Нартхэр

«Нарт эпосым и ныбжьыр пхуэгъэбелджылынукъым, апхуэдизкIэ жыжьэ къыщожьэри. Пасэрей дунейм и даущ къахьэсащ ди зэманым нарт хъыбархэмрэ пшыналъэхэмрэ, абыхэм лъабжьэрэ купщIэрэ яхуэхъуар ди лъэпкъым и тхыдэрщ. Нарт хъыбархэмрэ пшыналъэхэмрэ нэхъ ягъэлъапIэ IуэрыIуатэ лIэужьыгъуэ яIэкъым адыгэхэм.

Хъыбаррэ пшыналъэу зэхэухуэнауэ къэсащ нарт эпосыр ди лъэхъэнэм. Хъыбарыр яIуатэ къудеймэ, нарт пшыналъэм макъамэ щIэлъщ. Макъамэр щIыгъумэщ, нарт пшыналъэр щыз щыхъур», - жиIащ КIуащ БетIал.

Хэт сымэ нарт лIыхъужьхэр?

Сосрыкъуэ - нарт лIыхъужь нэхъыщхьэщ, лIы фIыцIэ гъущIынэкIэ йоджэ, «зи мэIуху дыщафэ, афэр зи джанэ куэщI, дыгъэр зи пыIэ щыгу» хужаIэ; лъапэкIэрыхъ-жэмыхъуэрылъху дзыр теIукIащ; Созыр и къуэ - аращ Сосрыкъуэ и цIэм хэкIыпIэ хуэхъуар.

Бэдынокъуэ - нарт Бэдын и къуэщ, чынтыр зи ныкъуэкъуэгъукIэ йоджэ, «и шабзащхьэ мэзышхуэ хуэдэщ, и дамэ ижьым дыгъэр къыщопс, и дамэ сэмэгум уэсыр къыщос».

Ашэмэз - нарт Ашэ и къуэщ, «ныбэм илъ щIыкIэ и адэм илъ зыщIэжар» Ашэ и къуэ Ашэмэз щIалэрщ.

Батрэз - нарт Хъымыщрэ испы гуащэмрэ я къуэщ, нартхэм зэрыжаIэщи, «гуузищэу зэкIуэцIылъщ».

Нэсрэн ЖьакIэ - абы щхьэкIэ нартхэм жаIэ: «Ди нарт тхьэмадэр Нэсрэн ЖьакIэщ, Нэсрэн ЖьакIэ ди дыщэ жьакIэщ, и жьакIэр уэсщи, бынжэгум нос, шым ар нэшэсмэ, шы сокум хэлъщ».

Тотрэш - нарт Албэч и къуэщ, «дзэгъэшынэ шу закъуэкIэ» йоджэ, нартхэ я бжыщхьэ дыкъуакъуэщ, мыкъутэр и бжыкIщ.

Лъэпщ - нартхэ я гъукIэщ, Сосрыкъуэ зыпсыхьар Лъэпщщ, нартхэ гъубжэ яхуищIащ, щIым гъунэ зэримыIэр къихутащ.

Сэтэней Гуащэ - нарт гуащэщ, Сосрыкъуэ зыпIар Сэтэнейщ; «сэ нарт шу сыпащI», - жеIэ езы Сэтэней.

Абыхэм нэмыщI хъыбар куэд къадогъуэгурыкIуэ Уэзырмэдж, Уэзырмэс, Къанж и къуэ Щэуей, ШукIасэ, Жэмыхъуэжь, Лъэбыцэжьей, ЩэуапцIэ, Дзэгъащтэ сымэ. Нарт хъыбархэмрэ пшыналъэхэмрэ ущрохьэлIэ нэгъуэщI Iэджэми я цIэ. Абыхэм ящыщщ: Шужьей, Дэбэч, Хъудымыжь, Арыкъшуужь, Джылахъстэн, Пагуэ, Гуэргуэныжь, Пэныкъуэ, Имыс, Ехъутэныджыжь, Пщымарыкъуэ, Псэтын гуащэ, Iэдииху, Дыгулыпхъу, Ахумыдэ, ЩхьэцфIыцIэ, Вэкъуэнанэ сымэ, нэгъуэщIхэри.

ТХЬЭХУЩЫНЭ Ланэ.
Поделиться: