Нэхущ Мухьэмэд и «Адыгэ нэпсхэр»

ТхакIуэ, усакIуэ, журналист Нэхущ Мухьэмэд 1944 гъэм фокIадэм и 20-м Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм щыщ Алий-Бэрдыкъуэ къуажэм къыщалъхуащ. И ныбжьыр зы илъэс фIэкIа иримыкъуауэ Мухьэмэд и адэр зауэм хэкIуэдащ. Анэмрэ и шыпхъу нэхъыжьхэмрэ япIащ щIалэр. Адэ зыщхьэщымытыж унагъуэм лIыуэ къинар а сабийрати, и ныбжьым емылъытауэ, унагъуэм и тхьэмадэу ялъытэрт, абы къыхэкIкIэ, зэрыцIыкIу лъандэрэ лъэбакъуэу ичым и жэуап ихьыжыфу, унагъуэм цIыхухъу пщэрылъхэр щигъэзэщIэным хущIэкъуу къэхъуащ.

Хэхъуэшхуэ зимыIэ унагъуэр гъэсыныпхъэ хуэныкъуэми, хадэ-унагъуэ Iуэхухэр зэлъэгъэIэсын хуейми, зэрыхузэфIэкIкIэ зэригъэзахуэрт икIи апхуэдэурэ гъащIэм иригъэсащ и щхьэ ипIыжыфу, и щхьэ пщIэ хуищIыжу, тегушхуэгъуафIэ заримыгъэщIу.

ЩIалэр дзэм ираджэри, Германием къулыкъу щищIащ. Дэнэ щымыIами, Мухьэмэд зэи игу ихуакъым ар адэншэу и анэм зэрипIар. ИкIи усэ куэд хуитхащ и анэм.

Къулыкъу нэужьым Нэхущыр Горький Максим и цIэр зезыхьэ Литературэ институтыр Москва къыщиухащ. Институтым и егъэджакIуэхэм гу къылъатауэ щытащ Нэхущым и талантым, икIи и цIыхугъэкIэ, гу пцIанагъэкIэ, щIалэм и псэ къабзагъэкIэ, ныбжьэгъугъэкIэ къыдихьэххэу яхэтащ Мухьэмэд къыдеджэхэмрэ езыгъаджэхэмрэ.

Унэм пэжыжьэ ущыхъукIэ, цIыхугъэкIэ узыщыгугъын уолъыхъуэ, псом япэ уи лъэпкъэгъум нэхъ ухуоплъэкI. Урысейм и къалащхьэм щигъэкIуа зэманым Мухьэмэд ныбжьэгъугъэм и уасэр, абы и къарур нэхъ куууэ зыхищIауэ щытащ.

Нэхущыр и усэхэмкIэ ицIыхуу щытами, нэхъ гъунэгъуу Москва зэрыщызэригъэцIыхуауэ щытар жеIэж Урысейм ис адыгэхэм я лъэпкъ-щэнхабзэ автономием и унафэщI Уэхъутэ Александр: «Езыр - литературэм, сэ техникэ щIэныгъэм сыхуеджэу институт зырызым дыщIэст, ауэ дызэхуэзэрт, Адыгэ Хасэ жытIэми е хьэщIапIэ дызэхуэкIуэми, зэлъэпкъэгъухэр дызэрылъагъурт. Ноби Къэбэрдей-Балъкъэрми Адыгейми щыщу ЛитературэмкIэ институтым Мухьэмэд къыщыдеджахэм я сурэт куэд си архивым хэлъщ.

Дэ, нэхъыбэр, абы дызэреджэр Мухьэмэд цIыкIут. Дауи, зэрыцIыкIуратэкъым апхуэдэу щIыжытIэр, атIэ фIыуэ тлъагьуу, дгъафIэу зэрыщытарщ. Илъэс 50 иримыкъут абы къыхуиухар. Адыгэ лъэпкъми, литературэми, Iыхьлыхэми, ныбжьэгъухэми тфIэкIуэдащ усакIуэ хъарзынэр, цIыху гуапэр, хьэлэлыр, ныбжьэгъуфIыр. Абы и лIэныгъэр гуауэшхуэу, нэщхъеягьуэ ину щытащ ар зыцIыхуа псоми я дежкIэ. Игу хьэлэлыр псом папщIи зэIухауэ, нэгъуэщIым щхьэпэныр, сэбэп хуэхъуныр езым ищхьэ Iуэхум япэ иригъэщу псэуащ ар. Мухьэмэд лъэпкъ литературэр зыгъэбеину тхыгъэ хъарзынэ куэд къыщIэнащ, и художественнэ тхыгъэхэр, къанэ щымыIэу, щызэхуэхьэса «Адыгэ нэпсхэр» тхылъыр дунейм къытехьащ».

Адыгэ нэпсхэр

Тетщ мы дунейм пцIы екIу, пцIы ин –

ФIыцIабзэу и гур.

Зэгуэр бэлыхьым хэмыкIын

Ар зышэч щIыгур.

 

Хейр плъагъуу мысэ ещI, езым

Iуэху дыдж къигъэщIхэр…

Къыпачыпауэ пцIыщ а пцIым

Гухэлъ къитIэщIхэр.

 

Мы къэралышхуэр тутнакъэщ

ЗэтрищIыхьауэ,

ИщIыну пылъщ дунейм и фIэщ

Псэур дэ зырауэ.

 

Апхуэдэ пцIыр зигу темыхуэр

ЩолIэж делэщым.

Е, зым имыщIэуи къэхъуар,

Ехь ажал узым.

 

Жыг лъабжьэ быдэу зедз а пцIым,

Бзэгухьхэр и бэщ.

ХуищIыжыр пэжым и бысым –

«Мыжыжьэ щIыпIэщ».

 

Мы пцIым и IумпIэр зубыдам

Уанэгур ейуэ,

Сэрей плъыжьышхуэ къэхухьам

Тетщ бэтэгъейуэ.

 

Абы ещIыж ар тхьэпэлъыт,

И жыIи фIэкIкъым.

И пащхьэми убзэури щымыт,

Махуэл дигъэкIкъым.

 

АрщхьэкI лIамэ хуопсэлъэж:

«Щыдэсым жьантIэм

Къуэншащ ар, и цIэ ивмыIуэж…»

ПцIыр пцIынт мылантIэм?

 

Зыхуей сурэтми йохьэф –

Зэчийщ, ухуакIуэщ.

Хуатхарэ пэт ар къемыджэф –

Лъэпкъышхуэ тхакIуэщ.

 

Къэралым лIыфIхэм хуалэжьар,

Мы ди лIэщIыгъуэм,

ЕщI зым ей, арщ зэрыхъуар,

И зы къитхъыгъуэм.

 

Ауэ пцIыр пцIыщ, егъалIэ – лIэр,

Псэур – егъэпсэури…

Хэт жыриIэн абы: - Сыт пщIэр?

Iэгу хуоуэ псори.

 

Хъуащ щхьэрыутIыпщи къеджэдыхь,

Зригъэзэшкъым.

Зыхуей пщIыхьэпIэхэм йопщIыхь –

КIэ гуэр иIэжкъым.

 

Езым ещхьыжщ зэхуишэсар

И блэгу щIэтынхэу.

Дыгъущ, Iулъхьэ Iыхщ, уолъагъу къэнар –

ЗэфIэтхэщ сынхэу.

 

Iуэху захуэр япэ имыща

Здэуэрым жьабзэр.

Иджыри соплъри мыгъуща

А пцIым и лъапсэр.

 

АтIэ а пцIым зэтриукIащ

Си лъэпкъ адыгэр.

Къэнари хэкум ирихуащ –

Щыхьэтщ пэжщ дыгъэр!

 

А пцIым апщыгъуэм ирищIар

Адыгэ Хэкум –

Езауэу псэм, мыткIу банэу ар

Хэлъщ мы си нэкум:

 

Леягъэ ину къыдихар

Урыс пащтыхьым,

Нэхьэлат ину къытенар

Лъэпкъышхуэ щIыхьым.

 

Пащтыхьым нэхърэ нэхъыкIэжщ

ЗыгъэпщкIу, зыущэхур.

Абы къуэмылъу игугъэжщ

Адыгэ Iуэхур.

 

А Iуэху гуихым и къарур

Ещхьащ техьэгъуэм,

КъыщхьэщымыкIыу Орадур

Щыхъа гуIэгъуэм.

 

А Iуэхур ещхьщ Сонгми,

Хатынь ищыжу япэ.

Ар бджымэ плъэкIкъым нэбджысын –

УегъэгуIэпэ.

 

Акъылыр пIехри уреуд –

Дунейр ууейкъым.

ЩыIащ мыбдежым геноцид –

Зы езгъэлейкъым.

 

«Фыхуеймэ щIыгу, фэстынщ – къэвзэу,

ФгъэкIуэд адыгэр:

И къупщхьэр фгъэс, дэп хъуа – зевгъэу,

Фгъэлъагъуэ лIыгъэр!

 

ИтIанэ хуит фыхуэхъур пэжщ

Беягъэу щыIэм,

А щIыгум фIыгъуэр щыгъунэжщ,

ФедэIу си жыIэм!» -

 

Пащтыхь унафэр ныпу фIэлът

Сэлэт мыжурэм.

Гуэныхь хуэгъэгъууи пщIэхэлът

Жор и пщэ къурэм.

 

ЖаIакъым лIыжь, фызыжь, сабий –

ЯукIт къахуэзэр.

ЯщIакъым щысхь, гущIэгъу икIи

Лъыт зыхуэIэзэр.

 

Хэт граф Ермолов къэзылъхуар

Ириту гъащIэ?

Фи дежщ фашизмэр къыщежьар –

Фи дежщ, зэвгъащIэ!

 

Пащтыхь залыму Алексей

(Сыт фызыщыплъэр?)

ЛIэщIыгъуэ дэкIри къилъхужаи

Нэмыцэу Гитлер.

 

Мы тIури зы выбжьакъуэу щытт,

Зы хъэтIт яIэжыр.

Мы тIури ем и щхьэгъэрытт,

Ет ягу къыдэжыр.

 

А пцIы адыгэм щымысхьам –

ЛIыукIт и дзэпщхэр.

…КъыпоткIур ар уэгу зылъэгъуам

Адыгэ нэпсхэр.

 

А нэпсхэм ноби къыщакIухь

Къэралу щыIэм.

Гукъеуэ нэхъи къахуимыхь

«ХЭХЭС» цIэ щIыIэм.

 

Мэзкуу, гъуэгу гугъухэр здызэхуэс,

Жыр икIи Iущхьэ,

Зэм анэ, зэм анэнэпIэс,

Щхъухь икIи хущхъуэ!

 

ХамэщIым теуэу къэзызэум

УащыпэувкIэ,

Ер ешэлIапхъэу емыкIу пкъом

КъыщыбгъэувкIэ,

 

ЩыпIэткIэ макъ: - ФемыкъуэншэкI

Нэхъ махэм лъэщхэр! –

Я фIэщ ухъун щхьэ уигу къэгъэкI

Адыгэ нэпсхэр!

Поделиться:

Читать также: