Календарь событий

22 ноября 2019

Иджыри куэдкIэ дызыщыгугъ Мурадин

Къэралым и чемпион, Европей лъэпкъхэм я кубокыр зыIэщIэлъ, ЩIы хъурейм и кубокым и финалым тIэунейрэ нэса Къущхьэ Мурадин ящыщщ бэнэкIэ хуитымкIэ дуней псом щэнейрэ и чемпион, Олимп Джэгухэм я дыжьын медалыр къэзыхьа Махуэ Билал хиша лъагъуэ дахэм пищэну дызыщыгугъхэм. И лъэпкъэгъу цIэрыIуэми хуэдэу, ар щыбанэр килограмми 125-м нэс зи хьэлъагъхэм я дежщ, и нобэрей гъэсакIуэри Махуэм и тренер дагъыстэн щIалэ Гусейнов Магомедщ.

Дунейм щыхъыбархэр

Узыншагъэр хъумэн
 IэнатIэм щыIэ
зэфIэмыхьэныгъэхэм
 щытопсэлъыхь

Къэралым и еджапIэ нэхъыщхьэхэм я унафэщIхэм гукъанэ яхуищIащ УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым  ФедерацэмкIэ и Советым и УнафэщI Матвиенкэ Валентинэ.

Щэнхабзэ утыкушхуэ

Театрым и илъэс

Къэбэрдей-Балъкъэрым и библиотекищым даIыгъащ «Мир и гармония» псапащIэ фондым къыхилъхьа Iуэхумрэ Урысей дзэ-тхыдэ зэгухьэныгъэм зыхыхьэну зригъэблэгъа «Театральная Россия» проектымрэ.

БэлэрыгъыпIэ яIэкъым

Дзэлыкъуэ щIыналъэ

Дзэлыкъуэ щIыналъэм и Iэщ фермэхэр щIымахуэм хуэхьэзырщ.

Мы илъэсым районым нэрылъагъуу щыхэхъуащ мэлхэм, бжэнхэм я бжыгъэр (мини 9 нос), псом хуэмыдэжу шым (мини 6).

Мэрем пшыхь

ГъэщIэгъуэнщ

Уэгум вагъуэбэр щыкуэдщ

Алыдж астрономхэм къызэрахутамкIэ, вагъуэбэ 48-рэ щыIэщ. Ауэ абыхэм я ужькIэ нэгъуэщI астрономхэм вагъуэбэ 40 къахутащ. Вагъуэбэхэм яхэтщ гъэм и лъэхъэнэ хэхахэм деж фIэкIа уафэм щумылъагъухэр. Иджыри къамыхутэфауэ нэгъуэщI вагъуэбэхэри щыIэнкIи хъуну къалъытэ щIэныгъэлIхэм.

Лъэпкъ куэд къызыхыхьа зэпеуэ

2019 гъэм щэкIуэгъуэм и 1-м яублауэ 2020 гъэм фокIадэм и 20 пщIондэ екIуэкIынущ «Сокровище древних черкесов (адыгов), «Нарты» в мировой цивилизации» зэпеуэр, лъэпкъ куэдым къызэдащтар.

Нанэр полицейхэм йохъуэхъу

КъБР-м Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ щыIэ министерствэм къыIэрыхьащ Прохладнэ районым щыпсэу, зи ныбжьыр илъэс 80-м щхьэдэха цIыхубзым къыбгъэдэкI фIыщIэ тхыгъэ.

ХамэщIым вагъуэхэр щоужьых

Академием  и унафэщIу  здэщытым Намыкъым куэд ищIэрт  икIи хэлъ хьэлыфIхэмрэ  иIэ  цIыхугъэ лъагэмрэ  гукъинэж  ящыхъурт абы къыдэлэжьахэм.  Исмэхьил  и  къуэдзэу щытахэм ящыщ зым игу къегъэкIыж:

Тырку уафэ щIагъым

«Мыдхьэт Ахьмэд (1844 - 1913) тырку тхакIуэщ, хьилмышхуэ зыбгъэдэлъа цIыхущ. Абы и Iэдакъэ къыщIэкIащ пьесэхэр, тхыдэмкIэ, философиемкIэ лэжьыгъэхэр. Хъыбар кIэщIхэмрэ романхэмрэ я гъуэгу тырку литературэм япэу щыпхызышащ. Тхыдэм, хабзэмрэ бзыпхъэмрэ теухуа романхэу и къалэмыпэм къыщIэкIащ «Янычархэр» (1871), «КъэфакIуэ бзылъхугъэ» (1877), «Диплом зиIэ пщащэ», (1889), «Тырку щIалэхэр» (1908)» - аращ итыр Совет Энциклопедие Псалъалъэм Мыдхьэт папщIэ. Ауэ Литературэ Энциклопедием нэхъ зыубгъуауэ абы и IуэхущIафэхэм щыгъуазэ дещI.

Сэбаншы Фаридэ къыхуагъэфэщащ Ежевскэм и цIэр зезыхьэ саугъэтыр

Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым и студентхэр илъэс етIуанэ хъуауэ къыщыхожаныкI мэкъумэш машинэхэр зэпкърылъхьэным, щыIэхэр егъэфIэкIуэным хуэгъэпса къэралпсо зэпеуэм. Мы гъэм абы и саугъэтыр зыхуагъэфэща цIыхуиблым ящыщщ КъБКъМУ-м механизацэмрэ IуэхущIапIэхэр электрокъарукIэ къызэгъэпэщынымкIэ и факультетым «Техникэ Iэмэпсымэхэр, машинэхэмрэ комплексхэмрэ къэгъэсэбэпыныр» и къудамэм и 3-нэ курсым щIэс Сэбаншы Фаридэ.