Пэжыр хуэмурэ зэхокI

  Дунейм щыцIэрыIуэ цIыхушхуэ гуэрым адыгэлъ зэрыщIэтым теухуа къэхутэныгъэхэр сыт хуэдэ зэмани гъэщIэгъуэнщ. Ди фIэщ тщIыну ди жагъуэкъым, ауэ шэчыр щынэхъыби къытхуохуэ. Сыту пIэрэ и пэжыпIэр аргуэру зытепсэлъыхьын щIадзэжа, «Да Винчи Леонардэ и анэр адыгэщ» хъыбарыщIэм? Зи макъ зэхэтхыр и хэкуэгъу щэджащэр «итальян ныкъуэу» къызэрыщIэкIар къэзыгъэнаIуэ урым профессор Вечче Карлэщ.

Гъатхэпэм и 15-м Италием къыщыдэкIащ Неаполь дэт КъуэкIыпIэ университетым и профессор, КъэщIэрэщIэжыгъуэ лъэхъэнэм и тхыдэм елэжь, Да Винчи Леонардэ и гъащIэр илъэс 20 хъуауэ зыдж Вечче Карлэ и тхылъыщIэ. «Катеринэ и гуфIэкIэр» къэхутэныгъэкъым, атIэ тхылъ зэхэлъхьащ. ЩIэныгъэлIым зэрыжиIэмкIэ, дэфтэрхэр зи тегъэщIапIэ лэжьыгъэри куэд дэмыкIыу хьэзыр хъунущ. Ауэ тхылъитIри зытеухуар зыщ: Да Винчи Леонардэ и анэр КъухьэпIэ Кавказым, Адыгэ Хэкужьым щыщ хъыджэбзщ.

Да Винчи и анэр адыгэу хуагъэфэщэн щыщIадзар иджыкъым. 2012 гъэм Инджылызым щыщ нэгъуэщI щIэныгъэлI, Пеппер Куртис «Леонардэ» зыфIища новеллэм щытепсэлъыхьауэ щытащ Катеринэ зи цIэ абы и анэр адыгэнкIи зэрыхъунум. 2018 гъэм «Адыгэ псалъэм» тетащ Хьэту Пётр зэридзэкIа а новеллэм щыщ пычыгъуэ. Адыгэ щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ дуней хъурейм щызэбгрызыгъэкIхэм ящыщт Кърым хытIыгуныкъуэр а лъэхъэнэм зыIыгъа Генуем щыщ сатуущIэхэр. КъарууфIэхэр Мысырым яшэрти, мамлюкыдзэм хагъэхьэрт, хъыджэбзхэм шаххэмрэ сулътIанхэмрэ я хьэрэмхэр ягъэщIэращIэрт. ЦIыхухэр ящэу щыщыта а лъэхъэнэм адыгэ пщащэр Италием къыщыхутэныр мыфIэщщIыгъуейми, Пеппер и хуэгъэфэщэныгъэм дзыхь хуэпщIыну гугъут. Сыту жыпIэмэ, зи уасэр лъагэ адыгэ пщащэхэм нэгъуэщI лъэпкъхэм ящыщу хагъэзэрыхьри мащIэтэкъым. Чыристаныгъэ кърагъащтэу, Катеринэ зыфIаща ныбжьыщIэр Сэтэнейуэ щытауэ, и адэм и цIэр Бланэшууэ, ар монгол-тэтэрхэм хахуэу зэрезауэм щхьэкIэ къыфIащауэ, езы хъыджэбзыр и анэнэпIэс бзаджэм урым щэхуакIуэхэм ярищэу, зэрыхужьым, зэрыдахэм, дэкIэ зэрищIэм щхьэкIэ, Генуем щыщ щэхуакIуэхэм къыхахауэ зыIуатэ хъыбарым къагупсысаифэ тетт.

Ардыдэр игу къэкIри, Адыгейм щыщ журналист, АГУ-м урымыбзэр щезыгъэдж, гъэкIэ студентхэр Италием зышэ Панеш Саидэ, Пеппер жиIэм и пэжыпIэр зэхигъэкIыну, езыми интервью къыIихын и мураду, гъуэгу техьэри, щIэныгъэлIыр дунейм ехыжауэ къыщIэкIащ. Саидэ зыхуэзэфар Да Винчи и музейм и унафэщIырщ. Абыи шэчышхуэ къытрихьэрт сурэтыщI щэджащэм и анэм епха «адыгэ версием».

Я лъэпкъэгъу цIэрыIуэм и гъащIэ гъуэгур зыдж щIэныгъэлI щымащIэкъым Италием. Апхуэдэ зыбжанэм Леонардэ и анэр къащэхуа пщылIу зэрыжаIэм игу зригъэбгъэжырти, ар зэрыпцIыр къыщIигъэщыну арат нобэ дызытепсэлъыхь Вечче Карлэ ерыщу дэфтэрхэм щIыхэплъэр. «Лэжьыгъэм иужь сыщIихьар Катеринэ зи цIэу жыхуаIэ Да Винчи и анэр зэрыурымыр, зэрымыпщылIыр наIуэ къэсщIын папщIэт, арщхьэкIэ си пащхьэм къихута щыхьэтхэм срагъэкIуэтащ», - жеIэ къэхутакIуэм. Леонардэ хуэдэ цIыхушхуэм и анэр пщылI мыхьэнэншэм къилъхуауэ зи гум имыдэ щIэныгъэлIым уэри щIыри зэригъэдзэкIа нэужь, Катеринэ Екъуб зи цIэ, Кавказ Ищхъэрэм щыщ адыгэпщым зэрипхъур къищIауэ жеIэ.

 Вечче Карлэ Флоренцием и къэрал архивым къыщигъуэтащ Да Винчи и анэр гъэрыпIэм къизыша, нэгъуэщIу жыпIэмэ, и уасэр щIату, хуитыныгъэ зэрырата дэфтэрыр. 1452 гъэм щэкIуэгъуэм и 2-м ятха а тхылъымпIэм нотариусу, хабзэзехьэу щыта щIалэ цIыкIум и адэм и IэщIэдзыр щIэлъщ. Мэлыжьыхьым и I5-м дунейм къытехьа Леонардэ абы щыгъуэ илъэс ныкъуэ хъуми арат. Вечче зэрыжиIэмкIэ, IэнатIэфI зыIыгъ Да Винчи Пьеро хабзэкIэ щхьэгъусэ хуэхъуа нэгъуэщI цIыхубзым бын щыдимыгъуэтым, илъэсищкIэ и анэм ипIа Леонардэ езым и деж ишэжри, и унэцIэри иритащ. Да Винчи и щIэныгъэ куури, бгъэдэлъ Iэзагъри къызыбгъэдихар и адэм къыхуигъуэта егъэджакIуэхэрщ.

Леонардэ теухуауэ нобэрей цIыхум и нэгум псом япэ къыщIэувэр ар цIэрыIуэ зыщIа «Монэ Лизэ» сурэтырщ. Ауэ ар сурэтыщI къудейуэ щымыту, куэдым хуэIэзэ цIыху гъэщIэгъуэнт. Да Винчи и цIэм ирапх цIыху цIыкIум нобэ имыIэу къыхузыфIэмыгъэщIыж Iэмэпсымэхэр: бжьыныхупIытIыр, лъакъуэрыгъажэр, хыщIагъ кхъухьхэр, лэныстэр, танкыр, парашютыр, лъэмыж зэгуэкIыр, иджыри нэгъуэщI куэд. Да Винчищ япэу уэгум ихьэф кхъухьлъати, жьыхулъати, мывэрыдзи къэзыгупсысар. Езыр-езыру къэзыжыхьыф, шэрхъиплI зыщIэт гури абы и нэгум япэу къыщIыхьагъэнщ. Куэд щIакъым къызэрахутэрэ, и сурэтхэр зэмыкIуэкIын папщIэ, Леонардэ абыхэм джэдыкIэ уда ящихуэу зэрыщытар. Абыхэм узэрызыщIашэ къарури физикэ IэмалкIэ абы ирихьэлIа щэхум и фIыгъэщ.

Фи нэгу къыщIэвгъэхьэт, ЩоджэнцIыкIу Алий е КIыщокъуэ Алим «адыгэ ныкъуэщ», и адэр е и анэр адыгэкъым хужаIэмэ, дэ зэрызытщIынкIи хъунур. Апхуэдэ гуэрщ мы махуэхэм Италием щекIуэкIыр. Нэхъ лъапIэ дыдэу къалъытэ я хэкуэгъухэм яз, къызэрыщIэкIымкIэ, «и ныкъуэм нэс фIэкIа итальянкъым».

ХъыбарыщIэр дунейм щызэIэпызых журналистхэм ди къэралым щыщхэри къакIэрыхуркъым. «Да Винчи Леонардэ и анэр Урысейм щыщ лъэпкъым къыхэкIауэ къыщIэкIащ», - ятх абыхэм, къащIам иригушхуэу.

 «Сыт дэ абы къытхуихьыр?» - жызыIэхэми жэуап гуэр яхуэфащэу къыдолъытэ. Тхыдэр щIаджыр зацIыхужын папщIэщ. Сыт хуэдэ цIыху лъэпкъыгъуэ дыкъызытехъукIар? Сыт хуэдиз ди лъым «къыхуэгъэпкIынур?» А упщIэхэрщ зи жэуап къэтлъыхъуэр, армыхъумэ урымхэм «закIэрытцIэлъын» хъуэпсапIэ диIэкъым, дызэрыщытуи дызрокъуж. «Дэ апхуэдэу дыхъуфынукъым» жыдмыIэу, тхузэфIэкIым дытегушхуэн папщIэщ а псори къыщIэдулъэпхъэщыр. «Адыгэ цIыхубзым и лъы ткIуэпсым лъэхъэнэ псо ехъуэжыф» жезыгъэIа ди япэ итахэм я мэ гуэр иджырейхэм къыткIэрихыжу пIэрэ?! Дывгъэлъыхъуэ, къэдвгъащIэ, зыдвгъэужь!

                                               ЧЭРИМ Марианнэ.

 

Поделиться: