Сыныпщхьэщысу, мазэр мэхъу изыIуи, КъысфIощIыр уафэ пщтыр къыщиудын.

* * *
Жэщ уафэм и щIыфэ щIыхум
МазэщIэм зыщегъэсыж.
Уи жьэгу сыщыхьэщIэ пщIыхьым
ГухэлъкIэ зыкъеумысыж.

Зэманым сыщокIэрахъуэ,
Зэманым сыкъыIэпоху.
Абы хэгъуэщэж си лъагъуэм
Сытехьэмэ, щIылъэр пхоху.

Мы си гур цIыкIу-цIыкIуу щащэу,
Уи нитIым сыщIокIуэдэж.
Мы гъащIэр мэхъу пцIы тIуащIи,
Уи нитIым къыщIонэр пэж.
3.01.2023.

* * *
Лъы ткIуэпс щыгъэ плъыжьхэр телъщ псалъэ фэрыщIхэм,
ХэкIуэдэж сыныжьхэм тратхам еплъыжкъым.
ДжыдэкIэ якъутэ кхъахэ хъуа лъэмыжхэр,
Кхъахэ хъуа лъэмыжхэм кърикIуэн тетыжкъым.
Куууэ къыщIагъалъэу я гупсысэ чэнжхэр,
Мы дунеижь гупкIэм пысщ ерыщу пхэнжу.
МафIэу къапылъэлъым егъэткIуж лъы щыгъэр,
Ину щыдыхьэшхыу йоплъыж я укIыгъэм.
Псатхьэр яIуплъэхукIэ, къыщеудри магъыр,
Я нэхэр ягъэпщкIуми, псэр зэрымыщIагъуэщ.
МащIэу загъэхъеймэ, нэхъри шынагъуэу,
ТхьэкIумэкIыхьыгъуэм исщ благъуэ унагъуэ.

Iубыгъуэ

Жэщым соIубри, къесыр си Iупэр,
Жэщыр езэгъкъым жейм.
Уи цIэр мыхъейуэ пылъу бзэгупэм,
Уи нэм сыщогужьей.

Нэхур кIэзызу телъщ пкъо уэздыгъэм,
Къалэ уэрамхэр нэщIщ.
Уафэм зрелъхьэри вагъуэхэр щыгъэу,
Жэщу къыхех нэгъуэщI.

Жэщым и щIыфэр есыр гухэлъым,
Щыгъэр йощэщ и куэщI.
Къалэ жеиншэр йоплъыр щыгъэхум –
Щэхуу елъэщI уэсэпс.

Жэщыр къигъащтэу, пшэплъыр тоIэбэ,
Щабэу хуещIыжыр ба.
Джийм схуемыгъэхыу соплъыр ныжэбэ
Уафэ сызэIубам.
4.01.2023.

* * *
Си лъынтхуэхэм ирокIуэ уи цIэр щэхуу,
Гур къригъауэу, хуеймэ, хуейм – псэхэхыу.
Жэщ кIапэр сIэтрэ щIыкъатибл сехуэхыу,
Сехуэхрэ, уи бэуэкIэр щызэхэсхыу.

Жэщ щIыIэм езгъэза гупсысэ хуабэм
Дунейри гухэлъ джанэкIэ ехуапэ.
Е уафэр си нэджыджым зы IэпапIэу
Къытонэри, ущIызогъапщкIуэ напIэм. 

Си гъащIэ нэпцIым къыхэузыкI пэжыр
Зэманым ириджэгуурэ иIыгъщ.
Мы си гум аргуэру къуэпс къыхэжыр
СыдэIэбейуэ къыхэсчыныр – гугъущ.

Дунейм сытемытыж укъызэплъыIуэм,
Насыпым уасэу, сщIэркъым, сыт щIэстын…
Сыныпщхьэщысу, мазэр мэхъу изыIуи,
КъысфIощIыр уафэ пщтыр къыщиудын.
2.02.2023.

* * *
Сыхуегъэхкъым дунейм и джийм.
Сэ блэкIам сыкъыхэщIыкIауэ,
Жьыбгъэм си псэр ешэкIыжауэ,
Илъэс щимэхэр си бгъэм щокIий.

Сытохуэжыр дунейм и гущхьэм.
Сыбэуакъыми гъащIэм щIигъуауэ,
Сэ иджы налъэ-налъэ сыхъуауэ,
Сытохуэжыр дунейм и гущхьэм.

Си нэм мафIэ щызэхокIыж.
ГъащIэм сахуэу сыкъыхэхуауэ,
Жэщым си пIэкIэ зыгуэр къалъхуауэ,
Сигу къутахуэр къыпхызочыж. 

* * * 
ГъащIэр пцIыт, псалъэр пцIыт, уэ упэжт,
Си дунейр зэрыщыту лъэлъэжт.
Пшэплъ къэплъам зиухыжт, зиуIэжт,
Пщэдджыжьыпэм гухэлъыр щинэжт.

Гъуэгущхьибл щымыIэжт, уэ угъуэгут,
Си гу щIыIэм ухуэхъурт зы Хэку.
Си гур уи гум щыпсэут – щымыджэгут,
Укъихъумэу къуишэкIырт тхьэлъэIу.

16.02.2023. 

* * *
Зэпыудауэ къуэпсу сиIэр,
СIэщIэпхыжауэ хуэму уи Iэр,
Хьэуам сеIубмэ, си Iур дыджу,
Къутахуэ щыкъуейуэ си нэджыджыр.

ЩIымахуэм си нэхэр щIисыкIыу,
ИтIани си гур пыгуфIыкIыу,
Къысхуэнэжа си гукъэкIыжхэм
Сигу щIэпхъуэм банэ къыхачыжу.

Уи нитIым, уафэм сегупсысу,
Зы вагъуэ тIуми щыкIэзызу,
СылъэIэсын абы сыщысхьу,
Дызэхуэмыдэрэ дызэщхьу. 
19.02.2023.

* * * 
СыхъухукIэ нэхъри щIыIэрыс,
КъызжомыIахэм согупсыс.
Сынежьэрт лъапцIэуи - сыпщыщт,
Уи пщIыхь нэщхъейхэм сащхьэщыст.

Сыпежьэрт къемыха уэс налъэм,
ЩIэсщыкIыу псэкIэ уафэ лъахэр.
Уэсыр джэрэзу уафэ гущIэм
КъыщыIэпыкIкIэ, сщIэн сымыщIэт…

СымыщIэт щысхъумэнур уи цIэр,
Уи теплъэр… е къэхъунум и кIэр…
ЩIымахуэм телъти уи лъакъуапIэ,
СымыщIэт щыIэу уэс нэхъ лъапIэ.
23.02.2023. 

* * *
Ныжэбэ уафэм вагъуэу къыпыщэщым
Зыхасэрт си гум, нэхъри сауIэу.
Сыгужьеяуэ уи нитI сызыщIэплъэм
Сызыпэплъауэ зыри къызжамыIэт…

Жэщ къэс къыскIэлъыпхьыжырт ди макъамэр,
КIэух имыIэу къыстелъалъэр псалъэт.
Макъамэм сыщихьыжым, къисхри къамэ,
Хьэуам сыхэпыджащ, уи макъыр лъалъэу. 

И щIыфэр тхытхырт, жэщыр къэзгъэщтауэ,
Уафэгу зыщадзти, вагъуэм заукIыжт.
Уафэ нэщIыбзэм сэ сыхэщэтауэ,
Мы си гур щыуз уи псэр щысхэкIыжт. 
14.03.2023.

ГУГЪУЭТ Заремэ
Поделиться:

Читать также: