Фо къабзэ

Иджы хуэдэ зэманым ди тыкуэнхэм къыщыбгъуэтынущ фо лIэужьыгъуэ куэд - сэхураным, зэнтхъым, сэхураным, губгъуэ удз гъэгъахэм къыхахахэм. АрщхьэкIэ куэдрэ дрихьэлIэу пIэрэ фо къабзэм? Iуэхум и пэжыпIэм фыщагъэгъуэзэнущ «Россельхознадзор»-м и Кавказ Ищхъэрэ IуэхущIапIэм и IэщIагъэлIхэм.

Ди жагъуэ зэрыхъунщи, бжьэ зыгъэхъухэм къахокI абы щымыщ пкъыгъуэхэр хэзылъхьэу зыщэхэм. Халъхьэми, халъхьэр фошыгъущ, нэгъуэщI щыщымыIэкIэ, сыт пщIэн, а щыIэр къэпщэхун хуейуэ аращ, жызыIэхэми я Iуэху еплъыкIэ яIэжщ. Ар хъунущ, уи гуакъуэр ибгъэкIын фIэкIа Iуэхум хэмылъмэ, ауэ хущхуэгъуэкIэ цIыхур хуей хъумэ-щэ? Фо нэпцIым сэбэпынагъым и пIэкIэ зэранагъ къихьыну аращ.

Къапщтэмэ, сатуущIхэр а хьэгъэщагъэхэм щIыхуекIуэжыр ахъшэрщ. АтIэ ерыскъыр зэрыкъабзэу къэбгъанэу, нэхъ лъапIэу пщэ щхьэ мыхъурэ?.. Абдежми къузгъунагъыр къатокIуэри, а фо зэIащIари лъапсейуэ зэращэным хущIокъу, хьэлэлымрэ хьэрэмымрэ зэрыщыIэр къафIэмыIуэхуу.

«Кавказ Ищхъэрэ МВЛ» ФГБУ-м и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм хъыбар къызэрыдигъэщIамкIэ, бэзэрхэм, жармыкIэхэм щащэ фохэм я фIагъыр лъэныкъуэ куэдкIэ къэпщытэным теухуауэ унафэ къащтащ - а ерыскъыгъуэм и теплъэр, пIалъэр, мэр, IэфIагъыр къалъытэнущ. Апхуэдэ къэпщытэныгъэхэм пхагъэкIынущ тIатIийри, «маточное молочко»-кIэ зэджэ пкъыгъуэ сэбэпри.

КъэпщытэныгъэщIэхэм япкъ иту бжьахъуэм иIэн хуейщ ветеринар-къабзагъэ дэфтэрыр. КъищынэмыщIауэ, «Россельхознадзор» IуэхущIапIэр щигъэгъуэзэн хуейщ бжьэм фор ящIын ипэкIэ ярихьэлIа хущхъуэгъуэхэм, ар цIыхум зэран хуэмыхъун хуэдэу абыхэм къащыпкърыкIыжыну пIалъэр IупщIу ягъэбелджылын щхьэкIэ. Къэпщытэныгъэхэм зэрыпхыкIамкIэ къратыж дэфтэрхэми узытекI мыхъуну пIалъэ ткIий яIэщ. Мыри къыхэгъэщыпхъэщ: апхуэдэ къэпщытэныгъэхэр зэхьэлIар тыкуэнхэмрэ бэзэрхэмрэ зи ерыскъыхэкIхэр щызыщэхэрщ.

Мыпхуэдэ Iуэхум и чэзу дыдэу къыхэуващ ерыскъыхэкI хьэлэлым ехьэлIауэ иджыблагъэ къащта лъэпкъ мардэхэр (стандартхэр).

Iуэхум ехьэлIа къэрал дамыгъэхэр тIу мэхъу:

 ГОСТ Р 70 401 - 2022 - ерыскъы къабзэлъабзэр зэрагъэхьэзыр щIыкIэм ехьэлIауэ.

ГОСТ Р 70405 - 2022 - ерыскъы хьэлэлым и фIэщыгъэхэр, ар зыгъэхьэзыр IуэхущIапIэм и Iуэхутхьэбзэхэр зыхуэдэр зэхэщIыкIыгъуэу тету.

Мардэхэр пIалъэ пыухыкIахэм тету лэжьэнущ: япэр гъатхэпэм и 1-м къыхалъхьауэ щытащ, етIуанэм мэкъуауэгъуэм и 1-м къару игъуэтынущ.

Апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэщIэм и сэбэпкIэ ерыскъы къабзэхэм я увыпIэр ягъуэтыжынущ, ерыскъы хьэлэл къыщIэзыгъэкI Урысей IуэхущIапIэхэми дунейпсо утыкум ихьэну Iэмал ягъуэтынущ.

«Россельхознадзор» IуэхущIапIэм и Кавказ Ищхъэрэ управленэ.
Поделиться: