Уи щхьэм ухуэщхьэпэжынумэ

 «Гу зимыIэ щыIэкъыми, КъурIэным и гур «Ясинырщ»» хьэдисыр куэдым зэхахагъэнщ. Мы тхыгъэ кIэщIым щызэхуэтхьэсащ ислъам щIэныгъэлIхэм къаIуэтэжауэ е ягъэунэхуауэ къытлъагъэIэса а сурэ лъапIэм къыдэкIуэ фIыгъуэхэм ящыщ зыбжанэ.
 «Ясиным» зэ къеджар КъурIэным 10 икIам хуэдэщ. Абы дуней гуныкъуэгъуэри пщхьэщех, ахърэт бэлыхьми укърегъэл. Уи щхьэри, уи унагъуэри, уи мылъкури къэзыхъумэ сурэщ «Ясиныр». Сурэр зэрыщытуи къыпщхьэпэнущ, абы и Iэятхэр щхьэхуэ-щхьэхуэуи къэбгъэсэбэп хъунущ.
 Махуэ къэс «Ясин» сурэм и етIуанэ Iэятыр («Уэл КъурIанил хьэкиим») 100-рэ къыубжмэ, узыхэпсэукI мылъкур бэгъуэнущ.
Пщэдджыжь нэмэз нэужьым 100-рэ 4-нэ Iэятым («Гьэла щиратIим мустэкъиим») къеджэр Алыхьталэм пщылI пэж хуэхъунущ.
Бий шынагъуэм зыщыпхъумэнымкIэ сэбэп мэхъу 6-нэ Iэятым укъеджэныр е тхауэ къыздепхьэкIыныр: «Литунзирэ къэумэм ма Iунзирэ IабаIухьум фэхьум гъафилуун».
 Щизакъуэм деж гужьей цIыхум 100-рэ 7-нэ Iэятыр кърыребж: «Лэкъэд хьэкъкъэл къэулу гьэла Iэксэрихьим фэхьум ла йуIминуун».
 Ибн Къэйим итха «Задул махьад» тхылъым иту жаIэ: унагъуэ зыухуэну хуейм (хъыджэбзми щIалэми) е, унагъуэ иIэ пэтми, насыпыфIэу зыкъэзымылъытэжым «Ясиным» и 13-нэ Iэятыр тхылъымпIэм трыретхэ, ар псыкIэ кIэрырегъэхыжи, ирефэ: «Уэдриб лэхьум мэсэлэн Iэщхьабэл къэрйэти из джаIэхьэл мурсэлуун».
Къаугъэм пэIэщIэ зызыщIыну хуей цIыхум «Ясиным» и 17-нэ Iэятыр итхыу къыздрихьэкIмэ, къыхуэщхьэпэнущ: «Уэ ма гьэлэйна иллэл бэлагъул мубиин».
Тхы уз зиIэм 27-нэ Iэятыр иретхи къыздрырехьэкI: «Бима гъэфэрэ ли рэбби уэ джэхьэлэни минэл мукрэмиин».
Сабийм жейр хузэхуэмыхьэсмэ, 29-нэ Iэятыр ятхри, и щхьэнтэ лъабжьэм щIалъхьэ: «Iин канэт илла щэйхьэтэу уахьидэтэн фэ иза хьум хъамидуун».
Жинхэм ящыхъума ухъун папщIэ, 32-нэ Iэятыр тхауэ къыздепхьэкIыныр щхьэпэщ: «Уэ ин куллул лэмма джэмиихьул лэдэйна мухьдэруун».
 ЖэщищкIэ зэкIэлъыпыту 30-рэ (жэщ къэс 30-рэ) 42-нэ Iэятым къеджэм Мухьэмэд Бегъымбар лъапIэу щэлатымрэ сэламрэ зэхам епщIыхьын насыпыр къыхуихуэнкIи хъунущ, зыми къытримыха щIыпIэ хьэлэлым щыжеймэ: «Уэ хъэлэкъна лэхьум мим мислихьи ма яркэбуун».
 ЩIэх-щIэхыурэ 47-нэ Iэятыр къэзыбжым мащэм къыщратыну упщIэхэм жэуап иритыныр къехьэлъэкIынукъым: «Уэ иза къилэ лэхьум Iэнфикъуу мимма рэзэкъэкумуллахьу. Къалэ ллэзинэ кэфэру лиллэзинэ Iамэну IэнутIхьиму мэл лэу яшаIуллахьу Iэтхьэмэхьум ин Iэнтум илла фи дэлалим мубиин».
 48-нэ Iэятыр къыздезыхьэкIыр зэи псым итхьэлэнукъым жеIэри итщ духьэ тхылъхэм: «Уэ якъуулуунэ мэта хьазэл уэгьду ин кунтум щадикъиин».
 Бийм и зэран къомыкIын, езыми и къарур щIэкIын папщIэ, 65-нэ Iэятым укъеджэным утрагъэгушхуэ хьэлимхэм: «Iэл яумэ нэхътиму гьэла Iэфуахьихьим уэ тукэллимуна Iэйдихьим уэ тэшхьэду Iэрджулухьум бима кану яксибуун».
 Тхьэмбыл, лъатэ узхэр зиIэм 66-нэ Iэятыр иретхи и тхым кIэрылъу кърырехьэкI: «Уэ лэу нэшаIуу лэтIэмэсна гьэла Iэгьйунихьим фэстэбэкъу щиратIэ фэIэнна йубщируун».
 ШейтIаным и Iейм зыщызыхъумэну хуейр махуэм щэнейрэ 67-нэ Iэятым кърыреджэ: «Уэ лэу нэшаIуу лэмэсэхънахьум гьэла мэканэтихьим фэ мэ стэтIагьу мудыяу уэ ла ярджихьуун».
 ИщхьэкIэ зи гугъу тщIа «Задул мэхьад» тхылъым зэритымкIэ, пщэдджыжь къэс 68-нэ Iэятым къеджэр ерыскъыншэ хъунукъым: «Уэ мэн нухьэммирхьу нунэккисхьу фил хъэлъкъ. Iэфэла ягькъилуун».
 69-нэ IэятымкIэ нэ узым уепщэмэ, хъужынущ: «Уэ ма гьэллэмнахьуш шигьрэ уэ ма янбэгъи лэхь. Iин хьууэ илла зикруу уэ къурIанум мубиин».
 67-нэ Iэятыр мускускIэ е шэфраныпскIэ птхырэ ар зэрыкIэребгъэхыжа псым уефэжмэ, мывэ зэрылъ жьэжьейм хуэщхьэпэну жаIэ щIэныгъэлIхэм: «Лийунзирэ мэн канэ хьэййэу уэ йэхьикъэл къэулу гьэлэл кафириин».
 Сабий гъыринэр бгъэбэяун папщIэ, 73-рэ Iэятыр птхыуэ, и Iэпщэм е и щыгъыным кIэрыпщIэ хъунущ: «Уэ лэхьум фихьа мэнафихьу уэ машарибу. Iэфэла яшкуруун».
 ЩIэныгъэлI зыбжанэм ятх «Ясин» сурэм и 78-нэ Iэятыр уIэгъэхэмрэ къупщхьэ къутамрэ бгъэхъужынымкIэ щхьэпэ хъууэ. Абы щхьэкIэ а IэятымкIэ 40-рэ ахъуэ дагъэм (оливкэм къыщIахуам) утобжэри, иужькIэ уIэгъэхэм щыбохуэ: «Уэ дэрэбэ лэна мэсэлэу уэ нэсийэ хъэлкъэхь. Къалэ мэй йухьйил гьизамэ уэ хьийэ рэмиим».
 Духьэ тхылъхэм мыпхуэдэу итщ: «Нэ уз зиIэм 29-нэ Iэятыр иретхи къыздрырехьэкI: «Къул йухьйи хьэл лэзий IэншэIэхьа Iэууэлэ мэррэхь. Уэ хьууэ бикулли хъэлкъин гьэлиим».
 Гукъеуэ зыщхьэщызыхыну хуей цIыхур «Ясиным» и иужьрей Iэятым къеджэрейуэ щытын хуейщ: «Фэсубхьанэ ллэзи биядихьи малакуту кулли шэйIиу уэ илэйхьи турджэхьуун».
 Щхьэхуэу къакIуэ хьэдисхэм ящыщщ: «Ясиным» пщэдджыжьым къеджам махуэ псом къыпэщылъ Iуэхухэр тынш щыхъунущ, жэщым къеджам, нэху щыху и гуныкъуэгъуэхэр щхьэщахынущ».
 Кэсир и къуэ Яхья и псалъэхэри хэIущIыIу хъуащ: «Пщэдджыжьым «Ясиным» къеджар пщыхьэщхьэ хъуху насыпыфIэу щытынущ. Пщыхьэщхьэм къеджар нэху щыху насыпыфIэу щытынущ».                   

 

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: