Балъкъэр усакIуэм и щIыхькIэ

КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, «Кавказ тхакIуэхэм я клуб» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и унафэщIу щыта, балъкъэр тхакIуэ Гуртуев Сэлихь псэужамэ, и ныбжьыр илъэс 85-рэ ирикъунут.

Гуртуев Сэлихь 1938 гъэм Белэ Речкэ къуажэм къыщалъхуащ. Курыт еджапIэр Азие Курытым къыщиухащ. И унагъуэм Хэкум къигъэзэжа нэужь, 1958 гъэм, КъБКъУ-м щIэтIысхьэри, 1963 гъэм балъкъэрыбзэмрэ балъкъэр литературэмкIэ и къудамэр къиухащ.

КъБР-м тхылъ тедзэнымрэ, полиграфиемкIэ и Къэрал комитетым и унафэщIу 1986 - 1991 гъэхэм лэжьащ. И ужь зэманым «Минги-Тау» литературэ журналым щылэжьащ. Тхылъ 25-м щIигъу абы и Iэдакъэ къыщIэкIащ, усэхэр, литературэ эссехэр, зэридзэкIа художественнэ тхыгъэхэр къызэщIиубыдэу.

 «Витязь в тигровой шкуре» поэмэр балъкъэрыбзэм къызэрыригъэзэгъам папщIэ, 2011 гъэм абы къыфIащащ «Тбилиси къалэм щIыхь зиIэ и цIыху» цIэ лъапIэр. Апхуэдэу балъкъэрыбзэкIэ зэридзэкIащ «Трудное дело», «Ров», «Раненый камень» поэмэхэр. Пушкин Александр и «Евгений Онегин» усэбзэкIэ тха романри 2010 гъэм зэридзэкIащ. Адыгэ усыгъэм и антологие балъкъэрыбзэкIэ игъэхьэзыращ. Гуртуевым и усэхэр урысыбзэ, польскэ, серб, тырку, венгер, къыргъыз, тыркумэныбзэхэмкIэ зэрадзэкIащ. Москварэ Налшыкрэ я тхылъ тедзапIэхэм къыщыдэкIащ «Уроки добра», «Песня птицы», «Синий ливень», «У Белой Речки на виду», «Грызёт мой конь удила», «Шесть писем совести» и тхылъхэр. «Спой мне песню» и тхылъыр куржыбзэкIэ къыдагъэкIащ.

Гуртуев Сэлихь 2020 гъэм мэкъуауэгъуэм и 26-м дунейм ехыжащ. ТхакIуэр къэзыцIыхуу щытахэм, и благъэхэм, ныбжьэгъухэм, лэжьэгъухэм ящыгъупщэркъым, и щIэинхэр цIыхухэм зыIэпах.

 

Гуртуев Сэлихь и усэхэр

ЗэзыдзэкIар Бицу Анатолэщ

 

                  ЩIакхъуэ

Iуэху щымыIэ гугъуехь зыпымылъ.

Гуэдз зыгъэкIым ар нэхъыфIу ещIэ.

Щхьэмыж хъуар щхьэ апхуэдизу тхъуэплъ? –

Ещхь мэхъужыр и фэм мэкъумэшыщIэм.

 

КъыпIурыуэу IэфIу къыхих мэр,

Дыгъэ плъыфэу щIакхъуэ жьар телъщ Iэнэм.

«ИугъащIэ зи IэщIагъэм мыр!» -

Дэ жытIэпхъэщ, дытIысыху дышхэну.

 

КъэзыгъэщIхэр куэдрэ ирепсэу

Уэгу адрыщIым ихьэф жыр кхъухь лъэщхэр.

Ауэ зезыгъакIуэр дуней псор

Дэ тшхы щIакхъуэ Iыхьэр къэзылэжьхэрщ.

 

ЩIым зыгуэрым щхьэщэ щыхуэщIын

Хуейуэ щытмэ, сэ хузощIыр щIакхъуэм…

Нэхъ дахэж мы гъащIэр дэ тхуэщIынщ,

ЩIакхъуэм щыщIэ щремыIэ закъуэ!

 

                Дзыхь

Дзыхь зыгуэрым хуэзымыщI

Тету сщIэркъым щIылъэм зыри:

Дыгъэ къепсыр и псэм пещI

Хъууэ жыгым фIэлъ жызумым.

 

Уафэ къащхъуэрщ къуалэбзум,

Ятетщ дами, дзыхь зыхуащIыр.

Бзэрэбзэжу ежэх псыр

Тенджызышхуэрщ зыхуэпIащIэр.

 

ЦIыхум и Iэм къыщогугъ

ГъавэхэкIыу щIым трасэр.

Удз къэс поплъэ, хъуамэ уэгъу,

Пшэ гуэрэнхэм къахь уэшх ткIуэпсым.

 

ФIыуэ слъагъум сыIуплъэху,

КъаруущIэ согъуэтыжыр.

Згъэпэжынущ ар сылIэху,

СфIощI езыми сигъэпэжуи.

 

Си ныбжьэгъур мэхъу си фIэщ –

Арщи сиIэр къуэш пэлъытэу.

Си гъунэгъу, пхужысIэр фIыщ, -

СыщымыщIэ уи гулъытэ.

 

Къытезмыхьэ зэи шэч

Сэ сабийм я гу къабзагъэм.

Анэ псалъэм сытемыкI,

ЗыхэсщIащи и Iущагъыр.

 

ХузощI си щхьэр щхьэузыхь,

Сыхуэпэжщи си Хэку дыщэм…

ЯхуэтщIам нэхъыбэм дзыхь,

КуэдкIэ хъунт нэхъыфI ди гъащIэр!

 

                 * * *

Схуэзыгъэбагъуэу си гуащIэр,

Си гущIэ мафIэр сэ уэрщ.

Уэ ущысщIыгъум, си гъащIэр

Къуршыжьхэм къелъэ псы уэрщ.

 

Уэ ущысщIыгъум, си нитIым

ЯфIэщIэщыгъуэщ дунейр.

Насыпу щыIэр си натIэщ,

ФIыгъуэу щIым телъыр сысейщ.

 

Солъагъур бжьыхьэм зэрыгъур

Губгъуэм удз щхъуантIэ итар.

СIэщIэкIыу сэ си щIалэгъуэр,

УсщIыгъумэ, гу лъызмытэн.

 

СлъэкIынщ сэ, уэ узигъусэм,

Куэд щызлэжьын мы дунейм.

Сыхуэарэзыщ си дыгъуасэм,

Сыхуэарэзынщ си пщэдейм.

 

Гъэ къэскIэ уэсу къытесэм

Дрехъу, хуейм, ди щхьэхэр хужь.

Къыттехьэлъэнкъым илъэсхэр –

Си Iэблэр уэ умутIыпщ!

Поделиться:

Читать также: