Владикавказ и уэрэджыIакIуэхэр

MiyaGi цIэ лейр зезыхьэ осетин уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ Кудзаев Азэмэт игъэзащIэ уэрэдхэр куэдым  ягу дохьэ. Яндекс музыкэ напэкIуэцIым зи уэрэдхэм нэхъ щIэупщIэ щызиIэхэм ящыщщ ар. 
1990 гъэм Владикавказ къыщалъхуащ уэрэджыIакIуэр. Художественнэ тхылъхэмрэ Iэпщэрыбанэ спортымрэ дахьэх щIалэ цIыкIур зэрымакъыфIэми пасэу гу лъатат. Гъуазджэм пыщIэныгъэ хуамыIэми, щIалэр дэзыхьэх Iуэхугъуэхэр къыдаIыгът дохутыр IэщIагъэ зиIэ и адэ-анэм. Азэмэт и адэ Казбек пщIэ зиIэ хирургщ. Осетие Ищхъэрэм абы щиIэщ ортопедиемрэ эстетикэ хирургиемкIэ центр. 
Азэмэт илъэсибл щыхъум трамвайм пэщIэхуэри, дохутырхэм ерагъыу кърагъэлащ. Курыт еджапIэ нэужьым и адэм и лъагъуэм ирикIуэну мурад ищIри, Медицинэ институтым щIэтIысхьащ. Ортопед е пластикэ хирург Iэзэ къищIыкIыну хъунт абы, макъамэм апхуэдизу димыхьэхатэмэ. Макъамэ гъуазджэр IэщIагъэу къызэрыхихыр и адэм щыжриIэм, и лэжьыгъэм пищэну щIэхъуэпсми, адэр абы пэрымыуэу арэзы техъуащ. Зы илъэс дэкIри, и адэр къызэригъэгугъам хуэдэу, уэрэджыIакIуэр Владикавказ и мызакъуэу, щIыналъэ куэдым цIэрыIуэ щыхъуащ. 
2022 гъэм и япэ уэрэдхэр иригъэтхат Азэмэт. ИлъэсиплI дэкIри, и уэрэдхэр фIыуэ зылъагъухэм Санкт-Петербург къыщыдигъэкIа и япэ альбомыр тыгъэ яхуищIащ. А къалэм и музыкэ студие къыщызэIуихащ. Зэгуэр абы къыщIыхьа и хэкуэгъу уэрэджыIакIуэ Бурнацев Сослан (Эндшпиль) и гъусэу уэрэдхэр жиIэ хъуащ. Сослан Азэмэт нэхърэ илъэситхукIэ нэхъыщIэщ. Уэрэд жыIэным зэрыдихьэхрэ илъэс 20-м щIигъуащ. Иджы зэхэкуэгъу уэрэджыIакIуэхэр MiyaGi & Эндшпиль цIэ леймкIэ къацIыхуащ. YouTube cайтым я япэ клипхэмрэ уэрэдхэмрэ къыщралъхьам, цIыху мин бжыгъэхэм Iэ щIадзащ икIи зэуэ цIэрыIуэ хъуащ. ЩIалэхэм къагъэлъэгъуащ, мылъкурэ цIыхугъэрэ уимыIэми, узыпэрыт Iуэхум ухуэIэижьмэ, япэ узэрищыфынур. 2019 гъэм Сослан и цIэ лейр Andy Panda цIэмкIэ ихъуэжащ. MiyaGi & Andy Panda дуэтым ягъэзащIэ уэрэдхэм цIыху мелуанхэр ИнтернетымкIэ щыкIэлъоплъ икIи ахэр урысей уэрэджыIакIуэхэм я пашэ хъуащ. 
УэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ Кудзаев Азэмэт зэрыцIыкIурэ дэзыхьэх Iуэхур – художественнэ тхыгъэ еджэныр - ноби зыхинакъым. Абы быдэу и фIэщ мэхъу и щIэныгъэм хигъэхъуэн, игъэзащIэ уэрэдхэм купщIэ ящIэлъын папщIэ тхылъхэр къызэрыхуэщхьэпэр. НэхъыфIу илъагъу тхакIуэр Уайльд Оскарщ. 
Урысейм и мызакъуэу, хамэ къэралхэми концертхэр щат MiyaGi& Andy Panda дуэтым. Псом хуэмыдэу щIалэгъуалэр абы я концертхэм макIуэ, тIысыпIэ имыIэжу. Артистхэм я уэрэдхэм дахьэххэм я бжыгъэм махуэ къэс жыхуаIэм хуэдэу къыхохъуэ.

 

ТЕКУЖЬ Заретэ.
Поделиться: