Календарь событий

28 ноября 2019

Ди къэфакIуэхэр нэхъыфIхэм ящыщщ

 «Энергия искусств» фIэщыгъэм щIэту урысейпсо фестиваль-зэпеуэ Кавказ-Ищхъэрэ федеральнэ университетым (Ставрополь) щекIуэкIащ иджыблагъэ. Ар къафэм хухахауэ Урысейм щрагъэкIуэкI «Барахолка» проектым и Iыхьэу аращ. КъБКъУ-м и «Импульс» къэфакIуэ гупыр увыпIэ зыбжанэкIэ абы къыщыхэжаныкIащ.

Дунейм щыхъыбархэр

ГущIэгъу зэхуэщIыным и дунейпсо махуэщ
Албаниер щхьэхуит щыхъуа махуэщ
1912 гъэм Урысей империем и IV Къэрал Думэм лэжьэн щIидзащ.
1942 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр партизан гупыр Жэмтхьэлэ Ипщэ щыIэ нэмыцэ гарнизоным теуащ, хэщIыныгъэшхуи иритащ.
1943 гъэм Ираным и къалащхьэ Тегеран къыщызэIуахащ къэралищым - СССР-м, США-м, Инджылызым - я унафэщIхэу Сталин Иосиф, Рузвельт Франклин, Черчилль Уинстон сымэ зыхэт конференцыр.

Ислъэмей къуажэм и блэкIамрэ нобэмрэ

ТхылъыщIэ

Котляровхэ Мариерэ Викторрэ я тхылъ тедзапIэм иджыблагъэ къыщыдэкIащ «Верхний Курп. История и современность. XVIII-XX вв.» фIэщыгъэм щIэту Беслъэней Владимиррэ Хьэрэдурэ Заурбийрэ зэдатха тхылъыр.

ЩIыхуэхэр пшыныжыным лъэныкъуитIри зэщIыгъуу йолэжь

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм хэтхэмрэ премьер-министр Мусуков Алийрэ КъБР-м и Правительствэм и Унэм щахуэзащ «Россети Кавказ Ищхъэрэ» зэгухьэныгъэм и лIыкIуэхэм.

Ди щIыналъэр щапхъэ яхуохъу

Узыншагъэ

Яхуэмыгъэхъуж узыфэхэр зыпкърыт сабийхэм дэIэпыкъуэгъу щахуэхъу къудамэу къэралым къыщызэIуахахэм я нэхъыфI дыдэм хабжэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэр. Абы лэжьыгъэр къызэрыщызэгъэпэщам щапхъэ трахыну хуагъэлъэгъуэнущ Урысейм и адрей хэгъэгухэм.

Я къалэным йогугъу

Май къалэм гъуэгу щигъуэтащ «Къалэм и теплъэр егъэфIэкIуэн» программэм. Абы ипкъ иткIэ къат куэду зэтет унэхэм я унащхьэрэ унэ щIыхьэпIэу мы щIыпIэм зыхуей щыхуагъэзар метр зэбгъузэнатIэ 1300-рэ мэхъу.

ФАТIИМЭ

Сытым хуэдэу сыхуейт сэ, си дахэ,
Мы дуней фэрыщI защIэм ухэсхыу,
ЩIыпIэ жыжьэм ущезгъэпсу дыгъэу,
УщызгъэфIэн усакIуэ лъагъуныгъэм…

Щхьэж къыхиха гъуэгур

ПсэукIэ
Илъэс 30 дэкIащ Совет Союзыр зэр­ымыIэжрэ. Куэдым я гум къы­щIитхъыу яфIэ­кIуэда СССР-р кIуэ пэтми нэхъ тпэжыжьэ мэхъу. АтIэ, сыт хуэдэу псэурэ абы хэта республикэ 15-р? Я ВВП-хэр (псори зэхэту продукцэу къыщалэжьыр зыхуэдизыр) зэригъапщэурэ, а упщIэм жэуап ирет КъэралыщIэ ды­дэ­хэмкIэ институтым и унафэщI Мартынов Алексей.

Хамэш тесхэр
(Литва, Эстоние, Латвие)

«ЦIыхухэр щIэфхумэ, фэри фыщIэсхунущ!»

Ставропольем и правительствэм и зэIущIэм крайм и гу­бернатор Владимиров Владимир щыгъуазэ щыхъуащ цIыхухэр зэрырагъэблагъэ щIыкIэм егъэщIылIа къаугъэм.

Мэрем пшыхь

Е махъшэ лIэнщ, е махъшахъуэ лIэнщ. «ЗэхъуэкIыныгъэ гуэрхэр къэхъунщ» жыхуиIэщ. Я мурадыр зрагъэхъулIэн щхьэкIэ, тIэкIу зэIуплъмэ, щытыкIэр нэхъ къезэгъ хъуху заIэжьэмэ, нэхъ яфIэтэмэму къыщалъытэм деж, гушыIэ хуэдэу къапсэлъ хабзэщ.
 

Адэшхуэм пхиша лъагъуэм тету

«ЛIэужьыр бжьиблкIэ мауэ», - жеIэ адыгэ псалъэжьым. Ар зэрыпэжым и щыхьэтщ 2010 гъэм Сингапурым щекIуэкIа Япэ НыбжьыщIэ Олимп Джэгухэм бэнэкIэ хуитымкIэ текIуэныгъэр къыщызыхьа, Урысей Федерацэмрэ Европэмрэ я чемпион Пшыналъэ Азэмэтбий и спорт гъащIэр.