|
Календарь событий
15 ноября 2019
15 ноября, 2019 - 08:15
Дунейм и хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэр нобэ нэхъ зыкIэлъыплъхэм ящыщщ Вашингтон махуитIкIэ щекIуэкIыну зэIущIэхэр - США-м и президент Трамп Дональдрэ Тыркум и и УнафэщI Эрдоган Реджеп Тайипрэ зопсалъэ.
15 ноября, 2019 - 08:15
2019 гъэм щэкIуэгъуэм и 11-м Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщIидзащ урысейпсо акцитIым - щIэблэр афияным щыхъумэным хуэгъэпса «Урысейм и сабийхэр-2019», наркотикхэм япэщIэтыным теухуа «Ажалыр щащэр къыджеIэ!» жыхуиIэхэм - я щIыналъэ Iыхьэхэм. А Iуэхухэр егъэкIуэкIыныр зи нэIэ щIэт штабым и зэIущIэ иджыблагъэ щекIуэкIащ Наркотикхэр зэрызэблагъэкIым кIэлъыплъынымкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм и управленэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм.
15 ноября, 2019 - 08:14
Нарткъалэ дэт курыт еджапIэ №6-м щекIуэкIащ «ЛIыгъэм и дерс», полицэм и лэжьакIуэхэу зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэдэхэм - Аруан щIыналъэм щыщхэу БитIэхъу Амурбэч, Алборэ Арустам, КIуащ Аслъэнбэч, Асанов Мурат сымэ я фэеплъу.
15 ноября, 2019 - 08:13
«… Зэкъуэш псори зы анэм къилъхуркъым», - жеIэ ди адыгэ псалъэжьым, ауэ абы къыдэкIуэу сэ жысIэну сыхуейт зэныбжьэгъу псори зы ныбжьу, я илъэс бжыгъэкIэ зэхуэдэу зэрыщымытыр. ЦIыху гуапэм, цIыхугъэшхуэ зыхэлъым сыт щыгъуи ныбжьэгъу и куэдщ.
15 ноября, 2019 - 08:10
ХьэрыпыбзэкIэ Каир къыщыдэкIащ КIыщокъуэ Алим «Мазэр къыщыунэхум» зыфIища романыр, Щам щытрадзащ Аджыкъу-Джэрий Михаил и повесть «Уафэгъуагъуэ макъ» (зэзыдзэкIар Дэбжэн Динэщ).
15 ноября, 2019 - 08:05
Прозэу тха усэхэр
Сыт-тIэ уэ пщIэфыр?
ИлъэсиплIым ит си хъыджэбз цIыкIур къызоупщI:
- Папэ, уэ зэи угъыркъэ?
- Хьэуэ, - жызоIэ.
- ГъыкIи пщIэркъэ? - фIэгъэщIэгъуэну зэкIэлъегъэпIащIэ абы. - Ухуейми угъыфынукъэ?
«Хьэуэ» щыжысIэкIэ, сабийм хуабжьу сыфIэгуэныхь мэхъу.
- Сыт-тIэ уэ пщIэфыр? - къызоупщI, нэщхъей къэхъуауэ.
ЩуIэгъэфI
15 ноября, 2019 - 08:00
БлэкIа лIэщIыгъуэм и 70 гъэхэм я кIэухым цIыхубз волейболым и вагъуэр щылыдащ адыгэ бзылъхугъэ телъыджэ, СССР-м спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер Ахэмын Еленэ.
|