Щэнхабзэм и лэжьакIуэхэм я махуэм теухуауэ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и хъуэхъу

Къэбэрдей-Балъкъэрым и щэнхабзэм и лэжьакIуэхэу пщIэ зыхуэсщIхэ!
Сигуми си псэми къабгъэдэкIыу фи IэщIагъэм ирилажьэхэм я махуэмкIэ сынывохъуэхъу. 
Мыхьэнэшхуэ зиIэ а IэщIагъэм пэрыт фэ сыт щыгъуи пщIэшхуэ щывиIащ икIи щывиIэщ жылагъуэм я деж. 
Библиотекэм, театрым, щэнхабзэмкIэ унэм, музейм - дэнэ фыщылажьэми, фщыщ дэтхэнэми фIыщIэ ин хузощI. Фэ тхыдэ, щэнхабзэ, псэкупсэ щIэину къытхуэнар хъумэным хуэфщI хэлъ­хьэныгъэм уасэ хуэщIыгъуейщ, ди лъэпкъхэм я бзэм зегъэужьы­ным, къыдэкIуэтей щIэблэр хэкупсэу гъэсэным, къыщалъхуа Хэкур фIыуэ егъэлъагъуным, цIыхубэр зэкъуэгъэувэным ехьэлIауэ фэ евгъэкIуэкI лэжьыгъэр къызэрымыкIуэу инщ. 
Быдэу си фIэщ мэхъу фи Iэзагъыр, зэчийр, Iуэхум фызэрыхуэпабгъэр Урысейм ис лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэ куэдым я псэкупсэ хъугъуэфIыгъуэхэмрэ щэнхабзэ дахэмрэ хъумэным, ди зэкъуэ­тыныгъэр нэхъри ефIэкIуэным зэрыхуэлажьэр. 
Узыншагъэ быдэ, зэIузэпэщыныгъэ, творческэ къару фиIэну сынывохъуэхъу, Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ ди Хэку инымрэ ­нэ­хъри зэревгъэфIэкIуэн ехъулIэныгъэшхуэхэр дяпэкIи зыIэрывгъэхьэну си гуапэщ.

Поделиться: