IэщIагъэлIхэм я чэнджэщ фыхуеймэ

Урысейм и Социальнэ фондым и къудамэу  Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм  зэфIих Iуэхутхьэбзэхэм ехьэлIа чэнджэщхэм республикэм   и цIыхухэм я деж  щIэупщIэшхуэ зэрыщиIэм къыхэкIыу  фигу къыдогъэкIыж фондым зэрызыхуэвгъэзэну Iэмалхэр.    

Къэлъытэн хуейщ  къыфIэрыхьэн папщIэ   псоми я зэхуэдэ е хэха упщIэхэмкIэ чэнджэщ  къыватын папщIэ   фи персональнэ даннэхэм  зэрыщIэмыупщIэр икIи мыпхуэдэу захуэвгъазэ хъунущ:

- Урысейм и Социальнэ фондым и официальнэ сайтым и электроннэ приемнэм – https://social-insurance.sfr.gov.ru/reception_desk/request/.

- Урысейм и Социальнэ фондым и «Социальный навигатор» мобильнэ гуэдзэным.

- СФР-м и къудамэу КъБР-м щыIэм социальнэ сетхэм щиIэ  официальнэ аккаунтхэм:

  Контактым - https://vk.com/sfrpokbr

  Одноклассникым - https://ok.ru/group/70000002358769

 Телеграм каналым -https://t.me/sfr_po_kbr_07

Фи щхьэм теухуа чэнджэщхэм ехьэлIамэ, фэ фтеухуауэ щэхухэм  (фи цIэ-унэцIэр, фыкъыщалъхуа гъэр, СНИЛС-р, паспортыр)    къыщыщIэупщIэнущ мыбыхэм захуэвгъазэмэ:  

- КъБР-м щыIэ СФР-м и клиент IэнатIэм фэ фыщыпсэум/фыздэщыIэм елъытауэ.   Ар мэлажьэ: блыщхьэ - махуэку махуэхэм   сыхьэти 9-м щыщIэдзауэ сыхьэт 18 хъуху, мэремым сыхьэти  9-м щегъэжьауэ сыхьэт 16-рэ дакъикъэ 45-рэ пщIондэ;

- Зыуэ щыт контакт-центрым мы номерымкIэ 8 800 100 00 01 – жэщи махуи;

- КъБР-м щыIэ ОСФР-м и контакт-центрым и операторым 8 800 600 01 84 - сыхьэти 9-м щыщIэдзауэ сыхьэт 18-м нэс блыщхьэм щегъэжьауэ махуэкур хыхьэу, мэремым сыхьэти 9-м щыщIэдзауэ сыхьэт 16-рэ дакъикъэ 45-м нэс.   

 

 

Урысейм и Социальнэ фондым и къудамэу

КъБР-м щыIэм и пресс-IуэхущIапIэ.

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

Поделиться: