ЗыплъыхьакIуэ нэгузыужьЖурналистым и лэжьыгъэр шым шэсу зекIуэ ежьэ шум ещхь мэхъу зэзэмызэ. А зэгъэпщэныгъэр дигу къегъэкI Къарей Элинэрэ Багъэтыр Луизэрэ Хьэрып Эмират Зэгуэтхэм зэрыщыIам, я нэгу щIэкIахэмкIи къызэрыддэгуэшам. Адрей щIыпIэхэм къадэкIуэу, хъыджэбзхэм ялъэгъуащ къэралым и щыхьэр Iэбу-Даби дэт, щихъ Зэйд и цIэр зезыхьэ мэжджытыр. - ЖыпIэкIэ пхуэухынукъым абы и дахагъымрэ узэрызыIэпишэ къарумрэ, - игу къегъэкIыж Къарей Элинэ и нэгу щIэкIахэр. – Мэжджыт кIуэцIым дыщIэтыху, егъэлеяуэ гъэщIэгъуэну абы и тхыдэм къытхутепсэлъыхьащ ди экскурсоводыр. Уз зэрыцIалэм зиубгъун ипэкIэ, мэжджытым щIыхьэ псоми пщIэншэу къащтэну хуиту щыгъын щIэлъу щытащ. Пандемиер къежьа нэужь, ар уз зэIэпыхыпIэ хъункIэ гузавэхэри, хэт хуейми къищэхуну хуиту, гъунэгъуу тыкуэнхэр ягъэуващ. Мэжджытым зэрыхуэфэщэну умыхуэпауэ узэрыщIамыгъэхьэнур сщIэрти, Египетым къыщысщэхуа си бостейр здэсхьат. ДемыупщIу тхуэшэчакъым Эмиратхэм щыщ цIыхубз псоми теубгъуэн фIыцIэ зэращыгъым и щхьэусыгъуэми. А «абайя» жыхуаIэм щIакIуэм ещхьу, бзылъхугъэр нэм къыфIэзыгъэнэнкIэ хъуну щыгъын дахэхэр щIихъумэу аращ. Апхуэдэ щIыкIэу ахэр икIи къабзэу къонэ. ЦIыхухъухэм ящыгъыр хужьщ. «Абайехэр лъапIэ дыдэщ, щэкI лIэужьыгъуэ гуэрым къыхэщIыкIащ, уэр-уэруи пхуэжьыщIынукъым, абы хуэIэзэ IэщIагъэлIхэм захуэбгъэзэну фIэкIа», - къыджиIащ экскурсоводым. – Ди гуапэ хъуащ Урысейм къикIахэр фIыуэ зэралъагъури. Путин Владимир хуэдэу ягъэхьэщIа къэрал унафэщI зэи тлъэгъуакъым, къыджаIащ».
Поделиться:
Читать также:
27.09.2023 - 17:48 →
Гуапагъэмрэ дахагъэмрэ дунейр кърагъэлынущ!
27.09.2023 - 17:00 →
Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я махуэм траухуэ
25.09.2023 - 13:11 →
ФIагъым пщалъэ иIэкъым
24.09.2023 - 12:11 →
Ди махуэшхуэм и щIыхькIэ
21.09.2023 - 14:54 →
Дали и дамыгъэхэр
|