Абджым къыхэщIыкIа чэщанэм кIуэ письмо…

ГЪУКIЭ Маринэ

Новеллэ

Илъэсыр йокI… ЙокIри – гу зыщимыхуа цIыхухэр и блэгущIэм щIэлъу здехь. Насып къытхуихьахэм я уасэр абыхэмкIэ тIехыж… Ар еплъкъым къищтэхэм я къулыкъуми, ныбжьми, мылъкуми. Абы и дежкIэ псори зэхуэдэщ. «Сэ IэнэщIу сыкъыфхуэкIуакъым, IэнэщIуи сыкIуэжынукъым», жиIэ хуэдэщ. Дигу пымыкIми, абы къыхудогъанэ ди гъащIэм мыхьэнэшхуэ щызиIэ Iуэхугъуэ Iэджэ. Аращ и хабзэр абджым къыхэщIыкIа ди дунейм.

Ауэ,  ИлъэсыщIэр къыщыблагъэм деж фIы гуэрщ узыпэплъэн хуейри, дигу идолъхьэ гуфIэгъуэ, насып, узыншагъэ. ДыщIохъуэпс илъэс къакIуэм гуфIэгъуэ фIэкIа зыри къытпэмыплъэну. Дэ ар ди фIэщ мэхъу…

ИлъэсыщIэр къэсыным иIэжыр махуэ зы-тIущти, егъэджакIуэм классым щIэс сабийхэм мыпхуэдэ лэжьыгъэ яритащ: Уэс Дадэм письмо хуатхыну.  ЕджакIуэ цIыкIухэм ар занщIэу гурыхь ящыхъуащ. Абыхэм куэд щIауэ ящIэрт хэт сыт хуэдэ саугъэт ИлъэсыщIэм къыхуихьыну хуейми.

Письмо зыхуатхым и щытыкIэр нэхъ наIуэу я нэгу къыщIыхьэн щхьэкIэ, егъэджакIуэм абыхэм я пащхьэм къригъэуващ абджым къыхэщыкIа чэщанэ хъурей цIыкIу. Ар Уэс Дадэм и унэрат. Абы и кIуэцIым щытепщэрт щIымахуэр, псей гъэщIэрэщIахэр щыплъагъурт, ихъуреягъкIэ уэс телът. А унэр зей Уэс Дадэр сабийхэм я деж хьэщIапIэ зэрыкIуэнум хуэдэу хьэзыру щыст. Абы и матэм саугъэтхэр изт, иджы сабийхэм ятхыну письмохэм къеджэу яхуигуэшын фIэкIа зыри къэнэжатэкъым.

Ар зэжьэ еджакIуэ цIыкIухэми, зэманыр лейуэ ямыгъэкIуэн щхьэкIэ я гурылъхэр тхылъымпIэм иратхэ:

«Уи махуэ фIыуэ, Уэс Дадэ! Сэ мы илъэсым жыIэдаIуэу сыщытащ, мами папи седэIуащи, кхъыIэ телефоныщIэ къысхуэхь…»

Мышэ, илъэсипщI сохъу.

 «Сэ, Уэс Дадэ, бостеищIэ сыхуейщ. Мамэ ахъшэ къызатым къыпхуэсщэхунщ, жиIащ, ауэ апхуэдизрэ сежьэфынукъыми, кхъыIэ, уэ къысхуэхь».

Каринэ дахэ, еплIанэ классым сыщIэсщ.

«Уи махуэ фIыуэ, Уэс Дадэ! Сэ илъэс псом фIыуэ седжащи, кхъыIэ пульткIэ зекIуэ машинэ цIыкIу къысхуэхь!»

Эльдар, илъэсипщI сохъу.

«Уэс Дадэ, бгъуэтынумэ, кхъыIэ таурыхъхэр зэрыт тхылъ къысхуэхь, щIымахуэ зыгъэпсэхугъуэхэм седжэу сыдэсынут».

ФIыщIэ къыпхуэзыщI Мадинэ!

ЛъэIухэмрэ хъуэхъухэмрэ, тхьэрыкъуэм хуэдэу, классым къыщалъэтыхь. Зыри зымытхыу зэкIэ щысыр Лацэ цIыкIу и закъуэщ. Ар щхьэгъубжэм дэплъурэ, дунейм и зэхъуэкIыныгъэхэм кIэлъоплъ.

Уэсым, бжьэхуц хужьым хуэдэу, щIылъэр еуфэ. Ар «джэдыгуу» зыщатIагъэ жыгхэми. Ихъуреягъыр хуэмурэ хужь мэхъу. Щхьэгъубжэ абджым къыкIэрищIа сытхъур ещхьщ дэрбзэр Iэзэм щэкIым хидыкI тхыпхъэ дахэм.

Уэсыр пIащIэркъым, хуэмурэщ къызэресыр. Абыи щхьэусыгъуэ иIэщ: и къэфэкIэм псоми гу лъатэу, зигъэкIэрахъуэу уафэм къехмэ, нэхъ къещтэ.  Абыхэм кIэлъыплъурэ, Лацэ цIыкIу игу къокIыж анэм щIэх-щIэхыурэ къыжриIэж хабзэ таурыхъыр.

Мэзым и курыкупсэм чэщанэ хужь хэтщ. Ар абджым къыхэщIыкIащ. Абы ихъуреягъкIэ къыщокI удз гъэгъа хужьхэр. Абыхэм я мэ гуакIуэм узыIэпешэри, чэщанэм зэрымыщIэкIэ ухуешэ. А удз гъэгъахэр зищIысыр зыми къахуэщIэркъым. Ауэ нэхъ гъэщIэгъуэныр аракъым. Чэщанэм и щыгум къыщызылъэтыхь бзухэри хужьщ. Уеблэмэ, дыгъэ къудейм хужьыфэ къытоуэ абы щытепсэкIэ.

Ар зи чэщанэр пщIэрэ? Уд хъыджэбзщ. Удым и щыгъынри хужьыбзэщ. Чэщанэр уеплъамэ дахэ щхьэкIэ, и кIуэцIыр щIыIэщ, езы хъыджэбзым фIэкIа нэгъуэщI цIыху щыбауэркъым. Абы удым и псэр къахьэхуну щIыхьэхэр куэд мэхъу, ауэ зыри къыщIэкIыжыркъым. Ар дахэщ икIи ябгэщ. И дахагъэм и уасэр ещIэ.

Махуэ гуэрым, щакIуэ къикIыжу а чэщанэм щIалэ гуэр хуозэ. Ар дихьэхат и пащхьэм къиува дахагъэм. Чэщанэр зейр зымыщIэ лIыхъужьыр абы щIыхьэну хущIэкъурт. Ауэ удз гъэгъахэм деж щыщIэдзауэ, дуней псор къелъэIу хуэдэт абы гъунэгъу зыхуимыщIыну.

Уд хъыджэбзым къилъэгъуащ щIалэр. Абы и гъащIэр къызэрихухьа мылыр щIалэм и плъэкIэм игъэткIужащ. Удым и бзаджагъэ Iэмалхэр занщIэу щыгъупщэжащ. ЛIыхъужьри, итхьэкъуат хъыджэбзым и дахагъэм. Лъагъуныгъэм гъэр ищIа ныбжьыщIитIыр куэд мыщIэу зэрышащ».

Лацэ и фIэфIт а таурыхъыр. Ар анэм пщыхьэщхьэкIэ къытригъэзэжурэ къыжриIэжырт. А хъыбарым езы Лаци хэту къызыфIигъэщIырт. Мес, я унэ Iушэ цIыкIур – чэщанэщ, унащхьэм къызэпхрыкI уэшхыпсыр псыкъелъэщ, и бостей цIыкIур фащэ зыкъизыхщ, езыращи - дахагъэр зыбгъэдэлъ уд хъыджэбзщ.  Анэм и Iэ щабэхэмкIэ къыщеIусэкIэ, и нэр зэтрипIэрти, а псор и нэгу къыщIигъэхьэрт хъыджэбз цIыкIум. ТаурыхъкIэ гъэнщIащ абы и сабиигъуэр, сыт и лъэныкъуэкIи дахэщ. Хьэуэ, абы зыхуей псори иIэкъым, хьэпшып лъапIэхэмкIи гъэфIакъым. Ауэ, итIанэми, адэ-анэ  лъагъуныгъэм щымысхьу хагъэпскIыхь, и гур фIы зэрыхуащIын Iэмалхэр сыт щыгъуи къагупсыс. Унэр хуабэщ, нэхущ. Абы щIэсхэм я зэхуаку псалъэмакъ дэлъкъым, зэгурыIуэр щытепщэщ.

СтIолым тет Уэс Дадэм и чэщанэм зэ пыгуфIыкIыу Лацэ цIыкIу еплъыжри, тхылъымпIэм иритхащ:

«Уи махуэ фIыуэ, Уэс Дадэ! Сэ саугъэт сыхуейкъым мы илъэсым, псори сиIэщ.  Ауэ зыгуэркIэ сынолъэIунущ: кхъыIэ, си мамэрэ папэрэ куэдрэ схуэгъэпсэу!.. Сэ ахэр зэи згъэбэмпIэнкъым, я жагъуэ сщIынкъым, фIыуэ седжэнщ. НэгъуэщI зыри сыхуейкъым…»

Лацэ, жыIэдаIуэу щытыну укъэзыгъэгугъэ хъыджэбз цIыкIу!

Лацэ цIыкIу письмор зытет тхылъымпIэр зэкIуэцIилъхьэри, егъэджакIуэм и стIолым трилъхьащ. Абы и гур зэгъат Уэс Дадэм зыхуей псор зэрыхуитхамкIэ икIи и фIэщ хъурт ар къызэрыхуищIэнур.

СтIолым тет чэщанэм щыпсэу Уэс Дадэр и пащIэм щIэгуфIыкIащ. И саугъэтхэм хэщыпыхьри, нэхъ дахэ дыдэу зы къыхихащ, дыщэпсым къыхэщIыкIа тхылъымпIэм кIуэцIилъхьэри, и щыгум тритхащ: «Псом нэхърэ нэхъ насыпыфIэ Лацэ цIыкIу ейщ…»    

 

 

Поделиться:

Читать также: