Сабий фэилъхьэгъуэхэм яхуэгъэпсат

Налшык дэт НыбжьыщIэ театрым  иджыблагъэ  щекIуэкIащ «RT-fashion day»  модэм и зэхыхьэ дахэ. «ЛъыщIэж Рузаннэ творчествэмкIэ и студие» къалэн куэд  щагъэзащIэ IуэхущIапIэм  илъэс къэс  мыпхуэдэ фестиваль Кавказ Ищхъэрэм  къыщызэрегъэпэщ.

         Сабий псори  пасэу балигъ хъуным щIохъуэпс,  а махуэм утыкум къраша  цIыкIухэр  модэм илъэс куэд щIауэ хэт фIэкIа умыщIэну зыкъагъэлъагъуэрт,  ахэр   зыхэт Iуэхур зэрафIэфI  дыдэр IупщIу.

         ЛъыщIэж  Рузаннэ и студиер зэрылажьэрэ илъэс 13 мэхъури, а пIалъэм къриубыдэу зыужьыныгъэ ин ягъуэтащ. Зэхыхьэр къызэзыгъэпэщахэм къалэн  нэхъыщхьэу зыхуагъэувыжыр  сабий куэдым я хъуэпсапIэр гъащIэм  хапщэнырщ, абыхэм я зэфIэкIым  зрагъэужьынымкIэ ядэIэпыкъунырщ, а IуэхумкIэ урысейпсо, дунейпсо утыку ихьэнухэм  защIэгъэкъуэнырщ. Нэхъыщхьэращи, абыхэм гушхуэныгъэ яхэлъу, ерыщу я мурадым хуэкIуэу ягъасэ.

         Къалэн куэд щагъэзащIэ центрым  кином макъ  щIэлъхьэнымрэ  зэдзэкIынымкIэ  школхэр, моделхэм я школ, уи узыншагъэ уегугъунымкIэ дерсхэр, художествэмкIэ, къафэмкIэ школхэр, нэгъуэщIхэри хэтщ.

         Краснодар къикIа дизайнер  Слинько Евгение и IэдакъэщIэкIхэмкIэ къызэIуахащ зэхыхьэр.  Абы и нысащIэ фащэхэм куэд ятхьэкъуат. Евгение зэрыжиIамкIэ,  нысащIэ фащэ идыну  игу къыщыкIар и ныбжьэгъухэм я хьэгъуэлIыгъуэхэм хэта иужьщ. Гуимыхужщ  мыщIэ зэмыфэгъукIэ хэдыкIауэ  абы фащэм хуида  бгырыпх щIэращIэр!

         Абы иужь ягъэлъэгъуащ Налшык щыщ  Унэжокъуэ Маринэ «Кrutella» зыфIища  и  брендым хыхьэ  фэилъхьэгъуэхэр.  2017 гъэм  иубзыхуа брендым щIэупщIэ иIэщ. Маринэ мы зэхыхьэм илъэс къэси кърагъэблагъэ.

         Къэрэшей-Шэрджэсым щыщ  Къардэн Альбинэ и  «Bisha» брендыр  2016  гъэм  иригъэжьащ.  Абы и сабий щыгъынхэр дахэ къудейкъым, атIэ  цIыкIухэм дежкIэ  тыншу, зехьэгъуафIэу щIащ. Абы елъытауэ Тырныауз щыщ Виноградовэ  Владленэ  и «LadaSweet» брендыр щIалэ дыдэщ. Бзылъхугъэм жеIэ сабий щыгъынхэр дын зэрыщIидзар езым  и цIыкIухэм зэрафIыщIэр. А щыгъынхэр адрейхэм къахегъэщхьэхукI  IэкIэ сурэт зэрытещIыхьам. Щыгъыным и щIыкIэр къэгупсысыным щегъэжьауэ  лэжьыгъэр псори зыщIэр  Владленэщ. Осетие Ипщэм щыщ Бекоев Хох и «Bekoev Kollection» брендым щыщ щыгъынхэмкIэ зэхуащIыжащ гъэлъэгъуэныгъэр. 2017 гъэм щыщIэдзауэ Хох и фэилъхьэгъуэхэр Урысеймрэ КъуэкIыпIэ Гъунэгъумрэ модэмкIэ гъэлъэгъуэныгъэхэм  хэтщ.

         Мы зэхыхьэм щытекIуэм Iэмал иIэщ Москва модэмкIэ гъэлъэгъуэныгъэм хэтыну.   

         КъызэгъэпэщакIуэхэм илъэсищ хъуауэ зызыхуагъэхьэзыр «Киношкола RT» иджыблагъэ КъБР-м къызэрыщызэIуахар  абы щыжаIащ.

         - Илъэс зыбжанэ хъуауэ щыгъын дынымкIэ, къэгупсысынымкIэ зэфIэкI зиIэхэм загъэлъэгъуэну Iэмал ядот, - жеIэ ЛъыщIэж Рузаннэ. - Сэ  сыщыцIыкIум гупжьей зэмылIэужьыгъуэхэм сыкIуэну, си зэфIэкI сеплъыну сехъуапсэрт, ауэ апхуэдэ Iэмал згъуэтакъым. Иджы къыщIэздзэжыну кIасэщ, ауэ   абы и лъэныкъуэкIэ нэгъуэщIхэм сазэрыдэIэпыкъуфынур къызгурыIуэри, мы IуэхущIапIэр къызэзгъэпэщащ. Сабийхэм  яхэлъ зэфIэкIым зедгъэужьынырщ  псори зытеухуэжар. 

         Мыгъэрей фестивалым  хагъэхьащ сурэттех АфIэунэ Залинэ къалъхуагъащIэхэм ятриха сурэт  дахащэхэр, сурэтыщIхэу  Мыдхэ Ингэрэ  Сабинэрэ  я унагъуэ проектыр. Абыхэм хъыджэбз цIыкIухэм папщIэ пасэрей тхыпхъэхэр хэту  ящIа  бостейхэм уасэ хуэщIыгъуейщ.

 

Инэрокъуэ Данэ.
Поделиться: