Iэпкълъэпкъым и лэжьэкIэр

Медицинэ щIэныгъэхэмкIэ доктор Алякринский Борис къызэрихутамкIэ, цIыху Iэпкълъэпкъым щыщ пкъыгъуэ 400-р сыхьэтым хуэдэу зэтеухуауэ мэлажьэ.

ЦIыхум «хэщIыхьа» е къыдалъхуа а сыхьэтым и кIуэкIэм жэщ-махуэм и кIуэцIкIэ тIэунейрэ зызэблехъу. ПIалъэ кIэщIхэм тещIыхьа япэрейм щэ ныкъуэрэ къытрегъазэ, пIалъэ нэхъ кIыхьхэм тещIыхьам - тхуэнейрэ. ЩIэныгъэлIхэр абы «биоритмкIэ» йоджэ. Тхуэнейрэ къытезыгъазэ пIалъэр зэлъытар дыгъэм и къэухьым хиубыдэ планетэхэм я щытыкIэрщ. ГъэщIэгъуэнращи, а пIалъитхум я зыхъуэжыгъуэр нэмэз уахътитхум тохуэ. Дэтхэнэ зыми и чэзур къызэрихьэу, Iэпкълъэпкъыр щIэзыгъэпсынщIэ налъэхэм (биологически активные точки) зыкъызэIуах. А щытыкIэм ахэр дакъикъэ 15 хуэдизкIэ итщ, иужькIэ хуэм-хуэмурэ сыхьэтитIым и кIуэцIкIэ зызэхуащIыж. Бегъымбар лъапIэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхам зэрыжиIамкIи, нэмэзхэм я нэхъ щхьэпэр и чэзур къызэрихьэу пщIырщ. ЗыгуэркIэ ар и чэзум пхуэмыщIамэ, къыкIэлъыкIуэ сыхьэтрэ ныкъуэм е тIум и кIуэцIкIэ упшыныжыр нэхъыфIщ. ГурыIуэгъуэ мэхъу а псори Iэпкълъэпкъыр щIэзыгъэпсынщIэ налъэхэм я лэжьэкIэм зэрепхар. Абы щIыдгъужынщ ислъам диным нэмэз щыпщIкIэ уи гупсысэр дунеягъэм, псэуныгъэм тепшыным узэрытригъэгушхуэр. Iэпкълъэпкъыр щIэзыгъэпсынщIэ налъэхэм я жаныгъуэм уи акъылыр Алыхьталэм тебухуэфмэ, ар уигуми, уи псэми, уи Iэпкълъэпкъым дежкIи фIы дыдэщ.

Нэмэзым узыншагъэр зэрыригъэфIакIуэ лъэныкъуэ псори иджыри нэгъэсауэ джа хъуакъым. Ауэ «Iэтэхьиятыр» къыщубжкIэ узэрыщыс щIыкIэм лъыр здынэсыпхъэм нэсынымкIэ сэбэпынагъыу къихьым пщIы бжыгъэкIэ тратхыхьа диссертацэхэр щыIэщ.

Мэхъэчкъалэ дэт етIуанэ сымаджэщым, МедицинэмкIэ дагъыстэн академием и кафедрэм и лэжьакIуэхэр иджыпсту йолэжь куэм хэт лъынтхуэхэр щыпкъузкIэ, Iэпкълъэпкъым и Iыхьэхэм, псом хуэмыдэу гумрэ акъылымрэ, лъыр хуиту зэралъэIэсым. КъызэрыгуэкI щытыкIэм ущитым деж, зыкъызэIузыхыр каппилярхэм я процент 30-рщ. Лъынтхуэр зэпыкъузыкIамэ, а бжыгъэр тIукIэ мэбагъуэри, Iэпкълъэпкъым и пкъыгъуэхэр нэхъыфIу мэлажьэ. Ардыдэр къохъу «Iэтэхьиятыр» къыубжу ущыщысым деж.

Гу лъывэзгъэтэну сыхуейт нэмэз зыщIхэм я акъылыр нэхъ зэгущу зэрыщытым, асыхьэтым ягу къилъэдам иримыхьэжьэу, зыгуэр ящIэн ипэкIэ гупсысэн зэрахьэлым. Аращ нэмэз зыщI щIалэгъуалэр фадэ, наркотик зэзыхьэлIэхэм къащыщI мыхъумыщIагъэхэм нэхъ щыхъумауэ щIыщытыр.

Уз бзаджэхэм цIыхубэр щыхупIэм хуашэ. Иджыпсту ислъамым укъызэрихъумэ къарур зримыхьэлIэмэ, абы ехуэхынри бетэмалщ.

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: