Дадэм и Iуэтэж

Адыгэхэр мэзылIкIэ, алмэстыкIэ (снежный человек) зэджэ псэущхьэхэр зэрыщыIамрэ ахэр здэкIуэжахэмрэ куэд щIауэ ядж щIэныгъэлIхэм. Хэти ахэр игъащIэ лъандэрэ къыддекIуэкIауэ, языныкъуэхэм ар дохутыр щIэныгъэлIхэм цIыхухэм зэгуэр драгъэкIуэкIа къэхутэныгъэ гущIэгъуншэхэм я Iэужьу щытауэ къалъытэ. ТIум щыгъуэми, щыIар зыщIыпIи пхуэхьынукъым.

Зэман куэд ипэкIэ ди хьэблэм дэсащ Мэшыкъуэхэ я лIыжь, ХьубэкIэ еджэу. Ар Iэдэбт, цIыхур щIыбгъэдыхьар къыхуимыщIэу къызэрыIуигъэкIыж щыIэтэкъым. Апхуэдэу зэрыцIыхуфIым щхьэкIэ цIыкIуми инми фIыуэ ялъагъурт. Хьубэ езым фIыуэ зэхихыртэкъым - апхуэдэу къалъхуат, гъащIэфIи къигъэщIат. Махуэ гуэрым, хьэблэм дэс щIалэ цIыкIухэр тетIысхьэпIэм етIысэкIауэ здытесым, дадэр къахэтIысхьэри, езым и нэгу щIэкIа хъыбар зыбжанэ къахуиIуэтэжауэ щытащ. Абыхэм ящыщ зыт мыри.
Хьубэ губгъуэм ист, хаса гъавэр ихъумэу. Пшапэ зэхэуэгъуэм зэрынэсу, дакъэжь мафIэ ищIырти, пщыхьэщхьэшхэр игъэхьэзырырт, тIэкIу зэIурыууэ пщыIэм етIысылIэжын хуэдэу. Апхуэдэу екIуэкIыурэ, жэщ гуэрым абы къилъэгъуащ, жыжьэу къыхуэплъэу щыс, зи щIыфэр цы зэфэзэщкIэ щIэхъума псэущхьэ шынагъуэр. Хьубэ и щыпэ зэхэхтэкъым алмэстыхэм я хъыбарыр. ЦIыху сэфэтым итыр зыкъомрэ щысщ-щысри, зы зэман зэ IукIыжащ, афIэкIаи а жэщым къытригъэзакъым. Заул дэкIри, аргуэру къэкIуащ. КъэкIуэхуи, а зытес жыг дакъэм къыфIэкIыртэкъым. Хьуби хуэм-хуэмурэ щхьэщыкIуэтыжу хуежьащ зыIыгъ шынэр, мэзылIри нэхъ гъунэгъу зыкъищIыну пIащIэртэкъым, хэт ищIэрэ, ари цIыхум щышынэу къыщIэкIынт.
Жэщ гуэрым Хьубэ лы тIэкIу дзасэкIэ игъажьэу мафIэм здыпэрысым, Iэуэлъауэ къызэхихащ. Абы зэрыжиIэжамкIэ, ар гъунэгъу къыщыхъум и деж фий макъ лъахъшэ къэIурт… ГъэщIэгъуэну а пщыхьэщхьэм алмэстыр мащIэу нэхъ къыхуэкIуэтащ, Хьуби гу лъитэу. Абдежым, и гум къыщIэкIари имыщIэу, алмэстым мащIэу Iэ хуищIащ. Модрейм ар къызэрилъагъуу, хуэмурэ къыкIуэцIрыкIри, щIалэм пэгъунэгъуу щетIысэхащ. Хьубэ ипщэфIам щыщ фалъэм ирилъхьэри хуигъэуващ, езыр бгъэдэмыкIуэтащэу. МащIэу къэкIуатэм, аргуэру къэкIуатэурэ, и Iыхьэр къищтэри жыжьэу тIысащ. ХъумакIуэр еплъурэ алмэстым и фалъэр иунэщIащ, и ныбэ из зэрыхъуу IуигъэзыкIыжри, мэзым хыхьэжащ –гъавэ щIапIэм адэкIэ мэзт, абыкIэт а псэущхьэр къыздикIыр.
ЖэщкIэрэ къакIуэм, Хьуби шхын тIэкIу хуигъэувурэ, нэIуасэ зэхуэхъуахэщ. Модрейр къыхэгурымыкI мыхъумэ, нэгъуэщI къыжьэдэкIыртэкъым. Абы иужькIэ къэхъуар нэхъ гъэщIэгъуэныжщ. Хьэсапкъэм кIэлъыплъым имызакъуэу, Хьубэ пщыIэм телъ бгъэныр пIалъэкIэ ихъуэжын хуей хъурт, псы къыпхымыкIын хуэдэу, итIанэ, езыр щыIэбэ Iэгъуэблагъэр къабзэу зэрихьэрт, мафIэпэ зэрищIыну къэрэкъурэри мэз гъунэгъум къыщIихын хуейт. Махуэм кърихьэлIа пхъэ гъэсыныр зэтрилъхьэу здэщытым, зэсэжа фий макъ цIыкIур къэIуащ. Хьубэ къыгурыIуащ «и ныбжьэгъур» къызэрысар. Алмэстыр кIыфIым къыхэкIщ, Iуэху зыщIэу щыт хьэсэпэхъумэм бгъэдэувэри, пхъэр дызэтрилъхьащ. Мыдрейм ар зэригъэщIэгъуэнур ищIэртэкъым. Абдежым щригъажьэри, Iуэху кIапэр къыдищIэу, жэщым игъашхэрэ мэзым щIыхьэжу гъавэ къехьэлIэжыгъуэм нэсащ, Хьуби и унэ итIысхьэжащ, афIэкIаи а тIум я гъуэгу зэтехуэжакъым. Мы хъыбарыр иджы дыдэ къиIуэтэжащ Унэгъэс Хьэмзэтхъан, хьэблэм дэса ди дадэхэм я гугъу щытщIыжым игу къэкIыжри. Хъыбарыр езы дадэм зэхилъхьауэ зэрыпхужыIэн щымыIэу, Хьубэ а зэманым ныбжьышхуи иIэт, куэди и нэгу щIэкIат, и щэныфIагъыр хьэблэм дэсхэм я щапхъэт.

ШЭРЭДЖ Дисэ.
Поделиться:

Читать также: