Календарь событий

20 ноября 2019

Къуэн Аслъэн и унагъуэм я нэIэ тетщ

Республикэ МВД-м и лэжьакIуэхэм  ящыгъупщэркъым  зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэдахэр, я нэIэ трагъэтщ абыхэм я унагъуэхэм.

Дунейм щыхъыбархэр

Ленэ псым лъэмыж тралъхьэнущ

УФ-м и Президент Путин Владимир арэзы техъуащ Ленэ псым автомобиль зрикIуэ хъуну лъэмыж тралъхьэным теухуауэ Якутием и Iэтащхьэ Николаев Айсен зыкъызэрыхуигъэза лъэIум. Лъэмыжыр щаухуэнур Якутск къалэм дежщ.

IэдакъэщIэкI нэхъыфIхэр

Тезырхэр егъэпшынынымкIэ федеральнэ къулыкъум и IуэхущIапIэу КъБР-м щыIэм и колоние №4-м тезырыр щызыпшыныж цIыхубзхэм я IэдакъэщIэкIхэр къыхахри, «ЦIыхубзхэм я IэкIэ» зыфIаща, декоративно-прикладной гъуазджэмкIэ 2-нэ Дунейпсо фестиваль-жармыкIэм и «Бисероплетение» Iыхьэм хэтыну ирагъэхьащ.

Бжэ зэIухам и махуэ

Тезырхэр егъэпшынынымкIэ федеральнэ къулыкъум и IуэхущIапIэу КъБР-м щыIэм и колоние №4-м «Бжэ зэIухам и махуэ» щрагъэкIуэкIащ тутнакъхэм я Iыхьлыхэм папщIэ.

«Кавказым щыхабзэр»

Котляровхэ Марие Викторрэ 2007 гъэ лъандэрэ Налшык къыщыдагъэкI «Кавказ» серием хыхьэу щIэджыкIакIуэхэм иджыблагъэ яIэрыхьащ «Кавказым щыхабзэр» тхылъыр.

Щэджащэхэрэ ХъутIэжьхэрэ благъэ зэхуохъу

Дэнэ щIыпIэ укIуэми лъэпкъ хабзэмрэ зэхэтыкIэмрэ кърипщIэну Iэмал хъарзынэщ хьэгъуэлIыгъуэр, гуфIэгъуэ дауэдапщэхэр. Кфар-Камэ дыщыдэса махуэхэм къриубыдэу Щэджащэхэрэ Хъу­тIэжьхэрэ благъэ зэхуэхъуащ. Къуажэм хьэщIэ зэрыдэсыр ящIэрти, щIалэм и лъэныкъуэм - Щэджащэхэ - хъыбар къыдагъэщIащ. Нысашэр телевиденэрэ газеткIэ хэкурысхэм я деж нэдгъэсыжыну щажетIэми, дыкъагъэщIэхъуакъым. Абыхэм яшэ пщащэр ди бы­сым унагъуэм къабгъурыс ­ХъутIэжьхэ япхъути, хъыджэбзым деж щекIуэкI Iуэхухэми дыхэплъащ.

Iейм щахъумэ, фIым хуаущий

«Ажалыр щащэр къыджеIэ!» урысейпсо Iуэхум и етIуанэ Iыхьэм хиубыдэу зэIущIэ драгъэкIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэр гуманитар-техническэ колледжым и студентхэм. Ар теухуауэ щытащ афияным зэраныгъэу къишэм, балигъ мыхъуахэр хабзэм ебэкъуэным, ахэр хабзэншагъэхэм хамышэным ехьэлIауэ ящIапхъэм.

НэхъыжьыфIыр ягъэлъэпIащ

Урысей гвардием КъБР-м щиIэ къудамэм и лэжьакIуэхэр ехъуэхъуащ зи ныбжьыр илъэси 101-рэ ирикъуа ветераным.

Уи анэдэлъхубзэм хуэпщI пщIэращ псоми лъабжьэ хуэхъур

Километр мин бжыгъэ зэпыбупщIу, кхъухьлъатэ­хэр зэпхъуэкIыу нэгъуэщI къэрал укъыщыхутауэ къып­щыхъуркъым Кфар-Камэ ущыдэткIэ. Абы и хьэуами адыгэмэ хэтщ. Зи бзэм пщIэ хуэзыщIыж хэхэс адыгэ дунейм тетмэ, ар Израилым исхэрщ. Адыгэбзэр зэраджыр дэ къэдгъэсэбэп алфавитырщ - кириллицэрщ. Ар­ нэхъ къыщIыхахари я адэжь щIыналъэм щып­сэухэм а алыфбейр къызэрагъэсэбэпыр аращ. Щыпсэу къэралы­гъуэр фIыуэ къазэрыхущытыр къагъэсэбэпу­рэ, абы щыпсэу адыгэ­хэр я бзэм и пщIэр къы­зэраIэтыным хущIокъу.

ХамэщIым вагъуэхэр щоужьых

Анкара Тыркум и къалащхьэ къудейкъым, атIэ мэжджыт инхэм ящхьэщыт мазэ ныкъуэхэмкIэ уафэгум зыхуэзыIэт щыхьэрщ. Куэд уигу къегъэкI а муслъымэн дамыгъэм, куэдым урегъэгупсыс вагъуэмрэ мазэ ныкъуэмрэ зэрызэхьэлIам... Си щхьэм къищхьэрыуа гупсысэр пшагъуэ кIыфI щIыIэу псэм тегъуалъхьэу, аргуэру си нэгу къыщIэувэну къыщIэкIынт зи гъащIэр хамэщIым щыункIыфIа ди хэкуэгъу нэхъыжьхэр, ауэ зытэлайкIэ щыма Айхьан, гуейщеин зэрыщIэздзэм гу лъита - псалъэмакъыр нэгъуэщIыпIэкIэ триIуэнтIэж хьисэпу, къэпсэлъащ:
- Пщыхьэщхьэ дахэщ ныщхьэбэ, зэкъуэшитI зэхуэзам Алыхьыр къытхуэупса  пэлъытэщ.

Узбекистаным хуэбанэ адыгэ щIалэ

Спорт бэнэкIэмкIэ иджыблагъэ Нур-СулътIан (Къэзахъстан) щекIуэкIа дунейпсо чемпионатым Урысей Федерацэм и щIыхьыр зыхъумахэм яхэтакъым зы адыги. Апхуэдэ нэхъапэм къыщыхъуар къэщIэжыгъуейщ. Абы щыгъуэми дигъэгушхуащ Узбекистаным и цIэкIэ зыкъэзыгъэлъэгъуа ди лъэпкъэгъу Асэкъал Рустам - алыдж-урым бэнэкIэмкIэ килограмм 87-м нэс зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм жэз медалыр къыщихьри, 2020 гъэм Токио щекIуэкIыну Олимпиадэм хэтыну хуит зыщI лицензэр узбекхэм къахузэригъэпэщащ.