Жэнэт псэукIэм хуэплъэу

ЕтIуанэ Iыхьэ
Кавказымрэ Тыркумрэ куэд лъандэрэ зэпыщIат. А зэпыщIэныгъэр ехьэлIат политикэми, динми, сатуми. Тенджыз ФIыцIэ бжьэпэхэм щаухуа быдапIэхэм къикIыурэ бгырысхэм куэду къаIэрыхьэрт Iэщэ-фащэхэр, ахъшэхэр. Абыхэм ящыщ Iэджэ Тыркум и унафэм щIэхуат. Абыхэм я къару зэхэлъыр зыхуэгъэзар зы бийт: урысхэрат. А къарур нэхъри нэхъ лъэщыж ищIу лъэныкъуитIым яку дэлът муслъымэн диныр. А диным и узэщIакIуэу муслъымэну щыIэ псоми ябжырт тырку пащтыхьыр. 
КъимыдэкIэ, бгырысхэм нэхъыбэу сатущIэгъуу яIэр Тыркурат. Адыгэпщхэмрэ уэркъхэмрэ тырку пащтыхь бжаблэм ит зэпыту къекIуэкIырт. Абыхэм къалэнышхуэ я пщэ дэлът: хэкум къинахэр псэлъэгъу ящIурэ къагъэIулэрт езыхэр здэIэпхъуа «жэнэтым» яшэну. Бгырысхэм ящыщ куэдым Iэджэ лъандэрэ къалъытэрт тыркухэм нэхъыфIу псэурэ а къэралым нэхъ лъэщрэ щымыIэу. Урысейр къыщезауэкIэ, бгырысхэр сыт щыгъуи дэIэпыкъуэгъукIэ зыщыгугъыр Тыркурат. Кърым зауэр иуха нэужь, бгырысхэм хьэкъыу япхыкIащ урысхэм уазэрытемыкIуэнур, апхуэдэу щыщыткIэ, абыхэм къахуэнэжыр хэкIыпIитI къудейт: е Урысейм и унафэм щIэувэн, е, хэкум икIауэ, Тыркум Iэпхъуэн. А иужьрейр зыфIэкъабылхэм нэхъ къащтэрт, урыс джаурхэм зрат нэхърэ, жэнэт псэукIэ дахэр къащыпэплъэу я гугъэ Тыркум Iэпхъуэныр. 
Кърым зауэр зэриухарауэ, Урысейм и къару псори хуеунэтI икIэщIыпIэкIэ Кавказыр къэгъэIурыщIэным. Аращ нэхъыбэу къызыхэкIар бгырысхэм заIэту Тыркум Iэпхъуэныр. А Iуэхум япэу пэрыхьар тенджыз ФIыцIэ Iуфэм игъащIэ лъандэрэ щыпсэу адыгэхэращ. Абыхэм куэд щIат Тыркум пыщIэныгъэ зэрыхуаIэрэ – сату IуэхукIи, нэгъуэщIхэмкIи. Хэкур бгынэным япэу щIэзыдзар зи лэжьакIуэхэри гъусэ зыщIа бейхэмрэ лъэкIыныгъэшхуэ зыбгъэдэлъхэмрэ я закъуэщ. Апхуэдэ IэпхъуэкIэм УрысеймкIи ТыркумкIи мыхьэнэ щIагъуэ иIэтэкъым. АрщхьэкIэ а IэпхъуэкIэм куэд мыщIэу зехъуэж: къанэ щымыIэу зэрылъэпкъхэу ирагъэкIыу щIадзэ. Я хэкур къабгынэн хуей хъуащ убыххэм, шапсыгъхэм, нэгъуейхэм, абазэхэхэм, абазэхэм, бжьэдыгъухэм, мэхъуэшхэм, беслъэнейхэм, нэгъуэщIхэми. I858 гъэм къыщыщIэдзауэ I865-м нэсыху хэкум икIащ цIыху 493194-рэ. Ар къэралым къызэрибжу щытам тещIыхьауэщ, зы унафи кърамыдзэу, зыми емыупщIу, езыр-езырурэ Iэпхъуахэм я бжыгъэр зыми ищIэркъым. 
Къызыщыгъэхъугъуей апхуэдиз цIыху бжыгъэхэм лъахэр ябгынэныр къызыхэкIар урысхэм Кавказым щрагъэкIуэкI политикэращ. Зиусхьэн Берже зи унафэщIу къызэрагъэпэщыгъа географическэ комиссэм къызэрихутэгъамкIэ, а лъэхъэнэм Кавказым унафэр щызыубыда урыс къулыкъущIэхэм къалэну зыхуагъэувыжауэ щытащ бгырысхэм езэуэным ехьэлIауэ а щIыпIэм иджыри къэскIэ щрагъэкIуэкIа политикэр къанэ щымыIэу зэрахъуэкIыну. Абыхэм я мурадыр зыхуэунэтIар IуэхугъуитIт: япэрауэ, бгырысхэм я бжыгъэр хэпщIыкIыу нэхъ мащIэ щIын; абы щхьэкIэ щIэн хуейр, сыт хуэдэ Iэмалри къэгъэсэбэпауэ, ахэр Тыркум гъэIэпхъуэн, мыдрейуэ, хэкум къинауэ хъуар бгылъэ щIыпIэхэм къишауэ тафэхэм игуэшэн; ахэр щыпсэуа щIыпIэхэм къэзакъ жылагъуэхэр игъэтIысхьэн. 
Я лъабжьэжьым зыкъытрачу зи псэупIэр зыхъуэжыну ирахулIэ бгырысхэм я псэуалъэхэри, я Iэщри, я гъавэри къызэранэкIын хуейуэ къахудэкIырт. А псори къахуэнэрт ахэр щыпсэуа щIыпIэм ирагъэтIысхьа къэзакъхэм. Езы бгырысхэм ящыщ куэд мылъкуншэ къабзэу щызэтрихьэрт Анапэрэ Новороссийскрэ, адрейхэр – урысхэм зэкIэ ямыубыда щIыкIэ тенджыз ФIыцIэ Iуфэ бжьэпэхэм. Абдежхэрат ахэр щытехьэр жыхьэнмэ пэлъытэ дунейм хуэзышэну гъуэгуанэ бзаджэм. Ахэр а гъуэгум трашэрт тырку кхъухьхэми, мо насыпыншэхэр псынщIэу я натIэм ирагъэкIын папщIэ урыс правительствэм къыщIиIукI кхъухьхэми. Ауэ, мохэр апхуэдизкIэ куэд хъурти, тенджызым уризэпрыкIын щхьэкIэ мащIэт лъэныкъуитIми къызэрагъэпэщ кхъухьхэр. Арати, мелуан ныкъуэм нызэрыхьэс бгырыс тхьэмыщхьэкIэ къомыр, чэзур къалъысыным пэплъэу, илъэс ныкъуэкIэ, илъэс псокIэ, нэхъыбэжкIэ тенджыз Iуфэм щыIус къэхъурт. Ауэ щыхъукIи, зыщIэсын лъэпкъи зэрыпсэуни ямыIэу. Абыхэм я фэм хьэзабу дэкIыу щытар къыпхуэмыIуэтэжыным хуэдизщ. Зэрыерыскъыншэхэм къыхэкIыу, мин бжыгъэкIэрэ зэтелIэхэрт. ЩIымахуэм щIыIэм зэтрисхьэрт. Тенджыз Iуфэр зэрыщыту хьэдэхэмрэ шхынщIэлIэхэмрэ яуфэбгъуат. Зи псэр пытхэм я Iуэхури нэхъ щIагъуэтэкъым: яхущIэмылъхьэж хьэдэ бжыгъэншэхэмрэ шхын щхьэкIэ зэтелIэу плъагъу мо къомымрэ псэууэ щIым ущIахуэным хуэдизт. АрщхьэкIэ гугъэ мыгъуэхэрт. Гугъэхэрт я чэзур къэсу тенджызым зэпрашыну. Ауэ щыхъукIи, зыхуэпIащIэ щIыпIэм къащыпэплъэр ямыщIэу… 
Апхуэдиз гугъуехьымрэ хьэзабымрэ пыщIауэт бгырысхэр кхъухьхэм зэритIысхьэфыр. ИтIани гъуэгу мыгъуэ ежьэ тхьэмыщкIэхэм я бжыгъэр нэхъ мащIэ хъуртэкъым. Ахэр зыгъэIэпхъуэхэм ящIэр ящIэж пэтми, мохэр зи щIэхэр гъуанэ кхъухьхэм ираубэурэ ирагъажьэрт. Ерыскъыри псыри къызэмэщIэкI, апхуэдизу Iувуи зэхэкIута къомыр гъуэгум щызэтелIэрт. Псыми щIимылъэфауэ ажалми къелауэ зи псэр пыт къудейуэ тырку щIыналъэм нэсахэми къапэплъэр махуэ мыгъуэт…
Поделиться:

Читать также: