Зэманыр пызыбжыкI

Пасэ лъандэрэ цIыхухэр и ужь итт зыхэпсэукI зэманыр къапщытэну. Абы папщIи къагъэсэбэпырт щIыуэпсым теухуауэ яIэ щIэныгъэр. Нобэ дэ десащ зэпымыууэ ди Iэпэгъу махуэгъэпсым. Ауэ абы тхыдэ иIэщ. АтIэ дапщэщ япэ махуэгъэпсхэр къыщыунэхуар, сыт хуэдэт ахэр, хэт къэзыгъэсэбэпу щытар?

Зэманыр махуэрэ мазэу зэхагъэщхьэхукIырт пасэ лъандэрэ. Япэ махуэгъэпсыр илъэс мини 6 ипэкIэ къежьауэ хуагъэфащэ. Дыгъэм, мазэм, вагъуэхэм я зэблэкIыкIэм кIэлъыплъурэ, гу лъатащ абыхэм уригъуазэу зэманыр къызэрыпхутэфынум. Псалъэм папщIэ, уафэм дэплъейуэрэ зэхагъэкIырт гъавэ щащIэнур, къыщрахьэлIэжынур.  

         «Махуэгъэпс» псалъэр латиныбзэм къытекIащ. Абы «щIыхуэхэр зэрыт тхылъ» жиIэу къокI. Ар фIащауэ щытащ щIыхуэхэмрэ абыхэм ятехьэ процентхэмрэ зратхэу яIам. Мазэ къэс щIыхуэхэр къыхатхыкIырт сыт щыгъуи зы махуэм техуэу. А махуэм «календ»-кIэ еджэрт. Лъэхъэнэ зэтемыхуэхэм лъэпкъ зэхуэмыдэхэм махуэгъэпсыр къагъэсэбэпырт щхьэж и гупсысэ иIэжу. Дыгъэм и къыкъуэкIыгъуэм, екIуэкIыгъуэм, къухьэжыгъуэм иригъуазэхэр нэхъыбэт. Пасэрей шумерхэм къагъэсэбэпырт мазэм и махуэгъэпс. АбыкIэ зэпалъытыфырт мазэмрэ абы къриубыдэ махуэхэмрэ. Пасэрей шумерхэм я илъэсым къриубыдэрт махуэ 354-рэ е жэщ-махуэ 29-30 зыхэт мазэ. Нэхъ иужьыIуэкIэ Вавилоным и астрономхэм къахутащ илъэсым махуэ 365-рэ хэту. Ар къыщахутэми иригъуэзащ дыгъэмрэ мазэмрэ зэрызэблэкIым.

Пасэрей Урымым илъэсым къыщыщIидзэрт щIышылэм и 1-м. Пасэрей алыджхэм гъэмахуэм щыщIидзэу къалъытэр илъэсым и махуэ нэхъ кIыхь дыдэ къыщыхэхуэрт – бадзэуэгъуэм и 22-р.

         Пасэрей Урым къэрал лэжьакIуэ, дзэзешэ Цезарь Юлий махуэгъэпсыщIэ къигупсысащ. Зэманыр абы къыщыпщытат Мысырым и гъэмахуэ илъэсым тещIыхьауэ. Махуэгъэпсым и зэхъуэкIыныгъэхэр ди эрэм и 46-нэ гъэм къэхъуащ. ЗэхъуэкIыныгъэхэм япэкIэ гъэм и зэманхэр къыкIэрыхуу къабжырт махуэ 90 хуэдизкIэ. ЕтIуанэу махуэгъэпсым теухуа зэхъуэкIыныгъэшхуэхэр къэхъуащ 1582 гъэм. Ар и унафэт Григорий XIII-м,  икIи махуэгъэпсым «григорянскэ» фIащащ. Европей къэралхэр арэзы къищIащ григорянскэ махуэгъэпсым. ИужькIэ Алыджым, Тыркум, Румынием, Мысырым, Китаим ар къыщащтащ.

         Пасэрей Урысейм къыщагъэсэбэпу щытащ Цезарь Юлий и махуэгъэпсыр. Махуэхэр махуибл хъу тхьэмахуэу ягъэбелджылыт. Илъэсыр къихьэу ябжырт ФокIадэм и 1-м. 1700 гъэм Пётр I -м унафэ ищIащ Урысейм и махуэгъэпсыр Европейхэм яйм трагъэхуэну. ИлъэсыщIэр щIышылэм и 1-м ягъэлъапIэ хъуащ.

Урысейм махуэгъэпсым и зэхъуэкIыныгъэшхуэ щекIуэкIащ 1918 гъэм. Зэманыр тхьэмахуитIкIэ кIуэта хъуат, псалъэм щхьэкIэ, мазаем и 1-р мазаем и 14 махуэу къабжырт. Ауэ абыхэм мыхьэнэ ягъуэтакъым. Нобэ дрогъуазэ XX лIэщIыгъуэм къэунэхуа махуэгъэпсым.

 

Зыгъэхьэзырар ГУГЪУЭТ Заремэщ.
Поделиться: