Адыгэ жыг хадэмкIэ щIэныгъэлI

Мы гъэм илъэси 115-рэ ирокъу щIэныгъэрылажьэ-селекционер, адыгэ лъэпкъым щыщу мэкъумэш щIэныгъэхэмкIэ доктор цIэ лъапIэр япэу зыхуагъэфэща Тхьэгъуш Нухь къызэралъхурэ.

Тхьэгъуш Нухь Ахьмэд и къуэр 1908 гъэм шыщхьэуIум и 13-м ТIуэпсы районым хыхьэ Агуей къуажэм къыщалъхуащ, мэкъумэшыщIэ унагъуэм щапIащ.  Къуажэм дэт курыт еджапIэм класси 4-р къыщиуха нэужь, Нухь щIэныгъэ иригъэгъуэтмэ фIэфIу, абы и адэ Ахьмэд щIалэр ешэ ТIуапсы дэт техникумым. Зэадэзэкъуэм я жагъуэ зэрыхъунти, Нухь и урысыбзэр хурикъуакъым еджапIэм щIэтIысхьэну. Ауэ щыхъум, щIалэр урысыбзэмкIэ егъэджакIуэм деж кIуэурэ, илъэсым къриубыдэу зригъэщIащ икIи иужькIэ ар щIэтIысхьащ хы ФIыцIэ мэкъумэш техникумым. 1929 гъэм Нухь техникумыр къиухащ ехъулIэныгъэфIхэр иIэу. А илъэсым щыщIэдзауэ 1931 гъэ пщIондэ Тхьэгъушым зэрихьащ Шапсыгъ райисполкомым щIы IуэхухэмкIэ и къудамэм и унафэщI къулыкъур.  1931  -1933 гъэхэм IэщIагъэлI ныбжьыщIэм агроном нэхъыщхьэм и къалэнхэр егъэзащIэ. А зэманым къриубыдэу Тхьэгъушым лэжьыгъэшхуэ иригъэкIуэкIащ: Шапсыгъ щIыналъэр къуажэ-къуажэкIэ къызэхикIухьурэ IуэрыIуатэ зэхуехьэсыж, и адэжьхэм жыг зэрагъэкIыу щыта щIэныгъэр къетIэщI, къищынэмыщIауэ, ныбжьыщIэхэр комсомолым и райком бюром хагъэхьэнымкIэ щIэгъэкъуэн яхуохъу.

1933 гъэм Тхьэгъушыр щIотIысхьэ жызум гъэкIынымкIэ Краснодар дэт институтым. 1939 гъэм абы ехъулIэныгъэшхуэхэр къигъэлъагъуэу еджапIэ нэхъыщхьэр къеух, а зэманым пщIэрэ щхьэрэ зиIа агроном-пхъэщхьэмыщхьэгъэкI IэщIагъэм хуэIэрыхуэу. Къыхэгъэщыпхъэщ,  1937 гъэм Нухь еджапIэм зэрыщIэсу, и IэщIагъэ-щIэныгъэр зэрылъагэр къалъытэу партым зэрыхагъэхьар. ИужькIэ, Тхьэгъушым аспиратнурэр къыхуагъэлъагъуэ, и щIэныгъэм хигъэхъуэну институтым къыщагъэнэж.

Ауэрэ къэхъеящ Хэку зауэшхуэр. 1941-1942 гъэхэм Тхьэгъушыр Краснодар районым и дзэ къудамэм и пашэу, 1942-1943 гъэхэм -  Адлер МТС-м и унафэщIу щытащ.

Къалэм бийр дахужу Краснодар хуит къащIыжа нэужь Нухь институтым егъэзэж икIи мэкъумэшыщIэ IэщIагъэлIхэр игъэхьэзыру пещэж и лэжьыгъэм.

1945 гъэм Тхьэгъушым къеух аспирантурэр, илъэс нэхъ дэмыкIыуи «Адыгэ мыIэрысэ, кхъужь лIэужьыгъуэхэр» зыфIища и кандидат лэжьыгъэр пхегъэкI. 1948 гъэм ар щылажьэ институтым и доцент мэхъу икIи 1956 гъэ пщIондэ абы лэжьыгъэшхуэ щрегъэкIуэкI. СССР-м щIэныгъэхэмкIэ и Академием епха Ботаническэ институтым и докторантурэм ирапх Тхьэгъущыр икIи «Адыгэ жыг хадэхэр» зыфIища и доктор лэжьыгъэр щыпхегъэкI.

1957 - 1978 гъэхэм Тхьэгъушыр и нэхъыщхьэу щытащ Краснодар институтым пхъэщхьэмыщхьэхэмкIэ и къудамэм и кафедрэм. Нухь иубзыхуа  щIэныгъэр къагъэсэбэпурэ, Краснодар крайм щыхасащ дэшхуей гектар 1000-рэ дэжьей гектар 600-рэ. ЩIэныгъэлI Iэзэм а илъэсхэм гулъытэшхуэ хуищIащ Шапсыгъ щIыналъэр жыг зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ къэгъэбеиным. Тхьэгъушым къыдигъэкIат пхъэщхьэмыщхьэ жыгхэмрэ дэжыг лIэужьыгъуэхэмрэ къызэрагъэкIым, зэрыкIэлъыплъым триухуа  «Адыгэ жыг хадэхэр»  тхылъыр.  КъищынэмыщIауэ, Нухь къыдигъэкIащ щIэныгъэ лэжьыгъэ 55-рэ.  Профессор Тхьэгъушым фIыщIэ бгъэдэлъщ щIэныгъэм и кандидатрэ доктору 10-м щIигъу зэригъэхьэзырамкIэ.

ЩIэныгъэрылажьэ-селекционер Тхьэгъуш Нухь къэралым хуилэжьа Iуэхушхуэм пэкIуэжын пщIэрэ щхьэрэ игъуэтащ. Абы къыхуагъэфэщат «Щытхъум и дамыгъэр», ВДНХ-м и дыжьын медалитI, «РСФСР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр.

Тхьэгъушыр ящыщщ адыгэ лъэпкъым и япэ еджагъэшхуэхэм икIи хуэфащэу ирагъапщэ урысей биолог-селекционер Iэзэ Мичурин Иван.

1983 гъэм фокIадэм и 2-м дунейм ехыжащ лъэпкъылI, щIэныгъэрылажьэ, адыгэ лъэпкъыр зэрыпагэ селекционер Iэзэ Тхьэгъуш Нухь. Нобэр къыздэсым мэкъумэш IэнатIэхэм къыщагъэсэбэп абы къызэринэкIа лэжьыгъэмрэ щIэныгъэмрэ.

 

 

Фырэ Анфисэ.
Поделиться: