Дэнэ хъугъуэфIыгъуэхэр зыдэкIуар?

 1945 гъэм щIышылэм и 2-м Порт-Артур щекIуэкIащ абы и япон гарнизоным и парад. Апхуэдэ щIыкIэкIэ ягъэлъэпIащ быдапIэр зэраIэрыхьэрэ илъэс 40 зэрырикъуар.   Абы и комендант генерал Отэ зэхыхьэм кIыхьу къыщыпсэлъащ. КIэухыу жиIащ, сыт хуэдиз лIыгъэрэ хахуагъэрэ яхэлъами, самурайхэм я закъуэкIэ мыр къащтэфыну зэрыщымытар: «Абы къыдэкIуэу генерал Ногэрэ урыс генерал Стессельрэ  зэхэщIыкIрэ пэжыгъэрэ яку дэлъыни хуейт».

АрдыдэмкIэ зиумысыжащ епцIыжакIуэм бийм быдапIэр зэрырищамкIэ.

 1898 гъэм гъатхэпэм и 15-м зэращIылIа  зэгурыIуэныгъэм ипкъ иткIэ, Китайм  Урысейм илъэс 25-кIэ  бэджэнду Порт-Артур къритырт. А пIалъэр иужькIи ягъэIэпхъуэ хъунут. Мыгувэу ар империем КъуэкIыпIэ  Жыжьэм щыIэ и дзэ флот нэхъыщхьэ хъуащ. Ауэ куэдрэ щытакъым: Урыс-япон зауэм зэрыщIидзэрэ махуэ 329-рэ хъуауэ икIи  къызэрахъуреихьрэ  махуи 157-рэ ирикъуауэ, 1904 гъэм дыгъэгъазэм и 23-м быдапIэр яубыдащ.

Порт-Артур къалэнышхуэ щигъэзэщIащ зи гугъу тщIы зауэм. Урыс Маньчурия армэр псынщIэу зэхикъутэну японхэм яIа мурадыр къызэпыудащ мыбдеж къаруушхуэ (цIыху мин 200-м нэс) щаIыгъын хуей зэрыхъуам къыхэкIыу. БыдапIэм къыщебгъэрыкIуэм бийм укIыгъэу, уIэгъэу зауэлI мини 112-рэ, кхъухь 15 фIэкIуэдащ, 16-р ныкъуэкъутэ хъуащ. Урысхэм хэщIыныгъэу ягъуэтар цIыху мин 27-рэт. Лъыр къапыжу зэуахэщ: зэрыпхъуакIуэхэм яхэуэрт топ 610-рэ, топышэу мин 200 яIэт, гъэтIылъыпIэхэм хьэжыгъэ пут мин 50, нэгъуэщI ерыскъыхэкI куэд щIэлът, Iэмал имыIэжмэ яшхыну яукIыфынут шы мини 3-м нэс. Японхэр иджыри мыбы куэдрэ къеныкъуэкъун хуей хъуну къыщIэкIынут. Ауэ псори зэуэ къэлъэлъащ.

БыдапIэр бийм етыным теухуа  унафэм Iэ щIэзыдзар генерал-лейтенант Стессель Алексейт. Абы щыгъуэми, тедзапIэм и псэуалъэхэри иригъэкъутакъым, топхэри топышэхэри дригъэшакъым. Зэрызитым теухуа дэфтэрым къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, бийм Iэрыхьэн хуейт кхъухьхэри, Iэщэхэри, гъэтIылъыпIэхэу щэхэр, электростанцыр, мафIэгухэр щащIыж лъэщапIэр, фIамыщI гъэтIылъыгъэхэр, кхъухь 50. Абы къыдэкIуэу псори гъэр ящIынут.

 ИужькIэщ 1904 гъэм дыгъэгъазэм и 19-м Стессель зитыну зэрыхьэзырымкIэ япон генералхэм щэхуу хъыбар зэрыригъэщIар наIуэ щыхъуар. Модрейхэм ар хуабжьу ягъэщIэгъуащ: шэч къытрахьэртэкъым урысхэр иджыри, я нэхъ мащIэрамэ, мазитIым  нэскIэ зэрызэуэнум.

Япэ рангым и капитан Цунодэ Порт-Артур къыщыкIуам генералым абы жриIащ урыс гъэрхэм я бжыгъэр мини 10-м щIимыгъуну. АрщхьэкIэ 1905 гъэм щIышылэм и 8-м ахэр мин 43-м щыщIигъуам Цунодэ телъыджащэ щыхъуат.

 Сытыт атIэ Стессель езыхужьар? КъызэрыщIэкIымкIэ, абы щхьэусыгъуэ иIэт.

Илъэси 3 и пэкIэ бригадэм и Iэтащхьэ генерал Стессель хэтат зыкъэзыIэта китайхэр зэтезыгъэсабырыжахэм. Абы и унафэм щIэтахэм китай императорхэм я унэ уардэр къарукIэ къащтащ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, абы щIэлъ хъугъуэфIыгъуэ къомыр къаIэрыхьащ. ЗэрылъапIэм я мызакъуэу, абыхэм ящыщхэр лъэпкъ къулеигъэу ябжырт. Псори дыщэ сом мин 800 хуэдиз я уасэнут. Уегупсыс зэрыхъунумкIэ, ахэр зейм иратыжын е къуентхъыу Петербург и Эрмитажым ирагъэшэн хуейт.  АрщхьэкIэ генерал Стессель зи  гугъу тщIахэр Порт-Артур къыдинащ, яхъумэну езым и бригадэм щыщ зауэлIхэр иригъэувалIэри.

1904 гъэм дыгъэгъазэм и 21-м и жэщым китай лъэпкъым и хъугъуэфIыгъуэхэр зыщIэлъ гъэтIылъыпIэм екIуэлIащ шыгу 38-рэ. Штабс-капитан Стессель Алесандр (генералым и  къуэ)   и унафэм щIэту абыхэм ирагъэуващ дыщэхэкIхэр зэрылъ ашычхэр. Куэбжэм Iухьа иужь ахэр къагъэувыIащ япон къэрэгъулхэм. Офицерым яригъэлъэгъуащ езы генерал Ногэ Iэ зыщIидза тхылъымпIэр: абы къыщыгъэлъэгъуат «и уней мылъкур дишыну» Стессель хуит зэрищIар. Куэбжэр Iуахащ. Абдеж тхыдэм щыхэкIуэдащ хъугъуэфIыгъуэхэм я лъэужьыр.

Генерал Стессель и Iуэхум щыхэплъащ Дзэ суд нэхъыщхьэм. Ягъэкъуаншэт Урысейр  игъэпуду гарнизоныр зэритамкIи, гъэрхэм гъусэ захуимыщIу зэрыщIэпхъуэжамкIи. Абыхэм къадэкIуэу Порт-Артур  дэкIмэ, езым и деж кIуэн хуейуэ Маньчужурие армэм и Iэтащхьэм къыхуищIа унафэр игъэзэщIатэкъым.

Ауэ абы ар   хузэфIэкIынутэкъым: дыщэ сом мин 800 и уасэ мылъкур къэбгъанэ хъунт?! АкъылыфIэ дыдэу къыщIэкIа и щхьэгъусэм          зэригъэпэща сом мин 200-ри (быдапIэм яшэхэр ищэурэ) хэплъхьэжмэ, ахъшэр мелуан хъурей ирикъурт. Стессель Порт-Артур езым и IупэфIэгъухэм ярита къудейтэкъым, атIэ икIи Япониер, США-р, Европэр къызэпиущIри, къекIуэлIэжат. Абы и унафэм щIэта зауэлI минипщIхэр а зэманым гъэрхэм я сатыр кIэ зимыIэжхэм яхэту кIуэрт ныкъуэс хъуа  фащэ фIейхэр ящыгъыу.

 ГъэщIэгъуэнщ, ауэ хъугъуэфIыгъуэхэм я гугъу судым щащIыхакъым.

I908 гъэм мазаем и 8-м дамыгъэхэри дамэтелъхэри трахри, Стессель и   судыр укIкIэ ящIащ, арщхьэкIэ иужькIэ ар илъэсипщIкIэ лъэхъуэщым  исын тезыркIэ зэрахъуэкIащ, икIэм-икIэжым, пащтыхь Николай ЕтIуанэм и унафэкIэ I909 гъэм накъыгъэм и 6-м хуит къащIыжащ.

 Китай императорхэм къащIэна къулеигъэхэр здэкIуар къахуэгъуэтакъым, «Колчак и дыщэми» хуэдэу. Ауэ ахэр дыщэ къудейтэкъым, атIэ  пасэрей Китайм и IэщIагъэлIхэм я Iэдакъэм къыщIэкIа  хьэкъущыкъухэт, кхъуэщынхэт, зэрышхэ Iэмэпсымэхэт, къызыхэщIыкIари абы и закъуэтэкъым, кIэщIу жыпIэмэ, лъэпкъым и къулеигъэт.

 Зауэр иуха иужь пащтыхь гуащэ Цыси  и блыгущIэтхэм хъугъуэфIыгъуэхэр къалъыхъуэу щIадзащ. Японхэм зытрагъэхьакъым: «Урысейм феупщI»! Петербург икIри, Пекин мыпхуэдэ жэуап кIуащ: «Китай  империем и дыщэр Урысейм къашакъым, езы фIыгъуэхэр I902  гъэм ятхауэ икIи ашычхэм иралъхьауэ щытами». Стессель проценткIэ лэжьа IуэхутхьэбзащIэ къудейуи щытауэ къыщIэкIынкIэ зэрыхъунури Iуэхум хэлъщ, арщхьэкIэ ар и пэжыпIэкIэ зыIэрыхьахэр иджыри къыздэсым къахуэщIакъым.

 Мыри гъэщIэгъуэнщ: Япэ  дунейпсо зауэр  къэблэгъауэ, США-м и аукционхэм ящэу щыщIадзащ дыщэм къыхэщIыкIауэ Китайм щащIа хьэпшыпхэр…

                            

Махъшокъуэ Мухьэмэд.
Поделиться:

Читать также: