Псысэм хуэдэ щIыналъэ

Тэрч Iуащхьэхэм удэкIа нэужь, Къаншыуей жылэр къиухъуреихьу таурыхъ щIыпIэ щыIэ хуэдэу жаIэрт къуажэдэс щIалэ нэхъ балигъхэм. КъапыкIэм я инагъкIи IэфIагъкIи къапэхъун нэгъуэщI зы щIыпIи ущримыхьэлIэну, щыкуэдт абы тутей хадэ хьэлэмэтхэр…
ЩыIэт абы псы щIыIэмыл зэрыт псыкъуий нэхъ куу дыдэри, чыцIыр зи шхыныгъуэ бдзэжьей пIащэхэр зыхэс гуэли, нэгъуэщI куэди. Аузыр яуфэбгъурт хужь-фIыцIафэу зи джабэр екIуэкI хъарбызхэр, фом хуэдэу IэфIыпс хъэуан дыщафэхэр. Хьэхэм мэл гуартэхэр ягъэхъу, лъэныкъуэкIэ тхьэкIумэкIыхь хужьхэр, «лъахэм» щыпашэр зэхагъэкIми ярейуэ, къыщызэрохуэкI. МэракIуэ жыг абрагъуэхэм жьындур хэзщ, губгъуэ джэдхэр абыхэм я лъабжьэм щоулъэпхъащэ…
А щIыпIэ телъыджэр ди нэгу къыщIагъэувэми, ар зэдгъэлъагъун хуэдэу гъуэгу дытехьэн щхьэкIэ, нэхъ мащIэ дыдэу иджыри зы илъэситху ди ныбжьым къыхэхъуэн хуейуэ къыщIэкIынт. Ар къыджаIэрти, щIалэхэр къытщIэнакIэрт. Апхуэдэхэм деж дэ а Iуэхум нэхъ ерыщ дыхуэхъурт. 
Куэдрэ дыгупсысакъым. Зы махуэ гуэрым щIалэ цIыкIуитху - илъэсищым къыщыщIэдзауэ илъэситху зи ныбжьынухэр - дытегушхуэри, «Белэмыкъуэ» щIыналъэ дахэр зэдгъэлъагъуну мурад тщIащ. Псы е гъуэмылэ тIыгъын хуейуэ дэнэ щытщIэнт, дыгъэ гуащIэм дыхэувауэ ди гъуэгум хыдогъэщI. Къуажэр къызэднэкIри, нэхъ лъагэ дыдэу тлъагъу Iуащхьэм дыдэкIуеящ. АдэкIэ здэдунэтIынум егупсысын хуейт. 
А гъэмахуэр апхуэдизкIэ уэгъу хъуати, щIыр зэрыщыту зэгуэтхъат. Куэд дэмыкIыу ди Iур игъущыкIащ, псы къэтлъыхъуэну дыхуежьа щхьэкIэ, бгъуэтмэ къащтэ, жыхуиIэращ. АдэкIэ нэкIуэн ямыдэу, гъыуэ къыщIадзэри, илъэс щырыщ зи ныбжь ди гъунэгъу щIалэ цIыкIуитIым къуажэмкIэ ягъэзэжащ. Къэнар нэхъ ерыщхэрт - ар сэрэ си къуэш цIыкIу Вовэрэт, ди гъунэгъу ПытIатIэ (Володя) ди гъусэжу. ЗыдмыIэжьэу, ди гъуэгум хэдгъэщIмэ нэхъ тфIэкъабылу, дежьащ. 
Ди щIыбыр дыгъэм трисыкIарэ сабэр къытпылъэлъу сыхьэт зыбжанэ ткIуа нэужь, дынэсащ апхуэдизрэ «дызэпщIыхьа» лъахэм. Белэмыкъуэр, ди къуажэми хуэдэу, Iуащхьэ лъагэфIхэм я зэхуаку дэтт. Жыжьэу уплъэмэ, жыхуаIа жыг хадэ щхъуантIэм гъунэ иуплъыфыркъым. Абы и лъапэм деж унэ лъахъшэ цIыкIу щыту долъагъу, мывэкIэ къэгъэтIылъыхьа псыкъуийри гъунэгъущ. 
Асыхьэту дызэрешари тIэщIэгъупщыкIыжакъэ! ДыгуфIэу лъагъуэ цIыкIум дытету дожэх. Дынэсмэ, дызыIуплъэр «къызыфIэдгъэщIахэм» зэрещхь щыIэкъым: псы ткIуэпс ярымыту пхъэ хьэкхъуафитI щыт мыхъумэ, унэм и Iэгъуэблагъэм цIыхуи, Iэщи, мэл гуарти, бдзэжьей абрагъуи, тхьэкIумэкIыхь хужьи, зыри щыдгъуэтыркъым. (Мыбдеж щагъэхъу хабзэ бжэнхэр гъатхэм Дзэлыкъуэ IэхъупIэхэм яхурт, ар дэ иужькIэщ къыщытщIар). Ябгынэжауэ зы псыкъуий, псыр къызэрыдэпхьеин кIапси пэгуни гъунэгъуу къыпIэщIэмылъагъуэу, щытщ. 
Псыкъуийм и лъащIэр плъагъуркъым. Куу къыщIэкIынт, мывэ еддзыха щхьэкIэ, зы макъи къэIужакъым. Къэдгъуэтакъым «ягъэхъыбара» гуэлри уеблэмэ зы псы кIэнтхъи. Ди Iуэхур абдеж къызэрыщимыкIынур къыдгурыIуэри, тутей хадэм дыхыхьащ, нэхъ мыхъуми абы зы фIыгъуэ гуэр къыщыдгъуэтыну дыгугъэу. АрщхьэкIэ хадэри зэрыщыту къуацэ-чыцэрэ шыпсыранэу къыщIэкIащ. Лъэбакъуэ пчыху, уи щIыфэр зэхафыщIэ. А псом и щIыIужкIэ, бжьэмрэ хьэдзыгъуанэмрэ ди щхьэщыгум щызолъатэри, ди псэр ягъэпIейтей. 
ЕкIуэлIапIэ яхуэдгъуэтыркъым мэракIуэ хъуахэми. Ахэр жыг щхьэкIэ дыдэхэрщ зыпытыр. Ауэрэ ди пIэм диуфэрэзыхьурэ, къуаргъ гуп къызэкъуэлъэтащ, къыздикIари къыдгурымыIуэу. Зыпэмыплъа хьэщIэхэм гу къыщытлъатэм, мурадыфI зэрамыIэр къыдгурыIуащ, я дамэхэр яутхыпщIу къыщытщхьэщылъатэм. Сабиищым ди къарур зыхуэдэри гурыIуэгъуэт, ауэ зэрытлъэкIкIэ къудамэкIэ абыхэм дахэуащ, дакъыIэщIэкIри, жыг щIагъ жьауэм зыщыщIэдудыгъуащ. 
Ауэрэ зэманыр кIуэрт. Дыкъызэрежьэрэ псы дызэремыфам хуэдэт. Псы ина фIейм фIэкIа щыдмыгъуэтым, ди плIэ кIапэхэр хэтщIэурэ абы къыщIэткъузыкIыжым дэдгъэзейуэрэ дефащ. Ди псыхуэлIэр апхуэдэу идгъэкIщ, уэшх нэужьым иджыри гъущыжыну хунэмыса щIы псыIэм дыщетIысэхри, дыIурихащ. 
Дыкъызэщыужа нэужь, ди щхьэм нэсащ «таурыхъ щIыпIэкIэ» зэджэр зэрышыпсэр, нэхъыжь щIалэжь цIыкIухэр апхуэдэу къытщIэнэкIа къудейуэ зэрыарар. ЩыIэтэкъым мыбы къуалэбзу хьэлэмэтхэри, тхьэкIумэкIыхьхэри, хъарбыз абрагъуэхэмрэ хъэуан фоупсхэмри, уеблэмэ зы къэкIыгъэ дахи. ЗэрыжытIауэ, дэнэкIи къуацэ-чыцэт. Жыг хадэм хьэ, джэду хьэулейхэр хэсу арат, къуршыбгъэхэм я пIэкIэ уафэм аддэ лъагэу щызелъатэр къанжэхэрт… Иджы унэм дыкIуэжын хуейт. 
ДызэрыкIуэсар къамыщIэн ди гугъат. АрщхьэкIэ псом япэу ПIытIатIэ и анэ Хьэжан уэрамым дэлъэдащ и къуэ цIыкIур къилъыхъуэжу. Абы занщIэу къыжраIащ зэкъуэшитIым ди гъусэу, «Белэмыкъуэ» жэнэт щIыпIэр къилъыхъуэну ар зэрыкIуар. Къуажэкум щызэхэлъэдащ цIыхур, ящIэнумкIэ зэгурыIуэн папщIэ. ЦIыхухъуитI къыхашри, гъуэгум блэкIыу къаIэрыхьа шыдитIымкIэ а тIур ди лъыхъуакIуэ кърагъэжьащ (а зэманым шыдыр куэду зэрахуэрт, уэрамхэм дэутIыпщхьауэ зэпымыууэ урихьэлIэрт).
Зы сыхьэт е тIу хуэдэкIэ Белэмыкъуэ къэсащ ахэр. ЩIалэ цIыкIуищыр дызэхэуфIеяуэ дыркъуэ мащIэхэри ттелъу абыхэм дыкъагъуэтыжащ. Дагъэкъэбзэжщ, гъуэмылэ къыздащтахэр къытIэщIалъхьэри, ди гур къызэрыгъуэтыжауэ, шыдыгум дыкъитIысхьэжащ. ИлъэсиплI хъуа пэтми, иджыри къэс быдзышэ ефэ ПIытIатIэ а махуэм щигъэтат, икIи ди «зекIуэм» нэхъ балигъ щыри дищIами ярейуэ, афIэкIа зыми зыкъедгъэгъэпцIэжакъым. 
КIэрашэ Михаил.
2017 гъэ
 

 

ЗэзыдзэкIар БАГЪЭТЫР Луизэщ.
Поделиться:

Читать также: