Сыт еджакIуэм зезыгъэужьыр?!

Анэдэлъхубзэм иужькIэ урысыбзэмрэ инджылызыбзэмрэ зэдгъэщIэныр ди гъащIэм щыщ Iыхьэ хъуащ. Си школ ныбжьым зыхуэзгъэзэжмэ, ди зэманым хамэ къэралыбзэхэмкIэ егъэджакIуэхэр зэпэубыдауэ щытамэ (ди къуажэр зэрыпхыдзари хэлъ къыщIэкIынт, абы нэс лэжьакIуэ зэрынэмыкIуэфыр), иджы а IэщIагъэм нэхъ щIэупщIэ иIэ хъуащ, хуеджэхэри нэхъыбэщ.

Налшык къалэм дэт лицей №2-м инджылызыбзэмкIэ щезыгъаджэ Бетрожь КIунэ тедухуащ ди тхыгъэр. Абы ехъулIэныгъэфIхэр иIэщ, «2017 гъэм и егъэджакIуэ» урысейпсо зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэми текIуэныгъэ къыщихьауэ щытащ.

- ЕджапIэ нэхъыщхьэ къыщыбуха сыхьэтым занщIэу егъэджакIуэ ухъуауэ къэслъытэркъым. А IэщIагъэр гурэ псэкIэ зыхэпщIэн, гугъу зыдебгъэхьын хуейщ. Зэман гуэр дэкIрэ, ебгъаджэ цIыкIухэм я ехъулIэныгъэ щыплъагъукIэщ егъэджакIуэу зыкъэплъытэж щыхъунур, - жеIэ абы. - ПцIы сыупсыну къыщIэкIынт, сызэрысабийрэ егъэджакIуэ IэщIагъэм сыщIэхъуэпсу сыкъэхъуащ жысIатэмэ. Ауэ сыхущIегъуэжакъым, курыт школым сызэрыщылажьэрэ илъэс 19 мэхъу. Пэжым фыхуеймэ, иджыщ «сыегъэджакIуэщ» щыжысIэфынур.

- ЦIыхум зэрызиужьыным теухуауэ нобэ иIэ хъуа Iэмалхэр къыхуэгъэсэбэп къудеймэ, дуней псор хузэIухащ. НэгъуэщI IэщIагъи сыхэзэгъэну къыщIэкIынт, ауэ цIыхухэм садэлажьэмэ, ныбжьыщIэхэм илъэс къэс я зэфIэкIым зэрыхагъахъуэр слъагъумэ, нэхъ къызощтэ. ЕгъэджакIуэм жэуаплыныгъэшхуэ и пщэ дэлъщ, «цIыхубэ» къытщIэхъуэр зыхуэдэнум абыи и къару зэрыхэлъыр къэплъытэмэ. Сыт хуэдэ щIэныгъэлI, дохутыр, егъэджакIуэ диIэнуми абы куэдкIэ елъытащ.

Бетрожьыр арэзыкъым хамэ къэралхэм егъэджэныгъэр щынэхъыфIу, ди еджапIэ нэхъыщхьэхэм щIалэгъуалэм щIэныгъэ къыщIамыхыу языныкъуэхэм зэрыжаIэмкIэ. Уеблэмэ совет школым къызэрыщIэкIам, ди Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым щIэныгъэ къызэрыщIихам ирогушхуэ.

- Сэ Iэмал сиIащ, школыр къэзгъанэу, гъуазджэм, турист IэнатIэм, нэгъуэщIхэми епхауэ сылэжьэфыну. АрщхьэкIэ, сабийхэр езгъэджэныр си натIэм къызэрыритхар зыхызощIэ икIи абыхэм я деж жэуап зэрыщысхьыр къызгуроIуэ, - жеIэ бзылъхугъэм. - ЕгъэджакIуэм сыт хуэдэ дакъикъэри къигъэсэбэпын хуейщ еджакIуэр щIэныгъэм дригъэхьэхын папщIэ. Нэхъапэхэм дауэт зэрыщытар? Iэмал имыIэу япэ классым къыщыщIэдзауэ 11-нэ пщIондэ еджэрт, уеблэмэ ар дэтхэнэми и къалэн хуэдэу зыхищIэрт. Иджы 9-нэ класс нэужьым къыщIэкIыр нэхъыбэщ. Абы и щхьэусыгъуэри гурыIуэгъуэщ: Зыуэ щыт къэрал экзаменым зрапщытыну зэрыхуэмейрщ. ИтIанэ, школакIуэхэр зыхуей предмет куэд егъэджэныгъэм хагъэкIащ. Псалъэм папщIэ, IэпщIэлъапщIагъэм щыхуагъасэ дерсхэр, черченэр. ЕджакIуэхэм предмет псомкIи лъабжьэ яIэн хуейщ. АтIэ тлъагъур сыт? Хъыджэбз цIыкIухэм дэкIэ ящIэркъым, щIалэхэм шэнт къудей яхузэпкърылъхьэнукъым. КъытщIэхъуэ щIэблэр сыт хуэдэну жыпIэу узэупщIыжмэ, щхьэхуимыту уи щхьэм къозэрыхь «экономист, юрист защIэу ара?» жыпIэу. Лэжьыгъэ «къызэрыгуэкIхэм» IэнатIэхэм пэрытынур хэт? ЩIалэгъуалэр абыхэм дебгъэхьэхын папщIэ, школым а Iуэхухэм щыхэбгъэгъуэзэн хуейщ. Сэ си хъуэпсапIэщ егъэджакIуэхэр щагъэхьэзыр къудамэхэм, япэхэми хуэдэу, цIыхуипщI зы увыпIэм щызэхьэзэхуэу зэрыщытам къигъэзэжыну. Езы егъэджакIуэхэри зэманым декIун, абыхэм я Iуэху бгъэдыхьэкIэм зрагъэужьын хуейщ. ЗэрыжысIауэ, егъэджакIуэм щIэблэр зытетыну гъуэгур еунэтI икIи абы езым иIэ зэфIэкIым елъытауэ щытынущ ди щIалэгъуалэр зыхуэдэнур. Курыт школым ихь къалэнхэм Iэмал имыIэу гъэсэныгъэ лэжьыгъэри къыхэгъэхьэжыпхъэщ. 2023 гъэм - ЕгъэджакIуэмрэ унэтIакIуэмрэ я илъэсым - а Iуэху бгъэдыхьэкIэм иужь ихьэжащи, жыпIэ хъунущ илъэс 20 ипэкIэ егъэджэныгъэр зытета ухуэкIэм хуэмурэ дызэрыхуэкIуэжыр.  

Бетрожь КIунэ и еджакIуэхэр Британием инджылызыбзэмкIэ щекIуэкI дунейпсо олимпиадэхэм хэтыну илъэс зыбжанэкIэ ишащ, ехъулIэныгъэхэр къыщагъэлъагъуэу.

- ЕджакIуэхэм зезыгъэужьыр зэпеуэхэращи, сегугъуу апхуэдэхэм хузогъэхьэзыр. Дауэ мыхъуми, зызрагъэпщэн ялъагъуа нэужь, дэтхэнэри хущIэкъун щIедзэ и щIэныгъэм зэрыхигъэхъуэным, - дыщIегъу егъэджакIуэм. - Къыхэзгъэщынут, ди щIалэгъуалэм инджылызыбзэр къазэрехъулIэмкIэ адрейхэм къазэрыкIэрымыхури. Псалъэм папщIэ, къытхуихуащ кубокыу тIу зы зэхьэзэхуэм къыщитхаи. Британием щрат щIэныгъэр, абы я псэукIэр зыхуэдэр ялъэгъуну къызыхуихуа си еджакIуэхэр къыщызэупщIа щыIэщ: «Дэри сыт тщIэ хъуну, ди республикэм, къэралым зедгъэужьын папщIэ?» - жаIэу. Абы къикIращи, хэкум хуэсэбэпыну хуейхэщ. Ар псом я щхьэщ.

ЕгъэджакIуэ нэсым дерс итамкIэ иухыркъым и лэжьыгъэр. Ар зэпымыууэ йогупсыс еджакIуэхэм къыкIэлъыкIуэ дерсым щIэуэ къаригъэщIэнум, икIи и гугъуехьыр сабийхэм къыщалъытэкIэ, абы нэхъ лъапIэ щыIэкъым.

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: