ЦIыху къызэрыгуэкI

Iуэтэж

Зэ еплъыгъуэкIэ а нанэр адрейхэм къазэрыщхьэщыкI щымыIэу къыпщыхъурт. Абы и щхьэр ехьэхауэ хуэмурэ уэсмычым ирикIуэрти, и жагъуэ ящIауэ е и закъуэ дыдэу дунейм тету гурыщхъуэ уигъэщIырт.  БлэкI-къыблэкIыжхэр абы ней-нейуэ къыхуеплъэкIмэ, ялъагъур зэрытхьэмыщкIэрт, щыгъ тIэкIури зэфIэтхъауэ фейцей дыдэу. Нобэ илъэсыщIэ махуэщ. Унагъуэ куэдым зыщагъэтхъэж мы махуэм цIыху тхьэмыщкIэ дунейм зэрытетыр дигу къигъэкIыж хуэдэт мыбы. Абы и кIэм иту кIуэрт фIыуэ зэрылъагъу щIалэрэ хъыджэбзрэ, къэлътмакъ ин яIыгъым ерыскъы берычэтымрэ саугъэт дахэхэмрэ зэрилъыр къыпхыпсырт, зимыIэр ирагъэхъуапсэу. Абыхэм я щхьэ Iуэху фIэкIа къазэрыфIэмыIуэхур къапщIэу, ину псалъэрт, дыхьэшхырт, дэнэт абыхэм фызыжь тхьэмыщкIэм гу щылъатэнур.

СабийтI и гъусэу зы бзылъхугъэ блэжащ. Ахэр я анэшхуэм деж хьэщIапIэ пIащIэрти, мо гъуэгум къытена екIуэлIэпIэншэм къеплъыххакъым. Дин лэжьакIуэ гуэри блэкIащ абы, ар апхуэдизкIэ псапэ зэрищIэнум егупсысырти, и нэр техуами, бзылъхугъэм дэIэпыкъун хуейуэ къилъытакъым.

Еууей, абыхэм гулъытэ, гудзакъэ яIэу щытамэ, ялъэгъунт бзылъхугъэ тхьэмыщкIэм вакъэ зэрылъымыгъыр. Абы ерагъыу и лъакъуэхэр хузэблэхыу арат, и лъакъуэ пцIанэхэм я пIэ уэсмычым къытринэу. Абы щыгъ щIыIутелъ щыгъыныр хуабэ хуэдэт, ауэ щIыIу итыжтэкъыми, щIыIэ нэхъ зыкIэщIихуэхэм деж IэкIэ зэхуишауэ иIыгът. Фэншэ хъуа IэлъэщIт абы телъыр. Ар автобус къэувыIэпIэм нэсри, ауэ щыт тетIысхьэпIэм етIысэхащ, автобусыр къыщысынум ежьэу. Абдеж цIыху зыбжанэ тетт. Дахэу хуэпа лIы лъагэр абы къыщымэхъашэри лъэныкъуэкIэ IукIуэтащ. Хъыджэбз щIалэ дыдэ гуэрым фIэтелъыджэу еплъырт нанэм и лъакъуэ лъапцIэхэм, ауэ зы псалъэ къыдришейуэ жиIакъым. Автобусыр къэсащ. Фызыжь цIыкIум къехьэлъэкIыпэурэ абы дэпщейри, и гупэр къэгъэзауэ щыт тIысыпIэр нэщIти, абдеж тIысащ.

Абы и гъусэу къитIысхьахэр псори пIащIэу къыблэкIри, адэкIэ кIуэцIрыкIащ.

Сэмэгурабгъу тIысыпIэм щыс лIы мыжьмыщIэм и Iэпхъуамбэхэр зэригъэлъэлъурэ: «Жьы хъууэ делэ хъужа, жыхуаIэракъэ ар», - зэхэпх къудейуэ къыжьэдэкIащ.

Автобусыр къезыхуэкI лIым бзылъхугъэм гу лъитат икIи мыпхуэдэу егупсысащ: «Мы щIыпIэр кIуэ пэтми нэхъ факъырэ мэхъу. СылъэIуэнщи, къалэкумкIэ зезгъэдзыжынщ». ЩIалэ цIыкIум и Iэпхъуамбэр ищIри: «Мамэ, еплъыт, мы нанэм лъапцIэу къекIухь». Абы и анэр губжьауэ и Iэпэхэм еуэри: «Дапщэрэ бжесIа уи Iэпхъуамбэ умыгъэлъэгъуэну», - жиIащ.

«Абы, дауи, бын балигъ иIэ къыщIэкIынщ. Еууей, сыту емыкIу апхуэдэу уи анэ дэбгъэтыну»,- жиIащ и лъэкIэным теуэу джэдыгу лъапIэ зыщыгъ цIыхубзым. Автобусым икум хуэзэу щыс егъэджакIуэм и гъусэм зыхуигъэзащ: «Къэралым ахъшэу къыхуэдлэжьыр мащIэу пIэрэ? Жьы хъуахэр сыт факъырэу щIыдэтыр?»

«ЦIыхухэм зэгъэзахуэ яхэлъын, гузавэмэ епхъуэну ахъшэ ягъэтIылъын хуейщ», - зигъэщIагъуэ хуэдэ, жиIащ екIуу хуэпа лIым. «Мы фызыжьым и щIалэгъуэм сом гуэр игъэтIылъамэ, иджыкIэ мыпхуэдизу гугъу ехьынутэкъым». Автобусым ис дэтхэнэми зэрыгубзыгъэр къагъэлъэгъуауэ къащыхъужырти, зыхуэарэзыжт.

Абыхэм ящыщу зы цIыхухъу закъуэщ егупсысар а псалъэмакъ къекIуэкIхэм мыхьэнэ лъэпкъ зэрамыIэм. Ар къэтэджщ, и бохъшэр зэтрихщ, ахъшэфI къыдихри нанэм хуишиящ. «Мыр къащти, ди анэ, вакъэ хуабэ къэщэху». Нанэм ар и гуапэ дыдэ хъуауэ лIым фIыщIэ хуищIащ.

А къэхъу псом иджыри къэс кIэлъыплъ нэгъуэщI бзылъхугъэм Тхьэ елъэIун щIидзащ, дауи, зыми зэхамыхыу. «Ди Тхьэ, сэ мы бзылъхугъэм зыкIи сыдэIэпыкъуфынукъым, ауэ уэ сынолъэIу абы укъыдэIэпыкъуну, мы нанэм и лъакъуэхэр щIыIэм имысын хуэдэу, вакъитI къет».

КъыкIэлъыкIуэ автобус къэувыIэпIэм екIу дыдэу хуэпауэ зы щIалэщIэ къыщитIысхьащ. Абы тхьэкIумэрылъ илъхэм макъамэр ину къыщеуэрти, езыми абы здищIурэ нанэм и пащхьэ дыдэм деж иIэ тIысыпIэ нэщIым зригъэхуэхащ. И пащхьэ къисым и лъакъуэ пцIанэхэр зэрилъагъуу, абы и нэр тенэри, жащ. ИтIанэ, хуэмурэ езым и лъакъуэхэм еплъыжащ. Абы лъыгът лъапIэ дыдэу иджыблагъэ къищэхуа вакъэ хуабитI. Абы куэд дыдэрэ ахъшэ зэхуихьэсат а зэхъуапсэ вакъэхэр къищэхуну. Фирмэ лъапIэт зейр.

ЩIалэм зригъэзыхри и лъэпсыр итIэтэн щIидзащ. ЯпэщIыкIэ и вакъэхэр итIанэ и лъэпэдхэр зылъихри лъэгуажьэмыщхьэу етIысэхащ: «Нанэ, улъапцIэ дыди. Сэ иджыри вакъэ сиIэщ, мыхэр узот», - жиIэри, хуэсакъыпэурэ щIыIэм иса лъакъуэхэм лъэпэдыр щитIагъэри, итIанэ вакъэ хуабэхэм иригъэувэжащ.

Нанэм и нэм нэпсыр щIэзу абы фIыщIэ хуищIащ. Автобусыр къэувыIэри, щIалэщIэр икIащ. Абы цIыхуу исым яфIэгъэщIэгъуэну кIэлъыплъырт ар лъапцIэу уэсым зэрыкIуэцIрыкIым. «Хэт ар?» щIэупщIащ зыгуэр. «Хэту щытми зы щихъ гуэрщ», - жи нэгъуэщIым. «Нэху гуэр и щхьэщыгум щхьэщыту слъэгъуащ»,- къэIуащ зыгуэрым и макъ.

А псом иджыри къэс фIэгъэщIэгъуэну кIэлъыплъа щIалэ цIыкIур къэпсалъэри: «Фыщоуэ, сэ ар фIыуэ зэпэсплъыхьащ, ар цIыхущ, цIыху къызэрыгуэкIщ» - жиIащ.

 

МАКОВСКИЙ Евгений. ЗэзыдзэкIар ЩОМАХУЭ Залинэщ.
Поделиться:

Читать также: