Зэадэзэкъуэм я ныбжьэгъухэр

Таурыхъ

Зэадэзэкъуэ псэурт. ЩIалэм ныбжьэгъу куэд иIэти, пщыхьэщхьэ къэс ешхэ-ефэ ящIырт. Ауэрэ лIыжьым и мылъкур лъащIэм нагъэсащ. «Уи ныбжьэгъухэр къомышэ» жиIэуи и къуэм жриIэфыртэкъым, и жагъуэ имыщIын щхьэкIэ.

Еуэри зы пщыхьэщхьэ гуэрым щIалэм и ныбжьэгъухэр ефэщ, къафэщ, джэгури щIэкIыжауэ, адэм и къуэм зыхуигъэзащ:

- Уа си щIалэ, дэри жьы дыхъуащ, ди къарум къихьыжкъым. ХэщI мыхъумэ, хэхъуи диIэкъым. Апхуэдизрэ уи ныбжьэгъухэр къомышэ.

Ауэ адэм и псалъэхэр щIалэм зыгуригъэIуакъым. Абдежым адэм мурад ищIащ щIалэм и ныбжьэгъухэр игъэунэхуну, ахэр и къуэм зэрилъагъум хуэдэу къалъэгъужмэ къищIэну.

И мэл хъушэм нэхъ пшэру хэтыр къиубыдри иукIащ. Игъавэщ, Iэнлъэм трилъхьэщ, ху пIастэ Iэни ищIри, ахэр гъуэлъыпIэ щIагъым щIигъэуващ. ЩIакIуэ фIыцIи триубгъуэжащ. Езым нэщхъеифэ зытригъауэри гъуэлъыпIэ кIапэм тетIысхьащ. И адэр гукъыдэжыншэу щилъагъум

- Сыт къэхъуар, ди адэ, щхьэ унэщхъей? – жиIэри еупщIащ.

ЩIакIуэ ф1ыцIэр зытеубгъуамкIэ и Iэр ищIри, жиIащ адэм:

- Сэ цIыху сIэщIэукIащ, си щIалэ, кIуэи уи ныбжьэгъухэм къеджэ.

 И адэм къыщыщIар щхьэжэ щыхъуауэ кIуэурэ, и зы ныбжьэгъум и куэбжэм нэсащ. ЩIалэр джэри, и ныбжьэгъур къыщыдэкIым, макъ лъахъшэкIэ жриIащ:

- Си адэм цIыху IэщIэукIащ, ягъэ кIынкъым, накIуэ ди унэ.

Ауэ ар и ныбжьэгъум идакъым.

- Сэ апхуэдэ Iуэху сыхыхьэнукъым, - жиIэри унэм щIыхьэжащ.

ЩIалэр и ныбжьэгъуу хъуам я деж кIуащ, ауэ зыри къыхуэгузэвакъым. И щхьэр къыфIэхупауэ и адэм деж къыщигъэзэжым, лIыжьым жиIащ:

- КIуэи, атIэ, уи ныбжьэгъухэр къыщыпхуэмыкIуакIэ, сэ си ныбжьэгъухэм къеджэ.

ЛIыжьым и ныбжьэгъухэм къэхъуар зэрызэхахыу, псори къызэхуэсащ, гузавэу.

Иужьым лIыжьым жиIащ:

- Уэлэхьи, цIыхуи сIэщIэмыукIа, си ныбжьэгъухэ. ЩIалэм и ныбжьэгъухэр ныбжьэгъу хъунрэ мыхъунрэ къэсщIауэ аращ.

Ар жиIэри, гъуэлъыпIэ щIагъым щIэт лымрэ ху пIастэмрэ къигъэуври, я ныбэ из хъуху къызэхуэсахэм яшхащ. Ахэр зэбгрыкIыжа нэужь, адэм и къуэм жриIащ:

- Мис аращ, си щIалэ, ныбжьэгъур тхьэмыщкIагъэм дежщ къыщацIыхур.

А махуэм щыщIэдзауэ, щIалэм и ныбжьэгъу нэпцIхэр хыфIидзащ.

Поделиться: