Хьэнцэгуащэр Мадраси щы-Хьэнцэгуащэщ

Дыгъэр гуащIэу къепсу, уэгъуу щыщытым, уэшх къешхарэт жыдоIэ. Абы куэдрэ узригъажьэмэ, уэшхым «укъеджэн» хуейщ. Адыгэхэм уэшх къызэрырагъэшхыу щыта дауэдапщэхэрщ зи гугъу тщIыр. Абыхэм ящыщу нэхъ гъэщIэгъуэн дыдэр «Хьэцэгуащэ» е «Хьэнцэгуащэ»  (Хьэнцигуащэ) жыхуиIэрат.

Дауэдапщэм хэтхэм башитIым «пыпхэ» къыхащIыкIырт, жор хуэдэу зэблэдзауэ. Абы цIыхубз бостей щатIагъэрт, и щхьэм IэлъэщI фIалъхьэрти, а «гуащэр» яIыгъыу къуажэ псом къыщакIухьырт. «Хьэнцэгуащэ дошэрэ, Яллыхь уэшх къегъэщэщэх» уэрэд цIыкIур зэпадзыжу. Куэбжэ къэс  а Iуэхум хэтхэм псы къыщытракIэрт, тыгъэ гуэрхэри (нэхъыбэм шхыну) къыIэщIалъхьэрт.

Мы дауэдапщэм ехьэлIауэ ди сабиигъуэм абы нэст хэтщIыкIыр. РАН-м и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрым и IэщIагъэлI Лэкъун Дианэ зэритхымкIэ, дауэдапщэр зэфIэкIа нэужь,  Хьэнцэгуащэр псыхъуэм яхьырти, псым халъхьэрт, иримыхьэхын щхьэкIэ мывэшхуи тралъхьэжырт. ИужькIэ жыг лъапIэм цIыхушхуэ щызэхуэсырти, зэгъусэу Тхьэ щелъэIурт, уэшхым и Тхьэм къурмэн хуаукIырт.

- Мы дауэдапщэм и хьэлэмэтагъым щыщщ ар псыежэххэм я гуащэм - Псыхъуэгуащэ - ирапхыу зэрыщытар.  «Пыпхэр» псыежэхым зэрыхадзэ и нэщэнэт ар абы къурмэн зэрыхуащIым, - етх щIэныгъэлIым. -  Хьэнцэгуащэр адыгэхэм къызэрырашэкI щIыкIэр зэтемыхуэу щытащ. Къэбэрдейхэм Хьэнцэгуащэр щахуапэкIэ, щыблэм иукIам и унагъуэм илъ лэрыпсыр къыIахырти, пыпхэм и пщэм иралъхьэрт; шапсыгъхэм гуащэр псыежэхым хадзэрти, махуищ нэужьым къыхахыжырт, якъутэжырт; адыгейхэм дауэдапщэм къыщыздрахьэкIырт шэ зэраз матэм кхъуей зыдэлъ хьэлывэ илъу. Языныкъуэхэм «пыпхэр» къуажэм и ут нэхъыщхьэ дыдэм яхьырти, щыхатIэрт. Абдеж жэщыку хъуху удж хъурей абы щращIэкIырт. И кIэм Хьэнцэгуащэм псы пэгунибл тракIэрти,  зэбгрыкIыжырт.

Лэкъуным зэритхымкIэ, Хьэнцэгуащэм иращIэкI дауэдапщэм адыгэхэм пащащ ислъам диныр къащта и ужькIи. Ауэ абы зэхъуэкIыныгъэхэр халъхьат. Псалъэм папщIэ, уэшх къешхыным епха тхьэлъэIур иджы щащIыр мэрем махуэрат, цIыхухэр щымылажьэм. Апхуэдэуи Хьэнцэгуащэр нэхъ гъунэгъуу щыIэ мэжджытымкIэ яхьырт.

«Языныкъуэхэм деж Хьэнцэгуащэр хьэндыркъуакъуэкIэ щызэрахъуэкI щыIэт - жеIэ IэщIагъэлIым. - Ар ягъэщIэращIэрти, яIыгъыу унагъуэ-унагъуэкIэ къакIухьырт, зыми ирагъэукIыртэкъым. Хьэндыркъуакъуэр псым хэс псэущхьэу зэрыщытым къыхэкIкIэ, адыгэхэм къалъытэрт ахэр дунейм и щытыкIэм зыгуэркIэ хэлIыфIыхьыфыну: псом хуэмыдэу уэшх кърагъэшхыфыну. Хьэндыркъуакъуэр къагъэсэбэпу адыгэхэм ирагъэкIуэкI а дауэдапщэр ебгъапщэ хъунущ Мадрас (Индие) къалэм щыпсэухэм я хабзэм. Дунейр уэгъу хъуамэ, бзылъхугъэхэм хьэндыркъуакъуэ къаубыдырти, шамбыр (бамбук) шыбзэм кIэрыщIауэ уэрамхэм къыщрахьэкIырт. Унагъуэ къэс хьэндыркъуакъуэм псы къытракIэрти, хуэфэщэн сэдэкъэи къратырт. Дунейм и щIы кIапэ зэхуэмыдэхэм дытетми, сыт хуэдэу дызэмыщхьми, мыпхуэдэ Iуэху гуэрхэмкIэ дыщызэтехуэм наIуэ мэхъу псори дызэрызэхуэдэри». 

Пасэм ящIу щыта дауэдапщэ куэдым фIэщхъуныгъэ нэпцIт я лъабжьэр. Зи гугъу тщIари апхуэдэт. Хьэнцэгуащэр кърашэкIа нэужь, пэжуи гъэщIэгъуэнт языныкъуэхэм уэшх къызэрешхри. Ауэ ар зэрихьэлIа Iуэхугъуэу зыми къилъытэртэкъым, атIэ дауэдапщэм щыжаIар Псыхъуэгуащэм зэхихауэ фIэкIа. ЦIыхум дунейм и щытыкIэм зыгуэр зэрыхимыщIыхьыфынур гурыIуэгъуэщ, ауэ ди нобэми языныкъуэ дауэдапщэхэр ирагъэкIуэкI. Уеблэмэ иджыпстуи зэзэмызэ Хьэнцэгуащэр къыщрашажьэ щыIэщ…

БАГЪЭТЫР Луизэ.   

 

 

Поделиться: