Адыгэ фIэхъусхэр

«ЩIэныгъэр хьилымщ», – жиIэгъат адыгэ узэщIакIуэ Куп Исмел. ЦIыхум и дунейр щIэныгъэ защIэу зэхэлъщ, гулъытэ хэха щагъуэтым деж хьэлэмэту къызэрыкIыу. Жылагъуэмрэ цIыхумрэ я зэхущытыкIэхэм ущыгъуэзэныр, абыхэм къежьапIэ яхуэхъуар блэкIам къыхэплъагъукIыныр, нобэ «хабзэщ» жыхуэтIэ Iуэхугъуэхэм ублапIэ хуэхъуа щхьэусыгъуэхэр пщIэныр нэгъэсауэ хьилымщ, псэуныгъэр зэтес ищIу, щыIэныгъэр иригъэфIакIуэу, цIыхум и пIэмрэ зыщыщ лъэпкъым дунейм щиIыгъ увыпIэрэ нахуэ щищIу. ЦIыху зэхущытыкIэхэм къагъэщIа лъапIэныгъэщ Адыгэ ХабзэкIэ дызэджэр. Ар къэхутэным, и щэхухэр сэтей къищIурэ лъэпкъым бгъэдэлъхьэжыным и гъащIэр триухуат тхыдэ щIэныгъэмкIэ доктор, щIэныгъэлI гъуэзэджэ Бгъэжьнокъуэ Барэсбий. Абы и къалэмыпэ къыщIэкIа дэтхэнэ зы лэжьыгъэри адыгэм хуиIэ лъагъуныгъэмкIэ гъэпсащ, абы и къэкIуэным хуищI пIейтеигъэ инкIи узэдащ. Бгъэжьнокъуэм хьэкъыу и фIэщ хъурт Адыгэ Хабзэм кIуэрабгъуу убгъэдыхьэ къудеймэ, нобэрей гъащIэм къыпхуемыгъэзэгъынрэ щыпхуземыхьэнрэ зэрыхэмытыр. Нэхъ мащIэ дыдэм – псэлъэкIэм – къыщегъэжьауэ нэхъ ин дыдэм – адыгагъэ цIыхум кIэлъызехьэным – мыхьэнэшхуэ яритырт, я къарукIэ зэхуэдэу къилъытэрт. ПсэлъэкIэ лIэужьыгъуэм щыщщ адыгэ фIэхъус, гуапагъэм и пкъощIэсэ нэхъыщхьэр. ФIэхъусым ехьэлIауэ щIэныгъэлIым лэжьыгъэ хъарзынэхэр къыщIэнащ. Ахэр «Адыгэ псалъэ» газетым и щIэджыкIакIуэм фи пащхьэ итлъхьэмэ тфIэигъуэщ.

ФIэхъус ехыныр иджыпсту куэдым къызэрыгуэкI Iуэхуу къафIощI. «Здрасти», «привет», «сэлам» жаIэу ежьэжыр мащIэкъым. Ауэ зэрыщытари зэрыщытын хуейри аракъым. Адыгэхэм фIэхъус ехыным гулъытэшхуэ хуащIу щытащ, нобэ къытщхьэщыт ди нэхъыжьхэми а хабзэр зэрызэрахьэр умылъагъункIэ Iэмал иIэкъым. ФIэхъус уэ пхуэдэ цIыхум щепхкIэ, узэрыцIыхур, цIыхум укъызэрыхэкIар къыбогъэлъагъуэ. Апхуэдэу ар нэмысым, щэнхабзэм, адыгагъэм я нэщэнэщ, узыхуэза цIыхум хуиIэ гуапагъэмрэ IэфIыгъэмрэ къызэрыбгъэлъагъуэ Iэмалхэм ящыщ зыщ.
Адыгэ фIэхъусыр куэду зэщхьэщедз, щэ бжыгъэм нэсынущ, фIэмыкIмэ. Ахэр лIэужьыгъуэ-лIэужьыгъуэурэ дэтхэнэ зы Iуэхугъуэми хуэгъэзащ. КIэщIу жыпIэмэ, адыгэ фIэхъусыр Адыгэ Хабзэм щыщщ икIи щIыкIэ пыухыкIахэм тету зэIэпыхын хуейщ.
ФIэхъус иумыхыу цIыхум убгъэдыхьэнри ублэкIынри емыкIущ – фIэхъусыр зи мыяпэ Iуэху щыIэкъым.
ФIэхъусым «къеблагъэ» мыхьэнэи иIэщ. Къуажэм къыдыхьэ дэтхэнэ зыри хьэщIэу къалъытэри, фIэхъус ират, фIэхъус прахьэжьэ. ФIэхъус нэужьым узыхуэзам бысым иIэрэ имыIэрэ зэбгъэщIэн хуейщ, имыIэмэ, уи унэ ебгъэблэгъэну боршщ, ущыхэгъэрейкIэ, ущыадыгэкIэ.
Уэрамым ущрикIуэкIэ, гъуэгу ущытеткIэ, узыхуэзэу хъуам щхьэж хуэфащэ фIэхъус епхын хуейщ. Псалъэм папщIэ, куэбжэм къыдэкIауэ цIыхубз щытмэ, уэ шым утесмэ, укъепсыхыу ублэкIын хуейщ, укъемыпсыхми, пщIэ зэрыхуэпщIыр къэбгъэлъагъуэу уанэгум зыкъипIэтыкIын хуейщ. Машинэ исри аращ: нэгъуэщI мыхъуми нэхъ хуэм зригъэщIыныр и хьэкъщ, сабэр дрипхъейуэ зыблримыгъэхыу.
Нэхъыжьыр жыжьэу щытмэ е блэкIыу плъэгъуамэ, укIэлъыджэ хъунукъым, дахэу убгъэдыхьэу фIэхъус епхын хуейщ. «Аращ нэхъыжь кIэлъыджэркъым, кIэлъокIуэ», щIыжаIэр.
НэхъыжьитI зэпсалъэу зэбгъэдэтмэ, занщIэу уабгъэдыхьэныр емыкIущ – хэт ищIэрэ, щэху яIэу ирипсалъэми пщIэркъым. Я псалъэмакъыр яухыху уежьэмэ нэхъыфIщ. Адыгэ Хабзэм абы жэуап пыухыкIа кърет: «ТIу хъумэ, умыгъэпIейтей, щы хъумэ – ябгъэдыхьэ». Ауэ мыпхуэдэуи къыщыхъу щыIэщ. Псалъэм папщIэ, тIум я зым IуэхукIэ ухуейщ. Абы щыгъуэм а узыхуейм укъилъагъун хуэдэу ибгъукIэ къэуви, езыр къоджэху ежьэ. Iэмал имыIэжмэ, «Къысхуэвгъэгъу, фи псалъэ зэпызудащ», – жыпIэу уабгъэдыхьэ хъунущ.
Уэрамым цIыхубз ирикIуэмэ, уэрамыщхьэм тес цIыхухъухэм псоми зыкъаIэтын хуейщ. Зи ныбжьыр хэкIуэта нэхъыжьми, мащIэу зыкъытреIэтыкI.
ЦIыхухъурэ цIыхубзрэ зэIущIамэ, япэу фIэхъус зытыр цIыхухъуращ.
Унагъуэ уихьамэ, япэ фIэхъусыр зэпхынур унэгуащэращ. ЦIыхухъурэ цIыхубзрэ зэхэту гуп уаIущIами, аращ хабзэр зэрыщытынур.
ГупитI – тIури цIыхухъурэ цIыхубзу зэхэту – зэIущIамэ, фIэхъус зэрызэрахыр мыпхуэдэущ. Япэ щIыкIэ къыIухьа гупым хэт цIыхухъухэм мыдрей гупым хэт цIыхубзхэм фIэхъус ирах. ИтIанэ хэгъэрей гупым хэт цIыхухъухэм цIыхубз хьэщIэхэм фIэхъус ират, я Iэр яубыд. Ещанэу – цIыхухъухэм сэлам зэрах, еплIанэу – цIыхубзхэм зэрах.
ФIэхъусым хэту Iэубыд пщIынумэ, уи Iэр занщIэу умышийуэ, япэщIыкIэ уи бгырыпхыпIэм нэс къэпIэтын хуейщ, итIанэщ щыпшиинур. Ар адыгэ фIэхъус тыкIэ дахэу адыгэхэм къалъытэу щытащ.
ЦIыхум и Iэр щыбубыдкIэ, Iэмал имыIэу и Iэдакъым нэсыху убыд. Армыхъумэ, зи Iэр бубыдым нэмыплъ епт хуэдэу къокI.
ЛIитI я Iэр щызэрыубыдкIэ, IитIкIэ убыдын хуейкъым. Япэм щыгъуэ ар адыгэ напэм кърагъэкIуу щытакъым. «IитIкIэ Iэ зыубыдыр цIыхухъукъым, фызщ», – жаIэрт.
ЦIыхубзхэм IэплIэ щэ зэрашэкI хабзэщ. ЦIыхухъухэм зэ фIэкIа зэрашыкIыркъым, зыр адрейм ебэуркъым. ЦIыхухъухэм IэплIэ щызэрашэкIыр куэд щIауэ зэрымылъэгъуа зэIыхьлы, зэблагъэ зэхуэза нэужьщ.
ЦIыхухъумрэ цIыхубзымрэ зэIыхьлымэ, зэблагъэмэ, IэплIэ щызэхуащI щыIэщ, ауэ зэ фIэкIа зэхуащIыркъым. Апхуэдэм деж цIыхухъум и Iэ сэмэгур цIыхубзым и дамэ ижьым иришэкI хуэдэу ещIри, Iэ ижьымкIэ цIыхубзым и Iэр еубыд.
Щысу IэплIэ зэхуащIыркъым, Iэ яубыдыркъым, фIэхъус зэIэпахыркъым. Ар икIагъэ дыдэу къалъытэу щытащ адыгэхэм.
Адыгэ Iэнэм укъыкIэрыхуауэ уахыхьэмэ, «Сэлам алейкум» жыпIэ хъунукъым, ефэ-ешхэу зэхэс гупыр зэщIумыгъэтэджэн щхьэкIэ. Узыхыхьа гупым елъытауэ, фIэхъус тыкIэхэр щыIэщи, ар нэхъыжьым хубогъазэ, абы жэуап къуетыжри, Iэнэм урегъэблагъэри уотIыс.
 

 

Тедзэным хуэзыгъэхьэзырар ТАБЫЩ Муратщ.
Поделиться: