Гур быдэ умыгъэхъу

Шэрихьэт щIэныгъэхэмкIэ доктор, «Мансур» мэжджытым и Iимам Щхьэныкъуэ Анзор «Бэкъэрэ» сурэм къыхэщ щапхъэхэр зэпкърихыурэ, цIыхум и гум и къабзагъымрэ щабагъымрэ ихъумэн зэрыхуейр къыщыдгурегъаIуэ и хъутIбэм.
КъурIэн лъапIэм е суннэ къабзэм зыгуэр къыщыкIуарэ щIэныгъэлIхэми ар гурыIуэгъуэу зэпкърахыжу ди пащхьэ къралъхьэжамэ, абы иужькIэ упщIэ лей Iуэхум къыхэмыкIыжу, щхьэусыгъуи унафэм къыхуэдмыгупсысыжу, дгъэзэщIэн хуейуэ аращ, дымуслъымэныр пэжмэ. Унафэм упщIэ лей къыхэгъэкIыжыныр, умыдэIуэн папщIэ щхьэусыгъуэ къэбгупсысыныр хьэл нэхъ мыхъумыщIэ дыдэхэм ящыщщ. Абы теухуауэ Бегъымбар лъапIэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхам мыпхуэдэу жеIэ: «Алыхьталэм икъукIэ упщIэ лейр и жагъуэщ». УпщIэ лейхэмкIэ нэхъ ерыщу щыта лъэпкъыу КъурIэным къыхигъэщыр журтхэращ. Унафэр ямыгъэзэщIэн щхьэкIэ, мыр сыт, мор сыт, ар сыт щхьэкIэ жаIэурэ упщIэ лейхэр щатым, Алыхьталэм я мурад бзаджэр къадищIэрти, диныр нэхъри хьэлъэ ящищIауэ, абы ипкъ иткIэ къатехьэлъэ щыхъум, диныр зэблашауэ къыхощ КъурIэным. «Фатихьэ» сурэм и ужькIэ дызрихьэлIэ «Бэкъэрэ» («Жэмыр») сурэм нэрылъагъу дыдэу къыхэщ хъыбарыр абы теухуащ. Сурэ псом а хъыбарым и цIэр фIащащ, абы щхьэусыгъуэ хуэхъуари мыращ.
 Журт лъэпкъым я зэхуаку укIыгъэ къыдэхъуат. ЦIыху укIа къагъуэтат, зыукIар хэтми ящIэртэкъым. Арати, зым адрейр игъэкъуэншэжу хуежьащ. «ЦIыху фукIри, ар зым адрейм трилъхьэжу фызэныкъуэкъуу щIэвдзащ, ауэ фи щэхур Тхьэм наIуэ къищIынущ», - жеIэри къыщокIуэ зи гугъу тщIа сурэм.
Щэхур наIуэ къэхъун папщIэ, Алыхьталэм унафэ ещI абыхэм жэм фIагъэжын хуейуэ. Ар журтхэм гъэщIэгъуэн ящыхъуащ, уеблэмэ Мусэ бегъымбар лъапIэм мыпхуэдэ хьэдэгъуэдахэ ирапэсащ: «Ауан дыкъэпщIу ара уэ?» - жаIэри еупщIащ. Мусэ зэрыбегъымбарыр ящIэ пэтрэ, жиIэхэри Алыхьталэм къызэрыбгъэдихыр я фIэщ хъу пэтрэ, итIани апхуэдэ Iэдэбыншагъэ, нэмысыншагъэ я жьэм кърагъэкIуащ. Муси, Алыхь унафэм гушыIэ хэплъхьэ зэрымыхъунур ищIэрти, жиIащ: «Алыхьым сыщихъумэ щIэныгъэншэхэм ящыщ сыхъуным». Мис абдежым щрагъажьэри, ныкъуэкъуэным адэкIэ къыпащащ журтхэм. Унафэр ягу ирихьыртэкъыми, упщIэ лейхэр къату щIадзащ. ЯпэщIыкIэ жэмым и ныбжьым, абы иужькIэ жэмым и фэм, итIанэ ар къызэрагъэсэбэп щIыкIэм. Апхуэдизым щIэмыупщIэу, «жэм фIэвгъэж» къыжраIа нэужь, сыт хуэдэ жэм фIагъэжами, унафэр гъэзэщIа хъунут. АрщхьэкIэ я ныкъуэкъуэным Iуэхур хьэлъэ ищIащ. ЩIэныгъэлIышхуэ гуэрым гу зэрылъитауэ: «Алыхьталэм жэмыр фIагъэжыну журтхэм я пщэ къыщIыдилъхьар жэм теплъэ гуэрым хуэпщылIыну иужь ихьауэ зэрыщытаращ. Къытралъафэу фIагъэж жэмым «тхьэ» фIэпщу ухуэпщылIыныр зэрыакъылыншагъэр къагуригъэIуэн папщIэ. Унафэр зэрымыджэгур, ауан щIащIын щхьэусыгъуи зэрыщымыIэр наIуэ хъуащ, жэмым и зы Iыхьэ гуэр лIам щылъагъэIэсым, Алыхьталэм абы и псэр къыхипщэжу, зыукIам и хъыбар къащыхуиIуэтам щыгъуэ. А хъыбарыр щиухым, гъэщIэгъуэну мы Iэятыр къыкIэлъокIуэ: «Абы иужькIэ фи гур пхъашэ, быдэ хъуащ, мывэм ещхьу, уеблэмэ мывэм нэхърэ нэхъ быдэжу». Ныкъуэкъуэным, упщIэ лей тыным, щхьэусыгъуэ къэлъыхъуэным гур зэригъэкIуэкIыу, Алыхьым пэжыжьэ хуищIу, быдэ, пхъашэ хъууэ аращ абы къикIыр. НэгъуэщI лъэныкъуэкIэ укъеплъмэ, Езы Алыхьталэм унафэр бгъэзэщIэну узэрыхуэмейр къыбдищIэмэ, и щIыбыр къыпхуигъазэу, и нурри пщигъэпщкIуу, и гущIэгъури къыпхуимыгъэфащэу ухъуу аращи, дауэ абы и ужькIэ гур пхъашэ зэрымыхъунур?
 ИщхьэкIэ къыхэщар псори журтхэм ятеухуауэ жытIа щхьэкIэ, КъурIэным абыхэм я хъыбарыр къыщIыхэщар абыхэм я псэукIар къатщIэу, дыблэкIыну аракъым. АтIэ ар къатщIэу, дызыхуэсакъыжын хуейуэ аращ. Пэж дыдэу, зыхуэмысакъыжа дэри япэм къытхэкIащ, нобэ ахэр нэхъыбэж хъуащ. Езы Тхьэшхуэми ар къыхигъэщащ. И чэзу хъумэ, Iиман зыбгъэдэлъхэм я гур щабэ хъунущ, жи, Алыхьым и цIэмрэ Абы къригъэха пэжымрэ щызэхахкIэ. Япэм тхылъ къызратахэм емыщхьу. Зэман дэкIри, абыхэм я гур быдэ хъуащ, я нэхъыбэри фасикъщ. Муслъымэн пэжым Алыхьым и шэрихьэтым пщIэшхуэ хуещI, къыщыкIуа унафэхэм нэгъуэщIынэкIэ йоплъ, и акъылыр зыхунэмыс гуэр хэлъми, ар езым и щIэныгъэншагъэм хуехь. Мис апхуэдэу Iуэхум бгъэдыхьэ муслъымэным и гур щабэщ, игъэзащIэ лэжьыгъэм и купщIэр зыхещIэ, IэфIагъ хегъуатэ. Апхуэдэ цIыхухэращ дунеягъэкIэ насыпыр зыхэзыщIэри, ахърэткIэ фIыгъуэ мыухыжыр къызыпэплъэри. Зэхэтхам и сэбэп Тхьэм къыдигъэкI, ди диным берычэт къыхилъхьэ, абы пщIэ хуэтщIыжу дигъэпсэу, ахърэтми увыпIэ лъагэ къыщытхуигъэфащэ.
 

 

 

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: