Тхэныр зи гъащIэ, зи дуней

УФ-м и ТхакIуэхэми и Журналистхэми я зэгухьэныгъэхэм хэт, телевиденэм и лэжьакIуэ, усакIуэ, сценарист, режиссёр Чэнджэщауэ Артур и лэжьыгъэхэм щIэупщIэ яIэщ.
Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и къалащхьэ Черкесск Артур къыщалъхуащ 1988 гъэм. И ныбжьыр илъэсипщI зэрырикъурэ адыгэбзэкIи урысыбзэкIи усэ етх. Илъэс 15 щыхъум Черкесск къалэм къыщыдэкI «День республики» газетым и усэхэм ящыщ куэд къытехуащ. Абы и усэхэм щыщ традзащ Кавказ Ищхъэрэм, Урысейм къыщыдэкI газетхэмрэ журналхэмрэ, «Литературная газета»-р хыхьэу. 
Курыт еджапIэ нэужьым, 2005 гъэм ар Ставрополь къэрал университетым и экономикэ факультетым щIэтIысхьащ. Зригъэгъуэта IэщIагъэм илъэс зыбжанэкIэ ирилэжьа нэужь, и гъащIэм къыгуэхыпIэ зимыIэ творчествэм и гупэр хуигъэзэжащ. Экономикэ IэщIагъэм хуеджами, къекIэрэхъуэкIыжри, зэрыцIыкIурэ зыщIэхъуэпс журналист лэжьыгъэр 2014 гъэм IэщIагъэ хуэхъуауэ нобэр къыздэсым «Архыз-24» телеканалым щолажьэ. А зэманым къриубыдэу щIэупщIэ зиIэ программэ щхьэпэ куэд игъэхьэзыращ. Апхуэдэщ «Стих и я», «Молодёжный совет», «Пойдём в кино», «Шоу город» программэхэр.
 - Сабий гъэсапIэм сызэрыкIуэрэ усэхэм сыдахьэх. Абы гу щылъитэм, си анэм тхылъхэр щащэ тыкуэным сишэу Высоцкий Владимиррэ Шекспир Уильямрэ я усэ тхылъхэр, Хайям Омар и сонетхэр къысхуищэхуауэ зэрыщытар сигу къинэжащ. КъыкIэлъыкIуэу сыдахьэхат зыбжанэрэ къытезгъэзэжурэ сызэджа Пушкин Александр, Лермонтов Михаил, Гамзатов Расул я усэхэм. Ахэр куэдкIэ къысхуэщхьэпащ. ГушыIэ жанрыр къэбгъэсэбэпу, ди лъэпкъыр зыгъэгузавэ Iуэхугъуэ куэдым я гугъу пщIы мэхъу, - жеIэ Артур. – Дэнэ щIыпIэ сыщыIэми, сыт хуэдэ IэнатIэ сыпэрытми, анэдэлъхубзэр зджыну, абы хэлъхьэныгъэхэр хуэсщIу зезгъэужьыну си мурадщ. Дэтхэнэ зы адыгэми дызыкIэлъыплъыжыну къытлъос, ди дуней тетыкIэмрэ ди хьэл-щэнхэр нэгъуэщIхэм къызэрыддалъагъумкIэ жэуаплыныгъэ дохьри. Ди нэхъыжьыфIхэм къытхуагъэна хъугъуэфIыгъуэхэм гулъытэ хуэдывгъэщI! ДыкъызыхэкIар, ди лъабжьэр, анэдэлъхубзэр, тхыдэр, щэнхабзэр, лъэпкъ хабзэхэр дывгъэхъумэ! Ди нэхъыжьыфIхэр дэркIэ гушхуэн хуэдэу дывгъэпсэу!
2010 гъэм абы къыдигъэкIащ «Шёпот предков» зыфIища и япэ усэ тхылъыр. Абы лъабжьэ хуэхъуащ Урысейм, Кавказым, адыгэм я тхыдэр. А гъэ дыдэм и кIэм нигъэсащ тхыдэр зи лъабжьэ, куэдым ягу дыхьа «История Черкесии в стихах» и тхыгъэр. Дуней псом щыпсэу адыгэхэр абы Youtube каналымкIэ еплъащ икIи ягу ирихьащ. 2011 гъэм щыщIэдзауэ ар мызэ-мытIэу хэтащ Кавказ Ищхъэрэм и тхакIуэ ныбжьыщIэхэм я зэхыхьэхэм. Къэрэшей-Шэрджэсым и Iэтащхьэм литературэмрэ гъуазджэмкIэ и саугъэтым и лауреат хъуащ 2018 гъэм. А гъэм къыдигъэкIащ «Перо и кинжал» и етIуанэ усэ тхылъыр. 
КъищынэмыщIауэ, Артур кинематографиеми дехьэх. Документхэр зи лъабжьэ фильм зыбжанэм я режиссёру, сценаристу, продюсеру зыкъигъэлъэгъуащ. Ар - «160 дней», «Дороги мира и войны», «Мундир», «Алмасты: снежный человек», «Герои Черкесии» фильмхэрщ. 
Артур Кавказ эстрадэм и артистхэми жыджэру ядолажьэ. Абы щIэдзапIэ хуэхъуащ 2010 гъэм и псалъэхэр зыщIэлъ «Гимн черкесов» уэрэдыр Дзыбэ Магомет зэригъэзэщIар. Нобэ абы иуса уэрэд 200-м щIигъум композиторхэм макъамэ щIалъхьауэ уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэхэм ягъэзащIэ. Быштэ Азэмэт, НэщIэсэ Анжеликэ, Тхьэгъэлэдж Мурат, Итляш Ислъам, Эльдар Айдэмир, Лэгъучэ СулътIан, Мугу Айдэмир, Халатов Артур, Нальгиевэ Лемэ сымэ, нэгъуэщIхэми. 

 

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: