НэгъуэщI дунейхэр

«Дунейм гъащIэ щыIэхукIэ цIыхум къищIэнур зырикIщ, абы зэи къыхуэмыщIэнум елъытауэ», - жиIэгъащ еджагъэшхуэ гуэрым. ГъэщIэгъуэныращи, щIэныгъэм зэи зиужьыху ар зэрыпэжыр нэхъ куууэ къыбгуроIуэ.

Иужь илъэсхэм хуабжьу зиубгъуащ дыгъэ системэм и щIыбкIэ щыIэ вагъуэхэм егъэщIылIа планетэхэр («экзопланетэ» жыхуаIэхэр) къэхутэным теухуа лэжьыгъэм. Нэхъапэм ахэр щыIэххэу ягугъакъым. ЯIэми, ахэр гъуэз защIэу (мис а ди Юпитерым е Нептуным хуэдэхэу) зэхэт къэхъугъэу къалъытэрт. Иджы ягъэбелджылащ апхуэдэхэм зи щхьэфэр быдэхэри, уеблэмэ, псыкIи хьэуакIи къулейхэри зэрахэтыр.

Мыбдежым къыщагъэсэбэп хьэршым ит телескоп лъэщхэр. Япэ экзопланетэр 1991 гъэм къагъуэтауэ щытащ. Мы зэманым ирихьэлIэу апхуэдэхэр мин зыбжанэм нызэрыхьэсащ. Дауи, нэхъ зыхущIэкъур ди ЩIым ещхь дунейхэр къэхутэнырщ. Абы и мыхьэнэр зыхуэдизым утемыпсэлъыхьми, гурыIуэгъуэщ: еджагъэшхуэ цIэрыIуэ Циолковскэм зэрыжиIащи, цIыхум и лъэр нэгъуэщI планетэхэм нэсынущ, ахэр псэупIэ ящIынущ. Иджыпстуи дызытет дунейр яфIэзэвыIуэ хъуащ. Аращи, я щхьэр здахьын къалъыхъуэ, ЩIым нэхъ ещхь ди гъунэгъу Марсым лъэтэну загъэхьэзыр. Ауэ ущыпсэу хъуну нэгъуэщI планетэхэр зэрыщыIэнури хьэкъыу япхыкIащ. Пэжу, зэкIэ апхуэдэхэу къахутар мащIэ дыдэщ. Языныкъуэхэри жыжьащэщи, псалъэм и хьэтыркIэ, нэхум и псынщIагъыр пIыгъыну(зы секундым километр мин 300!) укIуэми унэсыфынукъым илъэс мин 2-рэ 300-кIэ. ЕтIуанэрауэ, килограмм 70 къэзышэч цIыхум абы килорамм 270-рэ щихьэлъагъынущи, къыщыхуэкIухьынукъым. Ещанэрауэ, радиацэ гуащIэм щиукIынущ.

ХХI лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм еджагъэшхуэхэм гугъапIэ инхэр ирахьэлIат Скорпион вагъуэбэм хыхьэ Глизе вагъуэм. Абы и ещанэ планетэр ди ЩIым сыткIи ещхьт: хьэуаи псыи щыIэт, дыгъэми «пэгъунэгъут» - зэрыпэжыжьэр нэхум и псынщIагъымкIэ илъэс 23-кIэт. АрщхьэкIэ ар ди планетэм нэхърэ хуэди 3,5-м щIигъукIэ нэхъ хьэлъэу къыщIэкIащ.

Куэд тражыIыхьащ Проксимэ Центаврэ вагъуэм и етIуанэ планетэм. Ар ЩIым нэхърэ зэрынэхъ ин щыIэкъым икIи нэхъ пэгъунэгъущ, къэдгъэсэбэп бжэкIэмкIэ дэлъыр илъэси 4 гъуэгущ, ику иту и температурэри зэрыхъур градус 30-щ.

2018 гъэ лъандэрэ хьэршым щолажьэ ТеSS телескопыр. Абы экзопланетэ мини 5-м нэс къихутащи, языныкъуэхэр къапщытакIэщ, адрейхэр ядж. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, а Iэмэпсымэм ЩIым ещхь дунейу 500 хуэдиз къызэIуихыфынущ. Еджагъэшхуэхэм къалъытэ абыхэм ящыщ языныкъуэхэм ущыпсэуфыну е гъащIэм ещхь гуэр щыIэу. Планетэ 500-м ныщызэрыхьэскIэ узыхэдэн бгъуэтынущ.

АрщхьэкIэ куэд щIоупщIэ: къэпхутэкIэ сыт и мыхьэнэ умыкIуэфынумэ? Ауэ ари зэлъытар зэманырщ. Уздэлъэтэн щыIэмэ, цIыхухэм къагупсысыфынущ абы зэрынэсыну Iэмал. Ари жыжьэжкъым.

ШАЛ Мухьэмэд.
Поделиться: