Сыт бзу гъуабжэхэм яхэтщIыкIыр?

Псоми фIыуэ ялъагъу бзу гъуабжэ (воробей) цIыкIухэр. Тундрэм къищынэмыщIа, ахэр здэщымыIэрэ здынэмысрэ къэгъуэтыгъуейщ. Иджы хуэдэ гъатхэм, гупышхуэу зэрыIыгъыу, ахэр щыдолъагъу гъавэ щIапIэхэм, хадэхэм, щыкъун къащыIухуэ пщIантIэхэм. Бзу гъуабжэхэр зэран хьэмэрэ сэбэп?... Абы и жэуапыр нобэр къыздэсым къахуэгъуэтыркъым дуней псом тет щIэныгъэлIхэм.
 ЗэманкIэ дызэIэбэкIыжмэ, ипщэ щIыналъэхэм щыхасэу щытакъым хугумрэ, хьэпцIиймрэ - сыт хуэдизи хэсэ - бзухэм къелынутэкъым. КъищынэмыщIауэ, абыхэм я мыхьэмышхкъым пхъэщхьэмыщхьэ жыгхэм къапидзэ гулъхэр, хадэхэкI къыхэжагъащIэхэр, балийр, санэр, жызумыр. А псом и щIыIужкIэ, узыфэ зэмылIэужьыгъуэхэр зэрахьэ. Ауэ дэнэ пхуэхьын хьэпщхупщу абыхэм зэщIакъуэр? Къалэшхуэхэр къапщтэмэ, бзу гъуабжэхэр къабзагъэми сэбэп хуэхъу - абыхэм удз ежьужьхэм я жылэхэр яшх. Псалъэм папщIэ, бзу хэкIуэдам и шхалъэм удз ежьужьхэм я жылэ зэмылIэужьыгъуэу 280-рэ къыщраха къэхъуащ. ТхакIуэхэм куэдрэ къыщыхагъэщ щыIэщ, унэ зэтет лъагэхэмкIэ къещIэкIа къалэхэм бзу гъуабжэ цIыкIухэм я макъ къыщыIуу щызэхэпхкIэ, дэрэжэгъуэрэ гукъыдэжу цIыхум иратыр зыхуэдизыр. Хьэмэрэ, сыт и уасэ щIымахуэ махуэ уфахэм а цIыкIухэм я зэрыгъэкIий макъыр зэхэпхыныр…
Инджылызым щыхаса гъавэм бзу гъуабжэхэм зы илъэсым къриубыдэу фунт стерлинг мелуани 8-м нэс хэщIыныгъэ щрата къэхъуащ. Америкэм и Штат Зэгуэтхэм бзу гъуабжэхэр япэ дыдэу щрашар 1850 гъэрт. Ахэр зыуэ цIыхухэм фIыуэ ялъэгъуати, къэралым абыхэм папщIэ шхыныгъуэ щхьэхуэхэр къыщIигъэкIыу, абгъуэхэр хуащIу, уеблэмэ бзу гъуабжэхэр хъумэнымкIэ зэгухьэныгъэхэр къызэрагъэпэщауэ щытащ. Илъэси 10 - 20-р кIуэуэ, бзухэм кърат хэщIыныгъэр зэпалъытыжа нэужь, зауэ иращIэкIыу абыхэм я бжыгъэр ягъэмэщIэн хуей хъуащ. Ноби США-р ткIийуэ зы бжыгъэ мардэм тетщ.
 Мэжэрхэр бзу гъуабжэхэм япэщIэтын папщIэ къашыргъэхэр ягъэхъуу щытащ, куэду къащебгъэрыкIуэм, ираутIыпщу. Австралием спорт кхъухьлъатэ нэгъунэ къагъэсэбэпырт. 
КъызэрыщIэкIымкIэ, ахэр ямылейуэ щошынэ щэкI плъыжь е щхъуантIэ кIапэ щагъэкIэрахъуэм деж, дзэху тхылъымпIэ телыдыкIхэм, кусэ зэмыфэгъуу зэхэт тхылъымпIэхэм. 
Бзу гъуабжэхэм япэщIэтын папщIэ цIыхухэр гущIэгъуншагъэм щыхуэкIуи къэхъуащ: япэу къраша шырхэр къыкIэщIахырт, аргуэру бзур гъуэлъхьэжу, щIэрыщIэу къришыжын хуейуэ. А етIуанэ пIалъэр гъавэ Iухыжыгъуэм техуэрти, хьэпщхупщхэр къищыпу шырхэм зэрыригъэшхыным теухуа хъуа бзур гъавэм зэрыхэIэбэ щыIэтэкъым, мэкъумэшыщIэхэри зыхуейр арат.
ГъэщIэгъуэнщ, гуащIэмащIэу къытщыхъу бзу гъуабжэхэм езыхэм зэрызахъумэж Iэмалхэри. Ахэр гупышхуэу щызэгъусэм деж къашыргъэми ярищIэф щыIэкъым. ПсынщIэу зыр зым кIэщIэпщхьэурэ, топым хуэдэу, хъурейуэ зэхотIысхьэ. Зэресауэ, зэ епхъуэгъуэм къиубыдын и гугъэу зезыдзых къашыргъэм зыри къыIэрыхьэркъым, а зэрызэрыIыгъым хуэдэурэ, хэIэбапIи, къэубыдыпIи зимыIэ «топыр» IуокIэрэхъукIри йожьэж.
Къуалэбзу лъэтэжхэми ящымыщу, гъэ псом тщIыгъу бзу гъуабжэхэм дэри десащ, сыт щыгъуи ахэр Кавказым исауэ ди гугъэу, арщхьэкIэ абыхэм я лъахэ дыдэр Африкэм и тропик щIыпIэхэрщ - Нил псым и ныджэхэрщ. Абы къилъэтыкIри, Хыщхъуэ Iуфэхэм нэсащ. Абдежым щIым телэжьыхь мэкъумэшыщIэхэм яхэтурэ, а япэу къэлъэтахэм къатехъукIыжащ, цIыхур здэщыIэ щIыпIэхэр зымыбгынэ бзу гъуабжэ лIэужьыгъуэщIэ. Зы щIыпIэм икIыу адрейхэм нэсынымкIэ абыхэм къахуэсэбэпащ гъавэр къызэрырашэкI шы зэщIэщIахэр. XIX лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм ахэр нэсащ Европэм, Азие Ипщэм, нэхъ иужьыIуэкIэ Сыбыр щIыналъэм.
 Абыхэм, зэхэдз ямыщIу, хамэ шырхэри ягъашхэ. Бзу гъуабжэ балигъхэр ауэ къэгъэнауэ, шыр къудейхэр лъэтэф зэрыхъуу, езыхэм нэхърэ нэхъ цIыкIужхэр ягъэшхэн щIадзэ. ФIыуэ щIэплъагъун куэд яхэлъщ зэи дызымыбгынэ ди бзу гъуабжэ цIыкIухэм.
 

Шэрэдж Дисэ.
Поделиться: