэ пшыналъэм йокIуалIэ, укъыдэфэ мэхъу.

  «Адыгэхэм нэхъапэм макъамэ Iэмэпсымэу яIар шыкIэпшынэ, пхъэцIыч, бжьамий, къамыл хуэдэхэрщ. Нэхъ иужькIэ къэхъуащ пшынэ дыкъуакъуэр, нэхъ иужьыжкIэ къагъэсэбэп хъуащ Iэпэ пшынэр, бэрэбаныр. Нобэ адыгэхэр нэхъыбэу зэуэр Iэпэ пшынэрщ, къэзан пшынэр лъабжьэ зыхуэхъуарщ. Пэжу, нэхъапэм щыIащ адыгэ Iэпэ пшынэкIэ зэджэр. Ар мыин дыдэми, макъ гуакIуэ къызэрыкI пшынэ хьэлэмэтт, - щыжеIэ къафэм теухуа и тхыгъэм КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист Уэрыш Нурхьэлий. -  Иужьрей илъэсхэм адыгэ джэгухэм мыхьэнэ ират хъужащ, щIалэгъуалэр жыджэру утыкум итщ. Ар IуэхуфIщ, ауэ мыбы зы «ауэ» хэлъщ. Ахэр адыгэ джэгу хуэдэу къытщыхъуми, ди адыгэ къэфэкIэркъым абыхэм нэхъыбэу щагъэлъагъуэр. Ахэр зэщхьыр мышкъыш, шэшэн къэфэкIэрщ.

  Пэжщ, цIыхум и гъащIэр йофIакIуэ, абы и псэукIэм зеужь, и акъылым, и щIэныгъэм хохъуэ. Ауэ сытым дежи ахэр адыгэу къэнэжын хуейщ. Абы къыхэкIыу ди адыгэ къафэхэми къагъэлъэгъуапхъэщ лъэпкъым и хьэл-щэныр, гъащIэ еплъыкIэр, зэхэтыкIэр, нэмысыр, и IуэхущIафэхэр, нэгъуэщIхэри».

   Лъэпкъ гъуазджэм зегъэужьыным хэлъхьэныгъэфI хуэзыщIа ХьэхъупащIэ Хьэжбэчыр къафэм теухуауэ мыпхуэдэу итхащ: «Адыгэ къафэр дахэ дыдэщ, хореографическэ теплъэ гъэхуа зиIэщ, гум мафIэр щIэзыгъанэ, нэжэгужагъэ зыпкърылъщ, купщIэшхуи зыкIуэцIылъщ».

       

Тхьэхущынэ Ланэ.
Поделиться: