Анэ дэлъху

Iуэтэж

Сэ си адэр сщIэжыркъым. ИлъэситI сызэрыхъурэ абы дыхыфIидзауэ мамэ сэрэ ди закъуэу дыпсэурт. ЗэрыжаIэмкIэ, щIэх дыдэу къишэжри, унагъуэ хъужауэ псэурт. Мамэ сэрэ ди закъуэу жысIэ щхьэкIэ, дэ къыддэIэпыкъурт си адэшхуэ-анэшхуэмрэ си анэ дэлъху Борярэ. Илъэситху ныбжьым сызэритрэ фIыуэ сощIэж си гъащIэр. Абы лъандэрэ си анэ дэлъхур сщIыгъущ, сегъафIэ. Сэ къызгурыIуэрт ар сызэримыадэр, ауэ ар адэм нэхърэ нэхъыфIт, нэхъ гъунэгъу схуэхъуат.
Абырэ сэрэ футболым, хоккейм дыкIуэрт, шахмат, теннис сыджэгуу сригъэсат. 
Школым еджэным сыщегугъущэртэкъым сэ. Семыджэфыну аратэкъым. Абы къыщыджаIэм и нэхъыбэм сэ сыхуэмейуэ къэслъытэрти, селIалIэртэкъым, нэхъ пэжу жыпIэмэ, сыдахьэхыртэкъым. Ар Боря и жагъуэ хъурт.
Абы си гъусэу унэ лэжьыгъэхэр ищIыжырт, ауэ сэ си пщIэр зыгъэлъахъшэу къэслъытэ а Iуэхум къызэрыпэскIухьыным яужь ситт. ИкIэм-икIэжым, ар къызэрыспэмылъэщынур къыгурыIуэри, къызэлIэлIэжакъым. Нэхъ пэжу жыпIэмэ, еджэн IуэхукIэ сыхигъэзыхьыжакъым. Адрей псомкIи абы хуэдэ узэриIэн!
Сэ илъэс 13 сыхъуу арат Боря къыщишам. Ар илъэс плIыщIым фIыуэ щIигъуат. Абы апхуэдэ къызищIэну сигугъэнтэкъым. СызэрыцIыкIум къыхэкIыу, ар лIыжь хъуауэ, къэшэн Iуэху зэримыхуэжыну къэслъытэрт.
Абы къишэри тхэкIащ, куэд дэмыкIыу щIалэ цIыкIу къахуэхъуати, абы Матвей фIащащ. Фэ фщIарэт сэ а лъэхъэнэм гугъу сызэрехьар…
- НтIэ, игъащIэкIи уэ къыббгъэдэсу щысын хуейуэ ара?! ХущIыхьэху уигъэфIащ, сыт иджы узыхуейр?- хъущIэрт мамэ.
Боря зэзэмызэ хьэщIапIэ къыщIыхьэрти, Iэ къыздилъэрт, си Iуэху зытетым щIыIэ-щIыIэу щIэупщIэрти, абыкIэ зэфIигъэкIырт. Сэ си нэщхъыр зэхэлъу жэуап зэрестыжым абы гу лъитэххэртэкъым е апхуэдафэ зытригъауэрэт? Абы къуэ къыхуэхъурт, сэ абы и дежкIэ сыпхъурылъху къудейт. Сэ къагъэсэбэпу хыфIадзэжа хьэпшыпым срещхьт. Апхуэдэут сэ ар къызэрысщыхъур.
Курыт еджапIэр къэзухри, дзэми къулыкъу щысщIат. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, сэ еджагъэшхуэ къысхэкIакъым, къызэрыгуэкI гъукIэу сылажьэрт. Ауэ си анэ дэлъхум и къуэ Матвей апхуэдизкIэ фIыуэ еджэрти си анэри зригъэхъуапсэрт. Сэ дапщэщи абы теухуа хъыбархэм седэIуэн хуей хъурт. 
- Матвей тху защIэкIэ йоджэ. Ар зымахуэ зэхьэзэхуэм щытекIуащ. Матвей аргуэру псоми къахэжаныкIащ…
ЯпэщIыкIэ сэ а псалъэмакъхэр къыстехьэлъащ, итIанэ сесэжащ. ЦIыхум и ехъулIэныгъэхэра фIыуэ плъагъун щIыхуейр? Ар цIыху пэжу, гу къабзэу къызэрыббгъэдэтым папщIэ плъагъу хъунукъэ? 
Зэманыр кIуэрт, ауэрэ сэ си адэ къуэшымрэ абы и къуэмрэ епсэлъэн, якIэлъыкIуэн щызгъэтащ. Сэ куэд щIауэ си анэм и гъусэу сыпсэужыртэкъым, езым си унагъуэ зэзгъэпэщри зы щIали дгъуэтат. Си анэм деж лъагъунлъагъу сыщыкIуэхэм абы жиIэу зэхэсхырт Матвей и хъыбар. Абы МГУ-р къиухри, газет цIэрыIуэ гуэрым щылэжьэн щIидзат. ИтIанэ къыдэзыгъэкI редактор ящIащ. Ди анэр дунейм ехыжа иужькIэ, сэ Матвей и хъыбар къысIэрыхьэжакъым. Сэри ар къэслъыхъуакъым.
Пщыхьэщхьэ гуэрым сымаджэщым къипсэлъыкIыу зы бзылъхугъэ ди унэм къэпсалъащ.
- Боря уи хэт? - жиIэри къызэупщIащ.
- Адэщ, хьэуэ, анэ дэлъхущ. Сыт къыщыщIар? - сыпIащIэу изотыж жэуап.
Сэ сщIэрт Боря и щхьэгъусэр дунейм зэрехыжрэ и закъуэу зэрыпсэур. Дэ дызэщыужати, илъэс куэд щIауэ дызэкIэлъыкIуэртэкъым. Махуэшхуэ гуэрхэм деж дызэхъуэхъурт армыхъу. Боря унагъуэу зэрытIысыжрэ сриIуэхужтэкъым, сэри ар къызэрызэпцIыжар хуэзгъэгъуфыртэкъым.
- Уэрамым щыджэлащ. И лажьэшхуэ щыIэкъым, ауэ и щхьэр игъэхъеящ. ИтIанэ, хуабжьу нэщхъейщ, - жи къэпсалъэм.
Илъэс блыщIрэ блырэ хъурт Боря. А ныбжьым уиту уджалэу уи щхьэр игъэхъейныр Iуэху цIыкIукъым, дауи, къытехьэлъагъэнщ. Ауэ апхуэдэ гужьеигъуэм хэту дауэ си номерыр къищIэжа? Матвей Москва зэрыщыIэра хъунщ.
ПсынщIэу сымаджэщым сынэсащ. Боря жьы дыдэ хъуауэ сыIущIащ, ар щхьэгъубжэмкIэ дэплъу щылът. Сыкъызэрилъагъуу къысщыгуфIыкIащ.
- Матвей даIэ? - сыщIоупщIэ жысIэнур сымыщIэу.
- Лэжьыгъэм хущIигъыхьэркъым, - нэщхъейщ ар.
- ГурыIуэгъуэщ. Уэ кIуэрыкIуэм утету ущIэджалэр сыт? Сэ нэгъуэщI жысIэн сщIэртэкъым, дэ илъэс щэщIым щIигъуауэ дызэхамэт. Ауэ зэгуэр зэгъунэгъу дыдэу дыщытащ. Ар адэ пэлъытэу сиIащ. Ауэ щхьэ зыми къызгуримыгъэIуарэ а фIыгъуэр зэгуэр зэриухынур?
- Дауэ ущыт? КъохьэлъэкIIарэ?
- Тэмэмщ, сыкъыщытэджкIэ си щхьэр мэуназэ жомыIэмэ.
Унэм сыкъэкIуэжа иужь, Матвей и деж сыпсэлъащ. Ар зы гуфIэгъуэ зэхыхьэ гуэрым хэтт.
- Уи адэр сымаджэщым щIэлъщ, къэкIуэж.
- Сыт къыщыщIар? - щIоупщIэ ар щIыIэ-щIыIэу.
- Джэлащ. И щхьэр игъэхъеяуэ жаIэ дохутырхэм.
- Иджыпсту сынэкIуэжыфынукъым. Пщэдей зэIущIэ гуэрым сыхэтын хуейщи, хэкIыпIэ сиIэкъым. Редактор нэхъыщхьэ сащIыным иIэжыр зы тIэкIущ.
- ГурыIуэгъуэщ. 
Дохутырхэм жаIащ Боря сымаджэщым щIатхыкIыжа иужькIэ пIалъэ гуэркIэ кIэлъыплъын хуейуэ. ИтIанэ, абы и ныбжьым уи закъуэу упсэуну шынагъуэщ. Матвей къызэрымыкIуэжынур гурыIуэгъуэт, абы и дежи ар ишэнутэкъым, ар хьэкът.
- Ахъшэ тIэкIу ныпхуезгъэхьын? - къызоупщI Матвей заулкIэ щыму щыта иужь. Ахъшэр къызитыну къызэрехьэлъэкIыр IупщIт. Дауи, ар щыгугъырт сэ ахъшэ къеIызмыхыну, къригъэхьыну жесIэу згъэгузэвами хъунут, ауэ…
- Уи ахъшэми уэри зевгъэхь, - жысIэри теслъхьэжащ.
Си щхьэгъусэмрэ сэрэ ди закъуэу дыпсэурт, ди щIалэр зыхэдгъэкIат. Дауэ абы Боря дыдэIэпыкъун зэрыхуейр къызэрыгурызгъэIуэнур? Матвей сыщыгугъмэ, жьы хъуахэр щапIыж унэм иритынкIэ хуэIуа щыIэкъым.
Iуэхур зытетыр хуэсIуэта иужь, си щхьэгъусэм и нэм нэпсыр тез къэхъури: 
- Абы щхьэ ущIэупщIэххэрэ, къашэ, уэ апхуэдэу ущыхуейкIэ. Дэ пэшищ диIэщ, дыщIэхуэнущ.
Сэ сыкъызэрыгуэкI гъукIэщ, си щхьэгъусэр щхьэщIэщэу мэлажьэ. ЦIыхум и цIэрыIуагъымрэ хэлъ цIыхугъэмрэ зыкIи зэпхакъым. Си анэр псэужамэ илъагъунтэкъэ ар…
Малаховская-Пен Иринэ.

 

 

ЗэзыдзэкIар Щомахуэ Залинэщ.
Поделиться:

Читать также: