Мывэбру

«Мывэбрум зэ дынэсыжатэмэ, ди унэ дынэсыжа тщыхъунт», - жиIэрт сыт щыгъуи си щэкIуэгъу Тыгъуэн дадэ, Гынгухъущхьэ щакIуэ дыкъыздикIыжым. Пэжт Тыгъуэн зи гугъу ищIыр, зыщIыпIэ егъэзыпIэ щыдмыщIмэ, ди лъэр ди унэ нытхуэхусыжынутэкъым. Дезэшат. 

Зэманыр ахъшэмымрэ жасымрэ я зэхуакут. Арами, Мывэбрум и Iэхэлъахэм тIэкIу зыщимыущыхьауэ, си щэкIуэгъу лIыжьым игу зэгъэнутэкъым. Сыт и щхьэусыгъуэми, Мывэбрум и куэщI бгъуэнщIагъ уэхым дыщетIысэхащ. Псынэ хьэлэмэтри гъунэгъут, пхъэ гъэсынри гъунэжт. Псынэхухьэблэ дыщынэмысыжыфынукIэ, мыбдежыр увыIэпIэ пылъхьэншэт.
МафIэ зэщIэдгъэсту лэгъуп пыддза нэужь, Тыгъуэн дадэ щIэуфэ игъэхьэзырам щетIысэхри, тутынкIэ игъэнщIа и лулэр зэщIигъанэурэ зыкъысхуигъэзащ:
- НэхулъэфI дыкъекІмэ, Хьэрис, Мывэбрум и бэнапцIэм псыджэдрэ бжэнрэ дыщеуэнщ. Псылъэ къамылхэм бабыщыр щыбэщ. КхъуэпIащэри аращ. Бжэнхэри мо дыгъафIэ къыр мэзхэм щыбэгъуащ. Шэр ди куэдщ, шэгынри Гынгухъущхьэ щыдгуащ. ДыщезэшакIэ IэнэщIу Псынэхухьэблэ дгъэзэжынкъым, дыбынунэщ, дыныбжьэгъу-жэрэгъуншэкъым. «Бохъусыж, Тыгъуэн дадэ!» - жаIэмэ, «фыпсэуж», - жытIэнщ. Зы махуэ-махуитI гугъу зедгъэхьыжынщ, IэмыщIафIэу бынми ныбжьэгъухэми дахыхьэжын папщIэ.
- Игъуэщ, Тыгъуэн, уи унафэр, - жысIащ сэ. Ауэ мы пIастэ хуабэм сыт дэтшхмэ нэхъ уи гуапэ, бжэныл хьэмэрэ дудакъыл? - зыхуэзгъэзащ сэ лIыжьым, тIури лы хъарзынэми, нэхъ игу ирихьынур къасщIэмэ сфIэфIу, хьэнтхъупс щхьэщысхар зэрыт Iэ лъэныкъуэ пхъэ шынакъыр и пащхьэм здизгъэувэм. 
 - Бжэныл шыуам щыщ гъажьэ, Хьэрис, дудакъыр тхьымэ быныр нэхъ иригуфIэнщ, шыпс щIэщIыхьауэ нанэ игъэхьэзырмэ. Ар гуэгушылым хуэдэщ, лы телъыджэщ. 
- Хъарзынэщ, Тыгъуэн, дудакъ щхьэ лъэныкъуэри нанэ гъунэгъу Іыхьэу гъунэгъу дадэ хуебгъэхьынщ, - дыхьэшхыурэ, дзасэм фIиIуа лыр мафIэ дэпым щигъэжьэн щIидзащ Хьэрис, «гушыIэ тхьэм и щIасэщ» жригъэIэмэ фIэфIу.
 - Ухэныпэ нэхърэ лъэхъуэмбыщIэ, Хьэрис, мэзджэдыщхьэкъым - дудакъыщхьэщ, гъунэгъу дади абы епэгэкIынкъым, - хьэнтхъупс пщтырым зи гур къигъэхуэбэжа Тыгъуэни къэгушыIащ. АпщIондэхукIэ бжэнылыр хьэзыр хъури, щакIуитIыр етIысылIащ. 
«Ныбэм и лажьэр IуэтэжыгъуафIэщ» жыхуаIэрати, пщыхьэщхьэшхэр щызэфIэкIым, пхъэ дакъэжь мафIащхьэм я лулэхэр щызэщIагъанэри гъуэлъыпIэм зыщрагъэщIащ. 
ГъэмахуэкIэ жэщт. «Узгъэгугъэрэ уи дэуэгъурэ» жыхуаIэрати, Мывэбрум и хъыбар иIуэтэжыну лъаIуэу, Хьэрис зыхуигъэзащ Тыгъуэн дадэ.
 - Мызэ-мытIэу ди лIыжьыфIхэм Къущхьэхъум щаIуэтэжу захэсхат. УщIалэу зэхэпхар пщыгъупщэжкъым, щхьэм къонэ. Уеблэмэ уэрэди епхащ Мывэбруужьым. 
Сэри си тхьэкIумэхэр згъэкIащ сыдэIуэну, уэрэдыжь абы зэрепхами сыщыгуфIыкIыпэу, зэрызэхэсхынури си гурыфIыгъуэу.
- КъэдаIуэ, умыжей, - педзэ и псалъэм Тыгъуэн дадэ. - Мы бгъуэнщIагъыпэ дызыщIэльымрэ Бэчбий ЦIыкIу (щIыпIэцIэщ) и кIахэу зи ныбжь къыттридзэ мо бгы блыныжь узыIуплъэмрэ я кум а тIур зэхуищIу мывэ къалэ дэтащ, банэ бжыхь лъагэкIэ гъэбыдэжауэ. Абы лъэскIи шы-уанэ зэтелъкIи езэгъыгъуафIэтэкъым. Дауи, а быдапIэр адыгэхэрщ, ди адэжьхэрщ зыщIар. ЛIэщIыгъуэ зыбжани дэкIагъэнщ зэраухуэри: яхь-яшхым и зэмант. А лъэхъэнэм, сэ зэрызэхэсхыжамкIэ, адыгэ къуажэхэр жьэгъухэм щIэсащ, ди бгыжьхэр щызэпыу щыпIэхэм: Марыхъу быдапIэм, Къущхьэхъу бгыжьхэм, Псыжь, Инжыджыжь, Уарп, Лабэжь псыхъуэ я пэужь-жьэгъухэм, къедза уэххэм. АтIэ, а лъэхъэнэм псэуащ, зэрыжаIэжымкIэ, лIы бланитI, зым нэхърэ адрейр нэхъ лъэщыжу: СэфрэлIокъуэрэ Ажджыр и къуэмрэ. 
ТIури зекIуэлIт, нарт Сосрыкъуэрэ Андемыркъанрэ хуэдгъэдэну, шыуэ зытесхэри Жэманшэрыкъ ещхьу щхьэмыгъазэу. Ахэр Ашэмэзу исыкIыфырт зи нэр къыщыпкI Псыжь. Инжыджыжьым и мывэ лъэмыж пэнтIыкъыу, щхьэр здэуназэу псы архъуанэжьхэр къыздивыкIым СэфрэлIокъуэр елъауэ жаIэж базкIэ къыпехьахэм ялъагъуу. Апхуэдэ лIыгъэ Ахъмэт зекIуэлIми зэрихьэгъаш, Ахъмэтыбгым елъэу Лабэжь псы ябгэм исыкIыжауэ ди дадэжьхэм яIуатэм. 
АтIэ, си щIалэ, Ажджыр и къуэм шыбгъэкIэ зэпитхъащ Мывэбрум и банэ бжыхьыр, тэтэр шу дзэпщыр щIакIуэ кIапэм щыхигъэщIащ, Урысей дзэпщ Донскойм Мамай-хъаныр зэрыхигъэщIам хуэдэу. А лIы бланэми адыгэр щихъумащ тэтэр зэрыпхъуакIуэхэм. 
Тыгъуэн дадэ и унафэр тхьэкIумэкIыхь унафэ хъужакъым, щакIуитIыр Мывэбрум и зы бгъуэнщIагъым нэхулъэфI къыщекIа нэужь. А тIур хуэзащ кхъуэпIащэми, щомыщми, уеблэмэ мыщэмрэ дадэрэ Адииху банапцIэм деж фIэхъус щызэрахащ. Я щIакIуэ кIапэм хэтIэ-хэси щызэрыщIащ: ар мыщэ хабзэт. Абрэмыви пхъэ дакъэжьи зэдадзащ, ауэ Тыгъуэн дадэ адыгэ щакIуэ напэр трихакъым: абы и лIыгъэм къихьащ и нанэ гуащэ щомыщ тенджэдыгупхъэр саугъэту хуигъэхьэзырын. 
Бжьыхьэпэ мазэщIэр къэунэхуат. Ар гуфIапэу Псынэхухьэблэ къыдэплъэрт, Джэрпэджэж бгыщхьэм къытесыпэ къыпфIэщIу. КъэблэмкIэ лъэтэж кърухэми я макъыр адэ жыжьэу уэгу нэхъ лъащIэ нэхумкIэ гуапэу къыщыIурт, зэми гур ягъэмащIэмэ, мыдрейм дежи ягъэгуфIэу. 
ЗэщэкIуэгъухэр Псынэхухьэблэ узышэж гъуэгум тетщи: «СэфрэлIокъуэр зытес шы къарэм уафэ гъуагъуэм зыхрегъадзэ, дыжьыныжьыр зи бгъэрыдзэныр емыкIу лъагъуэм хьэщыкъ къыщыхуохъу...», - дадэм жиIэурэ, и дзапэ уэрэдым зримыгъэIэтыщэу, и гъуэгупэ хигъэщIырт. АбыкIэ Тыгъуэн къиIуатэрт арэзы хъуарэ гукъыдэж иIэу и бынунэм зэрахуэкIуэжыр. Дауи, нанэ иджы и лIыжьым къещэнтэкъым: «Уи лъакъуитI мыгъуэрщ къэпщэкIужар», - къыжриIэу. Дауэ мыхъуами, щакIуэ лIыжь жумартым тенджэдыгупхъэ нанэ Гуащэ саугъэту хуихьырт.
 

 

ХЬЭКЪУН Исуф.
Поделиться:

Читать также:

03.10.2024 - 16:00 Сэ езыр
23.09.2024 - 13:03 Гъуэгуанэ тхыгъэ
11.09.2024 - 16:42 Даус и тешапIэ
11.09.2024 - 15:40 Усэ нэжэгужэхэр