ЯтIэ гъэжьам къыхэщIыкIа лэжьыгъэхэр

Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси 100 зэрырикъум и щIыхькIэ къызэIуаха «Сквер 100-летия» зыгъэпсэхупIэм хыхьэу яухуа гъуазджэ галереем щокIуэкI «Движение формы» гъэлъэгъуэныгъэр. Къалэм зегъэужьынымкIэ «Платформа» институтым и лэжьакIуэхэм Москва щыщ дизайнер Дурневэ Дарье и гъусэу къызэрагъэпэщащ мы выставкэр.
Гъэлъэгъуэныгъэм хагъэхьащ художник 11-м я лэжьыгъэхэр. Газаевэ Разият – Налшык, адрейхэр Москва, Урысейм и нэгъуэщI къалэхэм щопсэу икIи щолажьэ.
Ди республикэм щыщ дыщэкI Газаевэ Разият ятIэ гъэжьэнкIи зэфIэкI иIэщ. Ар и адэм и лъагъуэм ирикIуэжащ. «Завязь» серием щыщ и вазэхэр нэгъуэщIхэм къащхьэщызыгъэкIыр ятIэ гъэжьам къыдэкIуэу и арт-объектхэм мыви, гъущIи, дыжьыни, налкъутналмэси зэрыхиухуанэрщ.
Акиловэ Маринэ Псковскэ областым щопсэу икIи щолажьэ. Абы ятIэ гъэжьам къыхищIыкIа, Псков архитектурэм узыщрихьэлIэ урыс вазэ телъыджэхэр умыгъэщIэгъуэн плъэкIыркъым.
Москва щыщ Юновэ Иринэ и Iэдакъэ къыщIэкIащ «Псыежэх» зыфIища, щIыуэпсым и теплъэр, псы къэукъубеяр, пшахъуэр, мэзхэр къызэрыщ, сабиигъуэм ухэзышэж сурэтхэр, ятIэ гъэжьам къыхэщIыкIа лэжьыгъэхэр (вазэхэр, скульптурэхэр, нэгъуэщI хьэпшыпхэр).
Венцеслицкая Софие Москва щопсэу икIи щолажьэ. ЯтIэ гъэжьам елэжь художникым и IэрыкI, щIыуэпс теплъэ зиIэ лэжьыгъэхэр щIэщыгъуэщ. «КъэкIыгъэм и зэман» серием щыщ лэжьыгъэхэм Урысейм и гъатхэ губгъуэхэр къыщыгъэлъэгъуащ икIи щIымахуэ нэужьым къэщIэрэщIэж, псэ къызыхыхьэж дунейр уи нэгу къыщIегъэхьэ.
Москва щыпсэу Горби Алёнэ сурэттех, видео-арт, перформанс унэтIыныгъэхэм и зэфIэкIым зыщригъэужьащ. ЯтIэ гъэжьам щIыдихьэхыр ар пасэрей Iэмалу зэрыщытымрэ а лэжьыгъэхэр щIэх зэрымыкIуэдыжымрэщ.
Самарэ щыпсэу Макаровэ Наталье жеIэ ятIэ гъэжьамкIэ и зэфIэкIыр къипщытэу. Коми Республикэм и Мань-Пупу-Нер бгырщ художникым и къару къигъэхъуапIэу къилъытэр. «Сабиигъуэм щыщ гукъэкIыжхэр» серием хыхьэ и лэжьыгъэхэм ящыщщ пасэрей фэилъхьэгъуэхэм къыхэщIыкIауэ и анэшхуэм зэIуища алэрыбгъухэр. А скульптурэхэр къелъытэ блэкIамрэ нобэмрэ, жьымрэ щIэмрэ зэпызыщIэу, къызыхэкIар зыщимыгъэгъупщэнымкIэ щхьэпэу.
Художник, скульптор, декоратор Тарасовэ Ольгэ Санкт-Петербург щопсэу. Пасэрей упщIэхэмрэ гъущI зыхэлъ иджырей IуданэкIэ зэIуща щэкIымрэ зэрызэхиухуанэр дегъэлъагъу.
Островская Александрэ Москва щопсэу. «Заповедная роща», «Связи» сериехэм щыщ и лэжьыгъэхэр мы выставкэм хагъэхьащ. ЩэкIым и иджырей елэжьыкIэм теухуа къэхутэныгъэхэр ирегъэкIуэкI абы. Дунейр унагъуэ, лъэпкъ, жылагъуэ зэпыщIэныгъэу зэхэлъми, ахэр зэм-зэм зэрызэIущIэжым дыкIэлъегъэплъ.
Москва щыщ скульптор, реставратор Рытяев Дмитрий пхъэм, абджым, гъущIым йолэжь. Абы и IэдакъэщIэкI «Псы», «ЩIы» скульптурэ-шэху уэздыгъэхэм пасэрей теплъэхэр яIэщ.
Занегинэ Верэ сурэт щIынми, ятIэ гъэжьами, щэкIми йолэжь. Абы иджырей цы зэIущэкIэми зэфIэкI щиIэщ. КъинэмыщIауэ, къызэрыгуэкI къэкIыгъэхэр и лэжьыгъэхэм къыщегъэсэбэп.
Москва щыщ Хохловэ Ульянэ декоративно-прикладной гъуазджэм хэлъхьэныгъэфIхэр хуещI. Скульптурэхэр, пэшхэр зэрагъэдахэ хьэпшыпхэр удэзыхьэхщ.
Выставкэм и щIэупщIэм хэзыгъахъуэщ абы къызэщIиубыдэ лэжьыгъэхэр махуэ къэс дызэсахэм къазэрыщхьэщыкIыр. Абы еплъынухэм иджыри зэман фиIэщ дыгъэгъазэ мазэм и кIэух пщIондэ.

 

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: