ПШЫНЭ

Адэм   адыгэ  макъамэхэм пищI щыIэтэкъым.  Къалэм Iуэху  гуэркIэ  и  лъэ  щытеувэххамэ,  пластинкэ  зыбжанэ  имыIыгъыу  къыдыхьэжыртэкъым.  Ар  приёмникым  трилъхьэрти, зы  къафэр  иухым, адрейр трилъхьэурэ,  махуэ  псом  щедаIуэ къэхъурт. ИтIанэ  абы  ямылейуэ  и  нэ  къикIырт  и  пхъуищым  языхэз  пшынауэ  хъуну.    Махуэ  гуэрым  ар  къэкIуэжащ къэзан  пшынэ  дахащэ  и  блэгущIэм  щIэлъу.  НэхъыщIитIри  къигъанэри,  пшынэр  нэхъыжьым IэщIилъхьащ. Езы дыдэми ищIэртэкъым абы ар нэхъ дихьэхыну фэ щIриплъар. Пэжыр  жыпIэмэ,  щыри  пэжыжьэт    а  Iуэхум... Ауэ,  щратакIэ, хъыджэбз цIыкIуми сыт ищIэнт, пшынэр къищтащ. Иджы махуэ къэс  абы адэр йоупщI:

-  Пшынэм  уеуэрэ?

- Соуэ, - иретыж жэуап, щхьэхуимыту  иупс  пцIым  ириукIытэжурэ.  

Япэмыжыжьэу къыщыс  унэкъуэщым  зыпхъу  яIэт,  хъыджэбз цIыкIум и ныбжьу  икIи  пшынауэу.  Ар еубзэурэ  къашэнри,  пшынэм  елъэIуурэ  ирагъэуэнри мардэ  хъуат. Мыдрейм зыри къеупщIыркъым а псом хуейми, хуэмейми. И анэшхуи,  и  адэ  шыпхъуи  псори  зэпщIэпщIэкIыр  пшынауэрт.  Абы  зрилъэфыхьыпэурэ  пшынэр  къищтэрт.  ИтIанэ,  и  щхьэр  иригухырти,  зыкъомрэ  щыст.  Абы  къыкIэлъыкIуэнур  мыдрей хъыджэбз цIыкIум   гукIэ  ищIэ  хъуат:  псори  щхьэщыувэнурэ  и  щхьэм  Iэ  далъэнут, итIанэ,  зэпеуэу  щытхъупсыр кърагъэжэхынут...  А  дауэдапщэ  кIыхьым  иужькIэ, хуэмурэ, лентI тхьэмбылыфэм къыхэплъу пшынэм  кIэрыщIа  фэ  Iэпхъуамбалъэм  Iэпхъуамбэшхуэр  ириунурэ,  къыщIидзэнут,  ар  иджыри  и  гурыфI  къикIмэ.  И  гурымыкъыр  къэзамэ,  яхуемыуэххэу  джэгуу щежьэжи къэхъурт.  А псом и щIыIужкIэ, къафэ  къэс  лъэIулъэщкIэ  къыжьэдэшын  хуейт,   апщIондэху хуейт  щIэрыщIэу  еубзэн,  щIэрыщIэу  къытрагъэзэжу  аргуэрыжьу  елъэIун  хуейт… Хъыджэбз цIыкIур   пшынэм Iузыгъэщт  псори гум Iэпимых зы нэщэнэм хуэкIуэжат,  пшынэр  игъэдэхэн  щхьэкIэ ину зэрыдзауэ    фIэлъ  лентI  тхьэмбылыфэшхуэм къыщыщIэдзауэ.

Махуэ  гуэрым  пшынауэр щыщIэкIыжым, хъыджэбз цIыкIум  зыкъыхуигъэщIэгъуапэу  щэхуу  къыжреIэ:

- ПщIэрэ,  сэ  пшынауэ  сыщIэхъуар?

СыщыцIыкIум  щыгъуэ…  хьэуэ,  сыкъызэралъхуу, - щIигъужащ  абы  нэхъ  гузагъэгъуэу, - си  Iэбжьанэр  паупщIри,  пшынэку гъуанэм ирадзат… 

Ар  зэрыдэкIыжу, мыдрей хъыджэбз цIыкIум,  зыми  зыкъримыгъэлъагъуу, Iэбжьанэу пытыр  пиупщIри, пшынэ джабэм иIэ жьыихуапIэм  ирикIутащ.  Иджы  поплъэри  щысщ, зыкIи дэзымыхьэх  пшынэм еуэфу   нэху  къыщекIынум.  Iэмал имыIэу ар пщэдджыжьу ирихьэлIэн хуейуи къыщыхъурт.

ПиупщIами,   иридзами  зыри  къикIакъым.  Ауэрэ  къамыгъэсэбэпу  щылъ  мо  пшынэм  къыкIэлъыкIуэу  хуежьащ  хьэблэм  дэс колхозхэт  хъыджэбз  зи  ишэгъуэхэр.  КъэкIуэхуи,  псалъэ  химылъхьэу, анэм  яритырт,  щылъ  нэхърэ  нэхъыфIщ, жиIэрти. И пхъур пшынауэ ищIынуи илъэдакъэщыкIыртэкъым  ар - лъэпкъым  къафэу  зыпсэ  зэрахэмытыр ищIэжырт. Къафэртэкъым  апхуэдизу  пшынэм  дихьэх  адэри.

Хьэблэ  хъыджэбзхэм  пшынэ къызыхуащэхуа цIыкIур  къызэдащтэрти, бгы  ЦIыкIущхьэм  дэкIырт.  Абдеж  къыщызэIуахырт  джэгушхуэ,  махуэ псом  губгъуэм  ита колхозхэтхэри  къахыхьэжырти,  утыкур  яхуримыкъуу  къафэрт.  Пшынауэр Кулижант. Абы жьыIурыхьэгъуэ  зэригъуэту  хъыджэбз цIыкIур  и  IэплIэм  иригъэтIысхьэрт, модрейри есауэ, Кулижан   зыхилъхьэ  щымыIэу фIыуэ  илъагъурт.  Зэрыдахэшхуэм  и мызакъуэу,  ар  икIи  жьакIуэт.  Гупыр  зэхэзышэри,  зи  жыIэм  щIэтри  арат.  Ауэрэ  уэрэдыжьыр  къыхадзэрт,  абы  тезашэмэ,  гушыIэныр  ирагъэжьэрти,  дыгъэ  къухьэгъуэр  я  мардэт. Пшынэр къыщахьыжкIэ, адэм  ахэр  зэи  IэнэщIу  IуигъэкIыжыртэкъым.  Езыр зыщIэт тыкуэным  къахущIихынти,  хъыджэбзхэр,  пэлътоку  цIыкIу  зырызкIэ  нэхъ  мыхъуми,  игъэгуфIэнт.  Зэманыр гугъут,  зы  мащIэ  тIэкIури  цIыхум  гуапэ   ящыхъурт.  Хъыджэбзхэр IукIыжа нэужь, нанэ щэхуу цIыкIум кIэщIэупщIыхьу хуежьащ илъэгъуахэм. Мыдрейми хуиIуэтэжащ  Вындыб  пэмыжыжьэу  зэрыщыIар.    Ар зи Вындыбми хищIыкIыр сытыт сабийм - зэхихар  арат: 

- Абы  пщыIэшхуэ  щащIащ,  мэзым  пхъэ  къыщIахыурэ.  ИтIанэ,  уэшх  къригъажьэу  хуежьати,  Кулижан  щIалэхэм бэрэжьей  IэплIэшхуэхэр  къаригъэхьри,  пщыIэм  и  щхьэм  тралъхьащ.

- Уэшх  къыфтешхакъэ?

- Хьэуэ. 

- Ауэ,  пщIэрэ,  нанэ,  а  пщыIэр  щытыжкъым, - жеIэ  темыгушхуащэу сабийм.

- Дэнэ  здэкIуар,  на-а?, - игъэщIэгъуапэу зищIри, къыхуеплъэкIащ,  хьэкум  тет  щIакхъуэр  зэригъэдзэкIыурэ.

- Дэ  иджыри  дыщIэсу,  и  щIыбагъымкIэ  къекIуэкIри,  зыгуэрым  къыттригъэуащ - алмэстырауэ  жиIащ  Кулижан.

- Алыхь  ари  къуищIэнум  а  джаурым…  Пшынэ  макъым  едэIуэну  нэкIуагъэнт, - и  фIэщми,  гушыIэми  къыпхуэщIэртэкъым нанэ. 

- Алмэстыр  сыт  хуэдэ?

- Сыт  хуэдэн…  бэлацэжьщ,  и  щхьэцыр  къеблэблэхыу.

-  Зэи  ижьыркъэ?

- Зэзэмызэххэ… дзитI  фIэкIа  зыIумыт  и  пхъэ  мажьэжьыр  къещтэри…  еуэ  ирежьых,  еуэ  ирежьых…-  апхуэдэххэурэ  Iурихащ сабий езэшар.

Пщэдджыжьым  нэху  къызэрекIыу,  пшынэр  къищтэри,  унэм  къыщIэкIащ хъыджэбз цIыкIур.  Папи,  мами Iэгъуэблагъэм  иттэкъым.  Куэбжэр  хуэму  Iуихри, япэмыжыжьэу ежэх АкъсырэкIэ  иунэтIащ.  Нэхущым  къуршым  къызэрыщIэжам  хуэдэу  къех  мо  псы  къабзабзэм  мывэу хэлъыр  щыплъагъурт.  Псы Iуфэм Iуву  щызэхэт бэрэтIинагъуэм  жэщ  псом  хэса  хьэндыркъуакъуэ  цIыкIухэр  зэкIэлъхьэужьу  псым   хэпкIэжащ, хъыджэбз цIыкIур  сыкъызэралъагъуу.  АдэкIэ  зэран  къыхуэхъун  щыIэтэкъым.  Гугъу  дехьыпэу  мо  пшынэшхуэр  хуэмурэ  псым  хилъхьащ.  Мурад  быдэ  ищIат  ар  итхьэщIыну.  Псы   уэрым   IэщIимыудын  хуэдэу  плIэпсымкIэ иубыдри, псым щIигъэнэху къыкIэрыкIакъым.

 Псым хиудыныщIэ  пшынэр хъеиху  мэкIий.  Абы  щхьэкIи  къимыгъанэу  и  гущхьэр  тригъэзэгъащ апхуэдизу  зыпэжыжьэ Iэмэпсымэм. А илъагъур хузэмыгъэзахуэ хуэдэ, адрыщIымкIэ зы шындырхъо цIыкIуи къыщыхукъоплъ…

 Пшынэ уцIынар апхуэдизу зэкIэщIэкIащи, къыхихыжыну къеIэкIи, къыхуэгъэхъейркъым. Зэ  къеIэху хъыджэбз цIыкIур шындырхъом йоплъ, модрейри  а зэрыщысщ, ауаныщIу и жьэгъу цIыкIур щIегъауэри.

Псыр къызыпыж пшынэр ерагъыу  пщIантIэм нихьэсыжащ хъыджэбз цIыкIум. Мо  псыфыр  зэкIэщIэкIым,  зэкIэщIэкIыурэ,  зэпкърыхури  ехуэхыпащ,  псэууэ  къыхэнэжа  гъуагъуэжь  закъуэм  хъуреягъыр  къигъэпсалъэу.

- Лейм я нэхъ иныр ирахыну иужь ихьакIи, а пшынэ тхьэмыщкIэм  абы  нэхъыбэ  яхуещIэнтэкъым, -  жери ар зылъэгъуа адэм  IуигъэзыкIыжащ,  афIэкIа пшынэ  гугъуи унагъуэм щащIыжакъым.

 

 

Шэрэдж Дисэ.
Поделиться:

Читать также: