|
Календарь событий
27 ноября 2019
27 ноября, 2019 - 08:17
Мы махуэхэм Налшык щохьэщIэ Америкэм щыIэ Адыгэ ФIыщIэ Хасэм и тхьэмадэу иджыблагъэ хаха Чыгъэду Казбек. Ар иджы япэу къакIуэу аращ и адэжь хэкум. Езыр къыщалъхуар Сирием и Джолан лъагапIэхэм хиубыдэ КъунейтIрэ къуажэращ. Дамаск еджэн къыщиуха нэужь, 1976 гъэм Америкэм Iэпхъуащ, щIэныгъэ щызригъэгъуэтащ, инженер-механикыу щылэжьащ, иджы пенсэм щыIэщ.
27 ноября, 2019 - 08:15
2014 гъэ лъандэрэ Урысеймрэ Европэмрэ яку дэлъ зэныкъуэкъум – ди къэралым къыхуагъэува санкцэхэм - я Iуэху адэкIэ зэрыхъунум щIэх-щIэхыурэ топсэлъыхь езыхэри ди къэрал экономистхэри.
27 ноября, 2019 - 08:12
2011 гъэм дыгъэгъазэм и 25-м Леон къалэм «Европэм и Кубокым» щхьэкIэ щызэпрагъэуа шы хэплъыхьахэм япэ увыпIэр къыщихьауэ щытащ Деберт Джули зытеса къэбэрдеиш Инал.
27 ноября, 2019 - 08:08
Адыгэ лъэпкъым и тхыдэм, щIэблэм я гъэсэныгъэм, хабзэм, нэмысым ехьэлIа лэжьыгъэ куэд зэфIэзыха хэкупсэхэм ящыщщ УФ-м и ТхакIуэхэм, Журналистхэм я союзхэм хэта, зи лэжьыгъэфIым папщIэ «Урысей Федерацэм цIыхубэм щIэныгъэ егъэгъуэтынымкIэ и отличник» цIэр, дамыгъэ лъапIэ, щIыхь, фIыщIэ тхылъ куэд зыхуагъэфэщауэ щыта тхакIуэ, журналист, егъэджакIуэ цIэрыIуэ, щIэблэм я узэщIакIуэ Жылау Нурбий Хьудин и къуэр.
27 ноября, 2019 - 08:08
Хэкур фIыуэ лъагъуным къыхузэщIэзыIэтэу уващ къэралыр зыгъэзджызджа зэщIэхъееныгъэу лъэпкъ-щхьэхуитщIыжакIуэ зауэм и лъэхъэнэм щыIар. Абы хуэфэщэн щIыпIэ щиубыдащ тырку буржуазнэ литературэм. ИщхьэкIэ къызэрыщыдгъэлъэгъуащи, а гъэхэм Къалэдахэм нэхъ къехъулIащ «МафIэ джанэ», «ФукI цIыхубз куэпэчыр!» жыхуиIэ романхэр.
27 ноября, 2019 - 08:00
Щалъхуа икIи къыщыхъуа Адыгейм и Теучэж щIыпIэм и мызакъуэу, Хьэпай зэкъуэшхэр дуней псом цIэрыIуэ щащIащ самбэмкIэ къахьа текIуэныгъэ инхэм. Абыхэм къахэкIащ СССР-м, Европэм, дуней псом я чемпионхэр. И дуней тетыкIэр дахэу, щапхъэ трахрэ щIэблэм я гъэсакIуэу гъащIэр ирихьэкIащ дэтхэнэми. Нобэ зи гугъу фхуэтщIынур Совет Союзми Европэми я чемпион, ЩIы хъурейм и вице-чемпион, спортым и дунейпсо классымкIэ мастер, Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и тренер Хьэпай Хьэмидщ. Ди жагъуэ зэрыхъущи, 2017 гъэм и гъатхэпэм ар и щхьэгъусэм дэщIыгъуу автомобиль зэжьэхэуэм гуузу хэкIуэдащ, и ныбжьыр илъэс 56-м щIигъуа къудейуэ.
|