Кушыкурэ Мэтрэ я жэуап

Адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным ерыщу яужь ита, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ цIэ лъапIэр зыфIаща Шэрджэс Алий адыгэм и щэнхабзэр, и тхыдэр хъумэным ехьэлIауэ тхылъ зыбжанэ къыдигъэкIащ. Абыхэм ящыщщ «Адэжь хъыбархэр» жыхуиIэу 2014 гъэм дунейм къытригъэхьари. 
Нэхъыжьхэм къаIуэтэжахэм къахихыу, а тхылъым щызэщIигъэуIуахэм яхэтщ «Кушыкурэ Мэтрэ» зыфIища Iуэтэжри.   
Урыс-Кавказ зауэжьым лIыгъэшхуэ щызезыхьэу цIэрыIуэ щыхъуа Ажьджэр (Ажьджэрий) и къуэ Кушыкупщым къэмылэнджэжу, зым и щIыб адрейм ихъумэу дэгъуэгурыкIуа зауэлI емызэшыжт Сэфралыкъуэ Мэт. 
Кушыкурэ Мэтрэ хъыбар къалъэIэсыжат къалмыкъхэр «ЩIы ФIыцIэкIэ» зэджэ, Маныч и Iэгъуэблагъэм шыр куэду щызыIыгъ къэзакъ беижьым мыпхуэдэу жиIэгъауа: 
- Айа, а Сэфралыкъуэ, Ажьджырыкъуэ жыхуаIэхэр къысщымышынэу си деж къэсыфын?!
Урысыдзэм и унафэщIхэм къагурыIуэртэкъым адыгэ шу гупым жэщ-махуэм и кIуэцIкIэ жыжьагъэ зэпачыфыр зэрахуэгуэщI щIыкIэр.
Кушыкурэ Мэтрэ мурад ящI атаман щхьэщытхъум и лъахэм нахусыну. Мыин дыдэу гуп зэрагъэпэщри, йожьэ. Нос. Жэщ ныкъуэм шыбз гуартэ такъырыфI кърахужьэри, гупыр къожьэж. Пхъэр щыхъукIэ, щхьэж иш зэрихькIэ макIуэ, зэрыIыгъышхуэ ядумылъагъуу. Мэт ар ищIэрт. Арат щIапежьар, я ужь къиувэну. КъызылъэщIыхьэр иригъэпсыхыурэ, уанэгу куэд нэщI ищIауэ, атаманыжьыр къызоплъэкIри, Мэт къелъагъу.
- А-а, хьэм къилъхуа! Уэрагъэнущ Сэфралыкъуэр! – жеIэ, къегъэкIэрахъуэри, Мэт къытобанэ.
Атаманыр лIышхуэт, Iэщэми хуэIэижьти, къытрикъузэу сэшхуэкIэ къеуэрт, увыIэгъуэ имыIэу. Мэт и джатэр пэщIигъэувэрт, армыхъуамэ езыр еуэртэкъым. Ауэрэ Iуащхьэшхуэм къытеувауэ нэрыплъэкIэ къаплъэ Кушыку къелъагъу Сэфралыкъуэм уанэгум зриIэтыкIыу зэ закъуэ джатэмкIэ зэрыуар… Ар зылъэгъуа къэзакъхэм:
- Сэфралыкъуэращ! Щхьэж зэрылъэкIкIэ фи щхьэ ныIуфх! - жаIэри, зыщIатхъуж… 
Абы щыгъуэ Псыжь лъэмыж телъакъым. Зи гугъу тщIы зэманым псы икIыпIэ здиIар иджырей Псыжь къуажэм икIэжкIэт. Шыпэр псым къызэпрызыша хакIуэр зыгуэрхэм ямыгъакIуэу къагъэувыIауэ, псым икIа шыхэр хъурейуэ Iуфэм къыщаугъуейт. Мэт къаплъэри:
- ХакIуэр нэгъуеипщ Едыдж, шу гуп и гъусэу, къигъэувыIауэ игъакIуэркъым. Еплъыт, Кушыку! – жеIэри, нэрыплъэр къыхуеший.
- Пэж дыдэу аращ. Ари лажьэм зэрихуэрэ? Щхьэ и пIэ имысыжрэ? Дэ дыкIуэу дыщыхьакъым, сыт зэран щIэхъун хуейр?
- Сыт хуэдэ бзэ, атIэ, абы дызэрепсэлъэнур, Кушыку? – пщым йоупщI Мэт. 
- Нэхъапэ щIыкIэ Алыхьым и хьэтыркIэ щэ елъэIу, зэран къытхуэмыхъуну. КъимыкIмэ, уи Тхьэ узэреплъщ, Мэт! – жеIэр Кушыку. 
Мэт псым зэпрокIри, нэгъуейхэм йолъэIу хакIуэр яутIыпщыжу ягъэкIуэну, Алыхьым и хьэтырыр щIигъужурэ. Ауэ нэгъуеипщ Едыдж нэхъри зегъэдыдж нэхъ, ауи Мэт жиIэм къедаIуэркъым: 
- Фэ бзаджэнаджэхэр фыкъокIуэр, урысхэм яш къывохури, ахэр дэ зэрывблэдгъэхуам папщIэ, дэ ди фэр ирах! Си хьэдэм фемыбэкъуауэ шыр фэзгъэхункъым! – жеIэри къытогуауэ. Щэми жэуапу къритар а зырат. Щымыхъужыххэм, Едыдж хъужри Iэщэм еIэну щыхуежьэм:
- Уи хьэдэм себакъуэмэ-себакъуэщ! Къыхэзыхар уэращ! – жиIэщ, и къихи и уэи зы ищIри, Едыджым и щхьэр пигъэхуащ. И гъусэхэм я жьэр ущIауэ щытурэ зыкъащIэжыху, ахэри я зиусхьэным кIэлъегъакIуэр. 
- Иджы нэужь фыкъытпэувмэ, къыфщыщIынур уэ яжепIэжынщ! – жеIэри, и тхьэкIумитIым тхьэбзэ тедзауэ зы еутIыпщыж. А хьэдэ лъэмыжыр Кушыку щилъагъум хощэтыкIри, Едыджыпщ зыхуигъазэу: 
- Е, насыпыншэ дыдэ! Алыхьым и хьэтырым уемыбакъуэу, хакIуэр блэбгъэкIатэмэ, къыпщыхьэн урыси щIэх къэкIуэнутэкъым, уэри уи бын уахэсыжынут! Мы щIалэхэри птекIуэдащ, зым щымыщу! – жеIэ…
Гуартэр Инжыдж ЦIыкIу псыхъуэмкIэ мэзышхуэм хэтурэ къыдрахуей. Апхуэдэу къаху шыхэр здрахулIэр Марыхъущхьэ банэ сэреишхуэ иIэу ис абазэпщым дежт. Шы гуартэр абы щрахулIам, езы пщыр щымыIэу, сэреибжэм IункI IуукIауэ къыщIокI. Хабзэр арати, зейр щымыIэу IункIыр зыми къыIуиудыну хуиттэкъым, ар къызэрыIуауд пхъэ удырри абдеж еупсеяуэ щыт пэтми.
- Сыт тщIэнур, Сэфралыкъуэ? – йоупщI пщыр и гъусэ пэжым. 
- Пщыр къэкIуэжыху дежьэмэ, мо щыхупIэм и гъунэм хакIуэм къыщиухъуреихьа шыбз гуартэр щыхунущи, дгъэхъахэри псыхэкIуадэ хъунущ, Кушыку. Къытхуэнэжыр аращи, банэ сэрейр пхырыттхъын хуейщ шыбгъэкIэ. Уэ унэхъыжьщи, къыщIэдзэ, сэ нэзгъэсыжынщ! – жэуап етыж Мэт. 
Кушыку тIэу-щэ сэрейм ешыбгъэуа щхьэкIэ, хупхытхъакъым. Мэт и щIакIуэ кIапэр и пщIэгъуалэм и бгъэм иридзэри, хуищIэу елъэдэкъуэуащ. Шыр сэрейм елъэн и гугъуэу зыкъеIэт, ауэ емылъэфу сэрей блыныр къызэхегуэ. ЕтIуанэ илъыгъуэм пщIэгъуалэр йолъэ, къолъэж. ЩIакIуэр зэрыубгъуа и бгъэмкIэ иригъэIэурэ пхетхъ шы ихьэфыну. АбыкIэ шы гуартэр ирагъэхьэри, пхатхъар ягъэбыдэж, зыри къимыкIыфыну. 
А зэныбжьэгъуитIым ахэр щагъахъэм, къаплъэри къилъэгъуат абазэпщым и щхьэгъусэ Къэхъырмэн гуащэм. Зыхуеблэгъа пщыри къэсыжщ, шы къызэрахуам и хъыбарыр зэхэзыха шыщэху гупи къызэхуэсауэ хьэщIэщым щIэсхэт, ешхэ-ефэ ящIу. Ауэрэ псалъэмакъыр лIыгъэ-шыгъэм хуокIуэ. Мо зы анэм къилъхуам хуэдэу Кушыкурэ Мэтрэ нэхъ лIыгъэ зиIэр гупым къахутэну хуожьэ, езы тIум апхуэдэ Iуэху мышур ямыдэурэ. ХьэщIэщым щIэсхэр зэпекъу щыхъум, Къэхъырмэн гуащэр, адыгэпхъур, къраджэ, а Iуэхур къызэрыщыхъумкIэ еупщIыну. Модрейри Iущу къыщIэкIри, адыгэлI хъарзынитIым я жагъуэ зэримыщIынум пылъу: 
- ПцIэгъуэплъым тесам зылIкIэ сытыр и лажьэт, ауэ пщIэгъуалэм тесар шут, шу псом я лейт! – жеIэ, цIэ гуэри къримыIуэу. Гуащэм цIэ къримыIуами, пщIэгъуалэм тесар Сэфралыкъуэр арати, хэткIи ар гурыIуэгъуэ мэхъу. Унафэ ящI икIэщIыпIэкIэ Сэфралыкъуэм уэрэд хуэусын хуейуэ. Ауэ езы Мэт ар ауи яхуидэркъым:
- Сэ сыпщкъым, сыуэркъкъым, уэрэд зыхуэфащэр ахэращ. Дэ дгъахъэ псор ди зэхуэдэщ, нэхъыбэ зыщIамкIэ зэи дыупщIэжыркъым. Апхуэдэу щыщыткIэ, Кушыку уэрэд хуэвусмэ, ар сэркIи фэеплъщ, тIури цIыхухэм дызэдалъагъури! – жеIэри. 
Шыуэ бийм къытрахауэ апхуэдэу къахур ящэрти, къыщIэкIар дэIэпыкъуэгъуншэхэм, зауэм ибэ ищIахэм хуагуэшырт, адыгэдзэм папщIэ Iэщэ къащэхурт, езы урыс дыдэхэм я деж къуагъкIэ шэгын къыщащэхурт. 
Езы зауэлIитIым я щIыфэр къимыщ закъуэмэ, щыгъынаблэу щыттэкъым, цIуугъэнэ лъэпкъ зыкIэралъхьэртэкъым. Ауэ я Iэщэмрэ яшхэмрэ куэд узыгъэлъыхъуэнт - Iэщэр мыубзэщхъужт, шыхэр жьыри зыщIэмыхьэнт.  
Тхыгъэр зыгъэхьэзырар КЪУМАХУЭ Аслъэнщ.
Поделиться:

Читать также: