Бзумрэ ныбгъуэмрэ

Хьэх Сэфарбий

Бзумрэ ныбгъуэмрэ тIуащIэм щызэхуэзат. ТIури псым хъурейуэ къижыхь ныджэ тIэкIум къыщыхутат. ХьэмкIутIей лъабжьэм щIэт удз кIырым ныбгъуэр щысабырауэ, бзу цIыкIур къэлъатэри, къудамэ псыгъуэ лантIэм къытетIысхьащ. Ар ещхьт жьыбгъэ мащIэм къихьа къауцым. Ныбгъуэр абы худэплъеящ. КъэкIуам и лъакъуэхэр мастэм хуэдэу псыгъуэт, езыр гъурыжь цIыкIут, апхуэдизкIэ псынщIэти, зыфIэтIысхьа къудамэ лантIэ тIэкIур мащIэуи къришэхыу гу лъыптэртэкъым.

Ныбгъуэр бзум еплъыпащ. Еплъыпэри, гъэщIэгъуэн дыдэ щыхъуащ. Сыту мыхьэнэншэIуэ! ИтIани, къуалэбзум хабжэ! Ныбгъуэм зэгуэп къещтэ. И куэ гъум цIыкIуитIым чэзууэ яхуоплъых, доплъей, зоплъыж. И щхьэ топыр лъагэу еIэт, и бгъэр Iуащхьэу кърегъэкI. КърегъэкI и къару къызэрихькIэ и бгъэри, и ныбэр япэ иту мэкIуатэ - бзум нэхъ гъунэгъу зыхуещI. ЗыхуещI гъунэгъуи, зыхуигъэхъуу, зыхуигъэбжьу щIедзэ.

- Уа, согъэщIагъуэри схуэухыркъым, уэр фIэкIа номыр зимыIэр дауэ дунейм утет?!

- Сытетщ, - жи бзум.

- Сыт мыгъуэри уи тет уэ, жьыр къыкъуэумэ, къауцым хуэдэу, уэгум урихьэнурэ ежьэжынущ!

Бзум зыри жиIэркъым.

- Зэ дзэкъэгъуэ закъуэ хъун пкIэрылъкъым, тхьэмыщкIэ!

- СкIэрылъкъым.

- ХьэпIацIэ пхимыщIэу дауэ уагъэгъуфа мыпхуэдэу?

- Сагъэгъуфащ.

- Уэ укъыщигъэщIым алыхьыр гушыIауэ къыщIэкIынщ.

Бзум зыри жиIэркъым.

- Бзуужь цIыкIу, пэж дыдэу уэ дунейм утемытыххами зы ягъэ кIыну къыщIэкIынтэкъым.

- КъыщIэкIынтэкъым.

- Дызэгъэбэныт!

- Сыхуейкъым.

- Дызэгъэзауэ-тIэ!

- Сыхуейкъым.

- Ухуейкъым, плъэкIынуIакъыми. Уи ней къысщыхуэ къарукIи, хьэлъагъкIи, пшэрагъкIи, инагъкIи. ПщIэрэ, ар сыт ищIысуи ирехъуи, я пшэрагъымрэ я инагъымрэ хуэдизщ дунейм тетхэм пщIэуэ яIэри… Ухуеймэ, сыткIи къыспеуэ, зыри щыIэкъым укъызэрыстекIуэн!

 Бзум зыри жиIэркъым.

- Мис иджы мэкъумэшым и чэзущ. Сэ уэ сыпхуэдэкъым, сшхыр скIэропщIэ. Нобэ нэхърэ пщэдей нэхъ иныж, нэхъ пшэрыж сыхъунущ, къыбгурыIуа?

ИщхьэмкIэ къыщыуэлбэнауэ къыщIэкIынти, асыхьэтым псыр къоури, ахэр зытес щIы кIапэ тIэкIур щIигъанэу хуожьэ. Нэм къиплъыхьыр псыщ. Бзур занщIэу мэлъатэри йожьэж. Ныбгъуэми щтэри зиIэтащ, ауэ «трр-р-р!» - жиIэу хэлъэтыкIа щхьэкIэ, жыжьэ нэмысу къохуэхыж. Къохуэхыжри, толъкъун къэукъубеям епхъуатэ…

Иухатэкъым ныбгъуэр абы ихьыну, къэсатэкъым и ажал. Псы Iуфэм къыIухьа щIалэ цIыкIуищым гу лъатэ ныджэм телъэда псым кIийуэ щхьэщыт бзум. Абы ныбгъуэм къытепсыха гузэвэгъуэшхуэр илъагъури, къигъэзэжауэ арат. ПщIэнтэкъым а бзум езым и псэм ажалыр гъунэгъу къыхуэхъуа фIэкIа. Тр-тыр жиIэу и дамэр трегъауэ, гузэвэгъуэ щIыIэр телъу зеIэт, зыкърегъэхуэхыжри аргуэру мэкIий.

- Уарэ, мо бзум зыгуэр Iэпыхури псым хэхуащ, - жи щIалэ цIыкIухэм язым, ар къелъагъури. Плъэхэмэ, пэжу зы фIыцIагъэ гуэр псым ихьырт, щIилъафэм къыдридзеижу. ЦIыкIухэр нэсри - ныбгъуэт! Хэлъадэщ, къыхапхъуэтыжри, джабэ нэкIу дыгъэм кIэралъхьащ. КIэралъхьащи, щхьэщытщ, я нэр тенауэ йоплъри. Я жьэри увыIэркъым:

- Сэ къэзмылъэгъуамэ, итхьэлат.

- Сэращ япэ нэсу къыхэзыхыжар!

- Ыы, псым дыкъэмыкIуамэ, тлъагъуххэнутэкъым, сэраIэ мыбы фыкъэзышар, дывгъакIуэ жызыIэу!

- Бзу цIыкIур ауэ щыт мейм тетIысхьэжауэ гуфIэгъуэр иIэу къофэри тесщ. Абы елъагъу бахъэр къыхихыу ныбгъуэр зэрыгъущыр, и псэр къызэрыхыхьэжыр.

- Мес ар ажылым къезыгъэлар! - жеIэ итIанэ а цIыкIухэм я нэхъыжьыIуэм. - Мо бзур мыхъуамэ, зыми къэтлъагъуххэнутэкъым!

Поделиться:

Читать также: