Париж щIыщIагъ зекIуапIэхэр

         Париж и щIыщIагъ зекIуапIэхэр къагъэунэхуауэ зыщаплъыхь Монмартррэ Елисей губгъуэхэмкIэ зызыгъэнщIахэм.

         Километри 187-м щыщIэдзауэ 300 зи кIыхьагъ, метр 20 зи куууагъ щIыщIагъ бгынэжахэм мывэ къутахуэхэр щыкуэдщ. X лIэщIыгъуэм и кIэхэм члисэхэмрэ пащтыхь уардэунэхэмрэ зэрызэрахьэ сэхухэр къыздрашу щытар аращ. ЯпэщIыкIэ шахтэхэр къалэм пэIэщIэу щытащ, XVIII лIэщIыгъуэм икухэм Париж зиубгъуурэ абыхэм пэгъунэгъу хъуащ, икIи Сен Жак уэрамыр, щихъ Виктор,  Сен-Жермен-де-Пре цIэхэр  зезыхьэ  къалэщIыб щIыпIэхэр шынагъуэ ихуащ, ахэр бгыщхьэм тести.

         1774 гъэм Дэнфер уэрамым тет унэхэм ящыщ щIым кIуэцIрыхуащ, абы щыпсэухэр зэрыщIэсу. Гузэвэгъуэр къыщIэхъуам и щхьэусыгъуэр шахтэр къызэрыуарати, абы къытримыгъэзэжын папщIэ, Людовик XVI унафэ ищIат Генеральнэ инспекцэм шахтэхэр къригъэпщытэну. Шахтэм и щIыпIэ шынагъуэхэр гъэбыдэныр зи къалэн  а IуэхущIапIэр ноби мэлажьэ. 

          Хабзэ зэрыхъуауэ, дунейм ехыжахэр Париж щыщIалъхьэр члисэм и Iэгъуэблагъэхэрт, къалэ кIуэцIым хыхьэу. Кхъэм апхуэдизкIэ куэд яхьырти, щIалъхьэну чэзур къащылъысыным тхьэмахуэ бжыгъэкIэ пэплъэрт.  1780 гъэм кхъэмрэ псэупIэмрэ я зэхуаку дэт блыныр къызэрыуам париждэсхэр иритхьэусыхэу щыщIадзэм, властым къалэ кхъэхэр ирагъэгъэкъэбзащ, абы щIэлъ хьэдэхэр щIыщIагъ  гъэпщкIупIэхэм  ягъэIэпхъуэри. А лэжьыгъэм илъэсым щIигъукIэ и ужь итащ.

Париж и щIыщIагъ зекIуапIэхэм   щыболъагъу мывэ псыкъуийхэр, архитектурэ барельефхэр, шахтэм зэгуэр щылэжьахэм блынхэм щащIа сурэтхэр. КъинэмыщIауэ, абы щызэтрихьа щхьэкъупщхьэхэмрэ къупщхьэзэфIэблэхэмрэ уамыгъэшынэнкIэ Iэмал иIэкъым. Париж и кхъэхэм ирахыу абы ягъэIэпхъуа къупщхьэхэм щыщхэр япэщIыкIэ зэтрадзат. 1810 гъэм Генеральнэ инспекцэм хэтхэм я унафэкIэ мывэ бэныр зэлъыIуахащ. Апхуэдэу къэунэхуащ метр 780-рэ зи кIыхьагъ къупщхьэ блыныр. ЦIыху гъащIэр зэрынапIэдэхьеигъуэм теухуа тхыгъэхэр фIадзащ щIыунэм. Абы щыщIалъхьахэм ящыщщ Фук Николай, Рабле Франсуа, Перро Шарль, Блез Паскаль.

Зэрышынагъуэми емылъытауэ, илъэсым цIыху мини 160-м  хуэдизым зыщаплъыхь щIыщIагъым.  ЦIыхухэр я чэзур къыщысынум  пэплъэу зэхэтщ, зэуэ 200 нэхъыбэ щIагъэхьэркъыми. Абы зыщызыплъыхьынухэм чэнджэщ ират я закъуэу къыщамыкIухьыну, псантхуэм зэран хуэхъункIэ зэрыхъунум папщIэ. Псом хуэмыдэу гу уз зиIэхэмрэ сабийхэмрэ абы мыкIуэну къыхураджэ.

ЩIыщIагъым ех дэтхэнэми фIэгъэщIэгъуэнщ абы ущыгъуэщэнкIэ хъунрэ мыхъунрэ. Нобэ апхуэдэ шынагъуэ щымыIэми, зыплъыхьакIуэхэм я гъуэгугъэлъагъуэм жеIэж члисэ хъумакIуэ Аспер Филибер абы щыгъуащэу илъэс 11 дэкIа нэужь, и хэкуэгъухэм дунейм ехыжауэ къызэрыщагъуэтыжам теухуа хъыбарыр.

ЕтIуанэ дунейпсо зауэм щыгъуэ мы щIыщIагъхэр  нэмыцэ  дзэм и бункер щэхуу щытащ. Ар хуэщIат,  хуей хъужыкъуэмэ, париждэсхэм бомбэхэм зыщыщахъумэным.

 

 

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: