Жэщу сыхьэтыр зым

Тхылъ еджэн зи хьэлхэм фIыуэ яцIыху рифмэншэу, кIэуххэр зэрагъэкIун Iуэху зэрамыхуэу зэхалъхьэ усэ лIэужьыгъуэр. Урыс литературэм абы и щапхъэу Тургенев Иван и «Прозэу тха усэхэр» хэтщ. «Шыхулъагъуэ» литературэ зэгухьэныгъэм щыщ ди тхакIуэ-усакIуэ щIалэхэми фIыуэ ялъагъу мы жанрыр. Жамбэч Рабия, Щомахуэ Залинэ, Гугъуэт Заремэ сымэ я къалэмыр щагъабзэ а губгъуэм, узыщыгуфIыкIын лэжьыгъэ куэди дагъэлъагъу.

Мы жанрыр литературэм пасэу къыхэзыхьахэм язщ франджыхэм я усакIуэ пэрыт Бодлер Шарль. «Париж губампIэ» тхылъыр къыщыдэкIар усакIуэр дунейм ехыжа нэужьщ. Абы ихуа усэ 50-р нобэми дунейпсо литературэм и хъугъуэфIыгъуэщ. «Жэщу сыхьэтыр зым» тхыгъэр абыхэм язщ.

Уэху! Си закъуэщ! УэрамымкIэ къоIукI иджыри зэхэзежэ машинэхэм я Iэуэлъауэ ешаелIар. Сыщымыну сыщыхуит, гупсэхугъуэкIэ сызыщыгугъ сыхьэт зыбжанэ си Iэрылъхьэщ. Уэху! ЦIыху узыIуплъэхэм я нэгухэм къыздахь хьэзабыр IукIуэтащи, иджы сэ езым си фэм дэсхыжым фIэкIа сымышэчыну сыхуитщ.

Пшапэ зэхэуэм зыхезгъэлъафэу зызгъэпсэхуми хъунущ иджы. Япэрауэ, IункIыбзэIухыр бжэм тIэу щызогъэкIэрахъуэ. Абы сызэризакъуэр нэхъ куууэ зыхызигъащIэу, дуней нэрылъагъумрэ сэрэ дяпэкIэ ди зэхуаку къыдэувэну блынхэр нэхъ лъагэжу къыдрищIеину къысфIощI.

ГъащIэ гущыкIыгъуэ! Къалэ гущыкIыгъуэ! Нобэрей махуэр зэрекIуэкIар cигу къызогъэкIыж. ТхакIуэхэм сахуэзащ. Языхэз «Урысейм щIылъэкIэ укIуэ хъуну пIэрэ?» - жиIэри, къызэупщIащ. Урысейр хытIыгуу къызыфIигъэщI къыщIэкIынщ. Журналым и редакторым си фIэщу седэуащ. Зыгуэр пэздзыжыху, «ЦIыху зэпIэзэрытхэр апхуэдэущ Iуэхум зэреплъыр», - къызжиIэрт. Адрей журнал редактор псори кIэрыху-кIэрыщ защIэщ жыпIэнт. ЦIыху тIощIым щхьэ яхуэсщIащ, абыхэм ящыщу пщыкIутхур игъащIэм сымылъэгъуауэ. Iэлъэ зыIэрыстIэгъэну сигу къэмыкIыххэу, сэлам зэсха къомым я бжыгъэри нэхъ мащIэкъым. Уэшхыр теужыху зэманыр щызгъэкIуэнщ жысIэу сызылъыгъуэза къэфакIуэ хъыджэбзыр «Венерэ и фащэ» къыхуэзгупсысыну къызэлъэIуащ. «Мыст убгъэдыхьэмэ, ущыуэнукъым. Си тхакIуэхэм абы нэхърэ зи псалъэ нэхъ пхыкIи, нэхъ цIэрыIуи, нэхъ акъылынши яхэткъым. Абы гъуэгу гуэр утригъэувэнкIи хъунщ, итIанэ деплъынщ», - жиIэу сыкъыщIэзыгъэувыкIыжа театр унафэщIым сеубзащ.

ИгъащIэм сымылэжьа Iуэху мыфэмыцхэмкIэ (хэтыт абы хуейр?) зызгъэщIэгъуащ. СфIэфIыпсу сщIа нэгъуэщI напэтех Iэджэ - утыку силъэдэн, хабзэр зэIысщIэу цIыхухэр згъэбэлэрыгъын къудей щхьэкIэ сызытегушхуахэр - сышынэри сыбзыщIащ. Ныбжьэгъум зыкIи къыстемыхьэлъэн гуэр хуэсщIакъым. ТхьэгъэпцI гъущэр зэрыцIыху пэжымкIэ щыхьэту сыкъэуващ. Куэдкъэ ар?

Си щхьэм щегъэжьауэ, мы дуней хъурейм зы цIыхум хуэмыарэзы сэ сыту сыхуейт а гуэныхь къомыр къысхуэгъуауэ жэщ Iэуэлъауэншэм и егъэзыпIэм си гур къыщызэрыгъуэтыжыну. ФIыуэ слъэгъуахэ! Си сатырхэм щызгъэфIахэ! ПсэкIэ зыкъысщIэвгъакъуи, мы дунейм и пцIымрэ абы къыщхьэщих бамэмрэ сщхьэщыфх! Уэри, ди Тхьэ, гущIэгъу къысхуэщIи, Уи гугъэ зэрысхыумыхыжар, мы сигу зыщыкIа къомым нэхърэ сызэрымынэхъ Iейр си фIэщ зыщIыжын усэфI зыбжанэ сыгъэтх.

 

Ярэби, сигу, зыкъэщIэжыт!

  Дунейпсо усыгъэм зи пщIэр хуабжьу щыIуа япон усакIуэщ Сайгё цIэ закъуэмкIэ яцIыху Норикиё Сато (1118 - 1190). УсакIуэм и гъащIэ гъуэгур мы гъэм 1905-рэ зэрырикъуар ди щхьэусыгъуэу, абы и усэ зыбжанэ адыгэбзэм къидгъэзэгъащ. Сайгё зэрыцIэрыIуэр сатыритху фIэкIа мыхъу, нэхъыбэу китай, япон усыгъэм щыцIэрыIуэ «танкэ» усэ кIэщIхэмкIэщ. 

***
Мо пщIантIэм дэт сабийхэм
Сахыхьэу садэджэгуарэт!
Еууей! Абыхэм я дунейм
Сыхуэлъагъуэджэщ, сыбалигъщ,
Сыздагъэджэгужынукъым.
 
***
Си адэр дунейм ехыжу
дэнэ кIуэжами, сщIэркъым…
БэуапIэ дымыгъуэтыжу, 
Дэ тIури зы жыхьэнмэ
Дыздыхэмыту узиIэ?

 ***
Ярэби, сигу, зыкъэщIэжыт!
Уи фIэщ зэрымыхъур сощIэ,
Ауэ мы псалъэ къомым
Тхьэм уфIигъэлIыкIыну 
Зы яхэмытыр пэжкъым.
 
***
Дзы усыным удехьэх,
Мыр фIыкъым, модрейр щIагъуэкъым.
Ауэ щыхъукIэ, егупсысыт,
Апхуэдиз хэпщIыкIыу дунейм,
Уэ узищIыс ущыгъуэзэж?
 
***
ТепыIэжыкIэ ищIэкъым…
Си гугъэмкIэ, ди зэманыр
Кхъуафэжьей гъуанэращ зэщхьыр:
Хы сыджхэм ящхьэдэхыфкъым,
Iуфэми бгъэдэкIагъэххэщ.
 
***
Уигу пымыкIыу ара? 
УхуеплъэкIыну къилэжькъым
Мы ди дунеижь кунэфым.
Уи щхьэ ухуемыплъэкIи,
Нэхъ укъелынкIи хъунщ.
 
***
КIыфIыр щхьэщыкIуэтащ…
Псэм и уафэгум мазэр
Изу къыщызэщIоблэ,
КъухьэпIэ лъэныкъуэ къуршхэм
ЯхуокIуатэри- яхуокIуатэ…
 
***
СыпIащIэу нэхумкIэ сежьат.
Сэр дыдэм сщIэркъым, дэнэми.
Иужьым къызгуроIуэж:
Пшэм сигъэбэлэрыгъат,
Балий гъагъэу фэ зытригъауэри.
 
***
«Хэт япэ дунейм ехыжми,
Бысым зыкъыщытхурещI
ДыздекIуэлIэжыну щIыпIэм!» -
СакъыкIэрыхуати, тхьэрыIуэр 
Сыту гукъутэу къэсщIэжа!
 
***
Си хьэщIэ псори къуршыщхьэм
Дэсшейуэ, балий гъагъэхэм 
Езгъэплъыну си мурадкъым. 
Сэ езым къысхуэгъэскъым 
Сыти схуэхъухэм сащыхуэзэнур.
 
***
Закъуэу, къудами пымыту, 
Губгъуэм ит жыг лъэдий джафэр
ЙофIэкI гъащIэр иухыжым
ЗдэIэпхъуэжыну дунейр 
Гум щызымыгъэфIэфым…
 
***
Уэлбанэщ, аргуэру къыпхож
Си пщыIэжьу бгъэныщхьэ хъарым, 
Джэду гъэпскIам срещхьщ. 
Ауэ здыжынуи сыпIащIэркъым: 
Хэт ищIэрэ, мазэр къыкъуэкIмэ...
 
***
ГъуэгуанэщIэ сытехьэу сощIри,
А уэрэ сэрэ, уэздыгъей, 
НэIуасэ дыщызэхуэхъуа 
ЩIыпIэр сыбгынэу сежьэжмэ, 
Закъуэныр къыптехьэлъэнкъэ?

 

 

ЗэзыдзэкIар ЧЭРИМ Марианнэщ.
Поделиться:

Читать также: