«Губгъуэ гъунэншэрэ хъушэ бжыгъэншэрэ»

Гъатхэпэт. Пшапэ зэхэуэгъуэм ирихьэлIэу уэздыгъэ тхущIэзышэну лIыр къэкIуэнущ жаIати, абы псоми зыхуэдгъэхьэзырт. ЦIыхухъухэм пщIантIэм дэлъ пщыхьэщхьэ къалэнхэр нагъэсыжырт, ди анэр къипщэфIыкIт, сэри абы сыриIэпыдзлъэпыдзт. Ауэрэ кIыфI мэхъу.
Фэтыджэн уэздыгъэм и уэнжакъ абджыпсым къызэпхидз хьэбзыпэ нэхумрэ пхъэ мафIэ зэрылъ хьэкум и хьэкунэм къыдидз нэхумрэ унэкIуэцIыр къызэрагъэнэхум нэхърэ нэхъ нэхуж унэр зэрыпхуэщIынур си нэгу къысхущIэмыгъыхьэу сыщыст, унащхьэм къедзыха кIапсэ закъуэм сыхудэплъейуэ… Къэсыну жыхуаIар къэсащ. Джэдгыныфэ плащ кIыхьрэ хьэфэ ботэшхуэрэ щыгъыу къыщIыхьа лIы пащIэ псыгъуабзэр кIапсэм худэплъейщ, сэ къысхуеплъыхыжри: «Мо уафэм зы вагъуэ къыпхуесхьэхри уэ цIыкIум жыпкIэ къыпхущIэсхьащ, иджы ар мо кIапсэм пхупысщIэнурэ фи унэр къигъэнэхунущ. Ар къэхъун щхьэкIэ, кIуэи, и лъабжьэ дыдэм къыщIэхи, псы щIыIэмыл къысхуэхь», - жиIащ. Къащыкъ кIыпIийр сIыгъыу, лъапцIэу, «тхъытхъытхъкIэ» унэм сыкъыщIэжщ, къазудзым сыкъыхэлъадэри, уафэм сыдэплъеящ. Абы вагъуэ бжыгъэншэ щызэщIэлыдэхэм дэтхэнэрауэ пIэрэ кърихьэхар, зыгуэркIэ уафэр гъуанэу къигъэнамэ-щэ, сыгузавэрт сэ. Сызыхэт удзыпцIэм хэпхъауэ хэт къэрабэ гъуэжь цIыкIухэмрэ уафэм щызэщIэлыдэ вагъуэхэмрэ си щыпэлъагъум хуэдэт. Вагъуэхэм псэ яIуту, бауэу абы щыгъуэ къызэрысфIэщIам ещхьыркъабзэу нобэми къысщохъу, си гупсысэ щэхухэр язохьэлIэ…
Зэманым, гъащIэр къызэрыджэлыкIа къупхъэщи, илъэсым и мазэхэр Iэпэ пщыкIутI зытет пшынэу къыпебжыкI. ГуфIэгъуэ макъамэри гъыбзэри къызэрыIукI пшынэу, гъэм и пшынэбзэм щызэщIожьыуэ къэхъукъащIэ куэд. Зи пэр зи кIэм дэухуэна гъащIэм бгъэщIэгъуэн и куэдщ, ар «гъуэрыгъуэ шэнтми», игъащIэкIэ дунейм «утрамыями», ух зимыIэ гуэрым уримаскъалу къызэрыпщигъэхъум къыхэкIкIэ.
ЗэрытщIэщи, IуэрыIуатэу-дыщэ пхъуантэм, пыухыкIауэ къыщыплъыхъуэм емылъытауэ, хъугъуэфIыгъуэ куэдым ущрохьэлIэ.

 «…Дунеижьри, ой дуней, щымыджэмыпцIэмэ,
ЩIылъэ щхъуантIэри, ой дуней, щызэпцIагъащIэмэ…»
Мы псалъэхэм укъыщеджэкIэ щIы хъурейр и джэлэсым екIуэкIыу щыхуежьа дакъикъэм адыгэхэри адыгэбзэри щыIауэ уи фIэщ хъууэ щIедзэ.
 «…Дунеижьри, ой жи, хъыкIэ щаухуэмэ,
ЩIылъэ щхъуантIэри, ой дуней, мэлкIэ щаубэмэ…»
Мы псалъэхэм деж ущынэскIэ, щIымрэ псымрэ зэпэщхьэхуэ хъун щхьэкIэ нартыжьхэм гуащIэу яIэр халъхьауэ къыпщохъу, зы телъыджэ гуэрым и къежьапIэр уэри къызэрыплъэIэсар зыхыбощIэ.
Сэтэней япэ дыдэу Сосрыкъуэ хасэм щыхигъэхьэм, мыпхуэдэ ущиехэр жреIэ:
Нартхэ лъытэ зыхуащIыр
ЩIыри хыри зыцIыхухэрщ.
Жыг-Гуащэ Дунейр ецIыхури, мыпхуэдэу Лъэпщ жреIэ: «…си щхьэцыр уэгум итщи, уафэм ит псори сощIэ…Сэ уэгум ит вагъуэхэр уэзгъэцIыхунщ, щIым щIэлъ псори уи IэмыщIэ ислъхьэнщ, щIы щхьэфэм тетри уэстынщ…»
Адыгэхэм пщIэшхуэ хуащIырт вагъуэхэм фIыуэ хэзыщIыкI, шу гъуазэу щытыф цIыхухэм, икIи гъуазэпщIэ Iыхьэ хухахыу щытащ зекIуэ ежьамэ. Илъэс 480-рэ ипэкIэ Мысырым пащтыхьыгъуэр щызыIыгъа адыгэ мамлюкхэм я «Адыгэ пащтыхьхэм я тхьэусыхэ» жыхуиIэ уэрэдыжьым хэтщ мыпхуэдэ псалъэхэр:
Уэр, дзэшхуэр зезышэрэм
Уэр, вагъуэшхуэ лыд гущэхэр и гъуази.
Шу гъуазэу диIэхэм
ГъуазэпщIэ Iыхьэхэр хухахи, рэе.
Адыгэ кхъуафэхэм (кхъухь) жьыху зэпэплIимэ ящхьэщытыным вагъуэ пщыкIутI тету щытащ, ятхыж алыдж щIэныгъэлIхэм.
Апхуэдэу жыIэпхъэщ адыгэ лIакъуэхэм я бжыгъэр къигъэлъагъуэу, ди лъэпкъ ныпым вагъуэ пщыкIутI зэрытетри.

 «Губгъуэ гъунэншэрэ хъушэ бжыгъэншэрэ», жиIащ адыгэм уафэмрэ вагъуэхэмрэ щхьэкIэ. Мазэм мэлыхъуэ иригъэувэжри, дыгъэр бгыкъум къыщытхуфIидзауэ къытхуоблэ, и дыгъэпсхэр ди бзэм къызэрыхигъэпсалъэм шэч къытедмыхьэу.
Адыгэ щIэныгъэлIу вагъуэхэм тетхыхьар мащIэ дыдэщ, ауэ а щыIэ мащIэри ущыгуфIыкIыу, къызэщIэпкъуэжрэ узыщIапIыкIа, зэхуэпхьэсыжа гупысысэ гуэрхэр ебдзылIэжмэ, адыгэ уафэ ухегъаплъэ.
Вагъуэхэм теухуа псалъэмакъым зыгуэркIэ дыщыуэмэ, е дызыщымыгъуазэ гуэр фэ фщIэмэ, акъыл зэхэдзэ дывгъэщIрэ, адыгэм ди хъарзыналъэм нэхъ из хъунти псори дыщыгуфIыкIыжынт. Вагъуэхэм цIэ щыфIащари фIэзыщари нобэрей махуэм уиплъыкIыу къэпхутэжыну гугъущ, ауэ щыIэм щыщу дызыщыгъуазэр фи пащхьэ ныдолъхьэ.
АдыгэцIэ зиIэ вагъуэхэм теухуауэ тхыгъэхэр итщ «Адыгэ псалъалъэм» (Москва, I999гъ.), «Адыгэ-урыс псалъалъэм» (Налшык, 2008гъ.), КIуэкIуэ Жэмалдин «Из адыгской (черкесской) ономастики» (I983гъ.) зыфIища и тхылъым, Шортэн Аскэрбий и «Адыгэ мифологие»-м (I982гъ.), «Адыгэ псалъэ» («Ленин гъуэгу») газетым и къыдэкIыгъуэ зыбжанэм, Псэун Жыраслъэн и «Адыгэ псалъэзэблэдзхэм» (2005гъ.), «СурэткIэ зэхэлъхьа къэбэрдей-шэрджэс-инджылыз-тырку псалъалъэм» (I998гъ.), МэфIэдз Сэрэбий и «Адыгэ хабзэ» (I994гъ.) тхылъым. Шэрджэс Алий 2009 гъэм къыдигъэкIа «Яхуэмыфащэу лъэныкъуэ едгъэза псалъэхэр» жыхуиIэхэм.
АтIэ, зэрытщIэщи, уафэм Дыгъэмрэ Мазэмрэ щызэблокI. Адыгэхэм я Дуней еплъыкIэмкIэ, ахэр зэдэлъхузэшыпхъущ, Дыгъэр дэлъхущ, Мазэр шыпхъущ. Мазэр Дыгъэм и нуркIэ блэ планетэщ. Дыгъэм ди лъэпкъым хуиIэ пщIэм и щыхьэтщ унагъуэм къихьа нысащIэм гъэфIэныцIэу «Дыгъэ», «Дыгъэшыр», Дыгъэщыгъэ», «Нэхудыгъэ», «Дыгъэнур» - жыхуиIэм хуэдэ цIэхэр фIащу зэрыщытар.
 

 

Лыкъуэжь Неллэ.
Поделиться:

Читать также: