Сахарэ

Сахарэр - Африкэ Ищхъэрэм и пшахъуэщIщ. Ар дуней псом и пшахъуэщI нэхъ ин дыдэу къалъытэ. ЩIыпIэм и инагъыр километр зэбгъузэнатIэу мелуани 8,6-рэ мэхъу. НэгъуэщIу жыпIэмэ, абы Африкэм и процент 30-р еубыд.
А пшахъуэщIыр къэралу щытамэ, километр зэбгъузэнатIэ мелуани 8,5-рэ хъу Бразилием ебгъапщэ хъунут. Сахарэм зы псыежэхи щыIэкъым, Нилрэ Нигеррэ къищынэмыщIа.
ПшахъуэщIым япэу и гугъу щащIар ди эрэм ипэ къихуэ лIэщIыгъуэрщ. ХьэрыпыбзэкIэ зэбдзэкIмэ, Сахарэ псалъэм къикIыр пшахъуэщIщ. Япэ къэхутакIуэхэр, щIэныгъэлIхэр, археологхэр пшахъуэщIым щтепсэлъыхьым, а щIыпIэр цIыхум и бийуэ къалъытэрт. Ди эрэм ипэкIэ V лIэщIыгъуэм Геродот и лэжьыгъэхэм пшахъуэщIым и дунейм тепсэлъыхьат, ар зэрымэхъуэпсэгъуэр къыхигъэщу. ИужькIэ Страбон къытеувыIащ пшахъуэщIым щыпсэухэр псым зэрыхуэсакъым. Илъэси100 дэкIа нэужь, Плиний щыхьэт техъуащ нэгъуэщI япэрей къэхутакIуэхэм пшахъуэщIым теухуауэ ятхахэм икIи жиIащ абы псы зэрыщымыIэр, зэзэмызэххэ мыхъумэ уэшхи къызэрыщемышхыр.
Сахарэм и гъунапкъэхэм я гугъу пщIымэ, ар пэгъунэгъущ Алжир, Мысырым, Ливием, Мавританием, Мали, Мароккэ, Нигер, Судан, Тунис, Чад щIыналъэхэм.
    Сахарэм и хьэуар зыхуэбгъадэ хъун щымыIэу гъущэщ икIи пщтырщ. Абы и уафэм пшэ темылъ щхьэкIэ къащхъуэкъым, зэпымыууэ сабэщи. ЯпэщIыкIэ пшахъуэр градус 70-кIэ къохуабэри, пщыхьэщхьэм мэупщIыIуж. Бадзэуэгъуэр къапщтэмэ, ику иту абы хуабэу градус 35-рэ щыIэщ. Хьэуар зэрыгъущэмрэ егъэлеяуэ зэрыхуабэмрэ къыхэкIыу пшахъуэщIым ущыпсэуну е ущыIэну хьэлъэщ. Дыгъэгъазэм щыщIэдзауэ мазае пщIондэ абы щыIэщ «Сахарэ щIымахуэр». Гъэ псор къапщтэмэ, абы щыгъуэм дунейр нэхъ жьыщIэхущ, махуэм хуабэр градусыр 25-м нэс щыдэкIуейми. Языныкъуэхэм деж уэс къыщеси щыIэщ.
Сахарэм и щIыр пшахъуэ защIэу къафIэщIми, бгылъэ щIыпIэхэри абы щымащIэкъым, километри 3-м нэс я лъагагъыу. Апхуэдэу къэкIыгъэ къыщымыкI мывалъэ щIыпIэхэри щыIэщ. Аращ махъшэхэр зезыхуэхэр нэхъыбэу къыщыувыIэри. Махъшэхэм къищынэмыщIауэ, а щIыпIэм мэлхэр, антилопэхэр щагъэхъу. Абы тхьэкIумэкIыхьхэм, бажэхэм, джэдухэм, блэхэм, нэгъуэщI псэущхьэхэм уащрохьэлIэ. Сахарэм къуацэ-чыцэхэр, удзхэр, жыгхэр къыщокI, псыежэххэм пэгъунэгъуу. А щIыпIэм джипкIэ мыхъумэ, нэгъуэщI машинэкIэ укIуэфынукъым.
Сахарэ пшахъуэщIым и теплъэ дахэм кино тезыххэм гу лъамытэу къэнакъым. Тунисым и Iэгъуэблагъэм фильм зыбжанэ щытрахащ. Апхуэдэхэщ «Под покровом небес» (1990), «Секрет Сахары» (1988), «Башня перворожденного» (2000), «Как хороши белые люди!» (1988), «Иштар» (1987), «Холм» (1965), «Полет Феникса» (1965), «Сахара» (2005), «Профессия: репортер» (1975), «Легионеры» (1977), «Легенда о былом» (1957), «Форт Саган» (1984), «Ужас на глубине 9 миль» (2009), «Джинны» (20I0), «Астерикс и сюрпризы Цезаря» (1985), «Сто тысяч долларов на солнце» (I964), «Код 46» (2003), «Сады Аллаха» (1936), нэгъуэщIхэри.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: