Лъэхъэнэ нэпсей

Налшык мэжджытышхуэм и Iимам Емкъуж Анзор и хъутIбэм щытепсэлъыхьащ диным гущIыIэ ухуэзыщI ди лIэщыгъуэм и нэщэнэхэмрэ фIэщхъуныгъэ куу зыбгъэдэлъ цIыхур абыхэм япэщIэтыфын зэрыхуеймрэ.  

 ЦIыхум зыхуей псори щигъуэт, псэукIэ Iэмалхэм лъагэу зыщаужьа лъэхъэнэщ дэ дыщыпсэур. Дунейм кIуэ пэтми нэхъ итхьэкъу цIыхум и гукъыдэжхэм махуэ къэс захъуэж, езыми зыщIэгупсысыжыныр нэхъ Iэпэдэгъэлэл ещI. Тхылъхэми хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэми щIэчэ ямыIэу зыгуэр зыIэрыдгъэхьэным дыкъыхураджэ. Ухуейми ухуэмейми ахъшэ щIэбгъэкIуэдын щхьэусыгъуэхэр къыпхуаулъэпхъэщ. ЗылъэмыIэсыр нэхъыбэ хъуху, езы цIыхуми ахъшэ нэхъыбэ къызэрилэжьыным зрепщыт. Апхуэдэ хъуэпсапIэ зиIэ цIыхухэм тепщэгъуэр яIэрыхьэху, нэгъуэщI къэралхэр езыхэм я жыIэ зэрыщIагъэувэным хущIокъу. Аращ муслъымэн диным дунеягъэри абы епха хъуэпсапIэхэри гуэныхьыр щыбагъуэ губгъуэу къыщIилъытэр.

Алыхьыр гущIэгъукIэ зыхуэупсэн Iимам Рэббани зэреплъымкIэ, нэхъ насыпыфIэу къэплъытэн хуей цIыхур мы дунейм и цIуугъэнэхэм зыщIимышэу, ахърэтым телажьэрщ. Дунейми Алыхьталэми зэхуэдэу удахьэхынкIэ Iэмал иIэкъым. «ЗэгъащIэ, - жеIэ Iимам Рэббаний, - къелакIэ узэджэнур зи гур дунейм хуэзыгъэупщIыIуу, Алыхьталэм хуиIэ лъагъуныгъэмкIэ зыгъэнщIыфарщ».

Дунеягъэм итхьэкъуам щыуагъэри гуэныхьри зрешалIэ. Абы упэлъэща нэужьщ уи тхьэ хуэпщылIыкIэм лъабжьэ щигъуэтынур. Бэйхьэкъий къиIуэтэжа хьэдисми къыщокIуэ: «Алыхьталэм дунейр фIыуэ илъагъуркъым, къызэригъэщIри нэфIкIэ Iуплъэжакъым». НэгъуэщI хьэдисми жеIэ: «Зэрыдунейуэ Алыхьталэм и нэлатым щIэтщ, Езым утезымыгъэплъэкъукIым нэмыщI». Ислъам диным и еплъыкIэкIэ, «дунеягъэ» псалъэм хеубыдэ уи гулъытэр Алыхьталэм бгъэдэзыш псори.  НэгъуэщIу жыпIэмэ, езы дунейракъым нэлат зытелъыр. Абы и фIыгъуэхэр Алыхьталэм и арэзыныгъэкIэ къэбгъэщхьэпэмэ, дуней гъащIэр ахърэтым щыIутхыжыну гъавэр щыхэтсэ губгъуэ тхуэхъунущ. Ауэ цIыхум дуней фIыгъуэ гуэр къызэрилъагъуу, къыщIагъэщIа дыдэр IэщIогъупщыкIри, Алыхьу лъагэрэ лъапIэр къыфIэмыIуэхужу мэхъу.

 «Алыхьталэм и цIэмкIэ гъэнщIа Iэпкълъэпкъым и налъэхэр хиубыдэркъым а нэлатыр зытехуэнухэм, - пещэ и гупсысэм Iимам Рэббаний. - Абы къыхэкIыу, Алыхьталэм и цIэр зыIурылъыр унэхъуакъым, дунеягъэм итхьэкъуауи пхужыIэнукъым. Сыту жыпIэмэ, дунеягъэкIэ узэджэнур Алыхьталэр къыпфIэмыIуэхужу узыщIырщ». Псалъэм папщIэ, хьэпшып, къулыкъу, пщIэрэ щIыхьрэ. «Нэджм» сурэми щыжеIэ Алыхьталэм: «Уи щIыб яхуэгъазэ Дэ яжетIэм зи щIыб хуэзыгъэзауэ, дунеягъэм фIэкIа къызыфIэмыIуэхухэм».

Дунейм итхьэкъуар и щхьэм и бийщ. Абы и гупсыси, и лэжьыгъи зэбгрыдзауэ щымытынкIэ Iэмал иIэкъым, ахърэтым зыхуигъэхьэзырынри къехъулIэнукъым. Апхуэдэхэм я гъащIэр къахуэмыщхьэпэжу, ар Алыхьталэм фIэфI Iуэхуми трамыгъэкIуадэу мэпсэури, ахърэтми щагъуэтыжыным емылIалIэу, я псэукIэр дуней фIыгъуэр зэхуэхьэсыным траухуэ. ЖиIащ Iимам Рэббаний: «Алыхьталэр зыхуейм тедмыгъэкIуадэ дуней фIыгъуэ псори ахърэтым бэлыхьу къыщытIущIэжынущ». Мы дунейм итхьэкъуахэм кIыфIым хэтым ещхьу къаущыхь, итIанэ ахърэтым щыщIогъуэж. «Дунеягъэм уимытхьэкъун» жиIэм къикIыр ар фIыуэ умылъагъунырщ, абы мыхьэнэшхуэ иумытынырщ.

Дауэ-тIэ къызэрыпщIэнур Алыхьталэр къыпхуэмыарэзын хуэдизкIэ дунейм уитхьэкъуарэ уимытхьэкъуарэ? Iимам Гъэзалий чэнджэщ къыдет абы теухуауэ. Уэ зыгуэр уиIэрэ абы шэч хэмылъу хуэныкъуэ цIыху плъагъумэ, ауэ удэгуэшэну уи гум къыпхуимыдэмэ, дунеягъэм уитхьэкъуауэ аращ. Апхуэдэм мы дунейм къыщIытрагъэхьар щыгъупщэпащ. Ар ещхьщ фIамыгъэж щIыкIэ иджыри удз тIэкIу жьэдилъэфэну пIащIэ мэлым.

Алыхьыр арэзы зыхуэхъун хъалиф Алий зыгуэр къеупщIащ: «ЦIыхур дунейм нэхъ хуэщIарэ ахърэтым нэхъ хуэщIарэ дауэ къызэрыпщIэнур?» Алий жиIащ: «Уэ зыгуэр къызэрыпхуащIэм нэхъ ущыгуфIыкIмэ, мы дунейм урицIыхуу аращ. Уэ езым нэгъуэщIым зыгуэр хупщIэну нэхъ пфIэфIмэ, ахърэтым урицIыхущ».

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: