Гъатхэм дэIэпыкъуэгъу хуэныкъуэхэр

Ди щIыналъэм къэлъэтэжа къуалэбзухэм иджы хуэдэ зэманым дэнэкIи я шхын къыщалъыхъуэ. Ипэ ита илъэсым елъытауэ, иджыпсту дунейр зэрыIэгъущэлъэгъущэри абыхэм сэбэп къахуэмыхъуу къэнакъым. Уэс зэрытемылъым и фIыгъэкIэ тегъущыкIыну хунэса жыг пхъафэхэм кIэщIопэщэщыхь, жыг лъабжьэхэми зыгуэрхэр къащыщыIухуэ щыIэщ. Иджы хуэдэ зэманым дунейр зэщIипхъэнкIэжу къесу щыта бжэндэхъу уэс гъущэм и пIэкIэ, мэлыжьыхьыр икIыху синоптикхэм къытпагъаплъэр щIыIэтыIэрэ уэтIпсытIрэщ. 
 И зэманым къэлъэтэжа бжэндэхъухэмрэ чыцэ бзухэмрэ загъэшу жыгыщхьэхэм пщэдджыжьыпэкIэ фIэсщ, иджыри зызымыIэт пшагъуэмрэ дунейм игъуэт зэхъуэкIыныгъэхэмрэ къазэрытехьэлъэр нэрылъагъуу. ЩытыкIэм зэуэ зыщехъуэж ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэм: мы гъэм хуэдэу жыгхэм бзу цIыкIухэм я шхапIэ куэд щыфIащIа къэхъуакъым. Ахэр апхуэдизкIэ дахэ защIэщ, IэкIуэлъакIуэуи щIащи, къахэпхынур пщIэркъым езы къуалэхэри хэдэ нэхъей, зэ зы унэм, зэм адрейм бгъэдолъатэ, зэпаплъыхь. ПхъащIэ Iэзэхэм я IэдакъэщIэкIым хуэдэу, абыхэм я дэтхэнэми нэм къыфIэнэ лэжьыгъэ иращIылIащ. КъызэрыщIэкIымкIэ, къалэм дэт курыт еджапIэхэр илъэс къэс зэпоуэ бзу цIыкIухэм я шхапIэ нэхъ дахэ щIынымкIэ. Апхуэдэ зэхьэзэхуэхэм жыджэру хэтщ Налшык и эколого-биологие центрым и гъэсэнхэри.
Уэздыгъей, кIей къудамэхэм щыщIиупскIэ шхапIэхэм епщIэкIауэ щызэхуэс бзухэм щыкъуныр напIэзыпIэм иращыпыкI. Паркым къыщызыкIухьхэм щIыпIэ-щIыпIэхэм щракIутыжу плъагъуркъым къуалэбзухэм я зэран зыхэлъ щIакхъуэхэкIхэр. Абыхэм нэхъ хуапхъыр псоми езэгъ хугу, хьэпцIий хуэдэхэрщ.
Иужьрей илъэсхэм ди паркхэмрэ скверхэмрэ щыболъагъу ипэкIэ ди щIыналъэхэм узыщрихьэлIэу щымыта къуалэбзу лIэужьыгъуэхэм. Абы и щхьэусыгъуэр щIыуэпсым игъуэт зэхъуэкIыныгъэхэрщ. Бзухэм я тIысыпIэу щыта мэз кусэхэр, губгъуэхэр цIыхум кIуэ пэтми къаубыд, ухуэныгъэ щхьэхуэхэр щрагъэкIуэкI, мафIэсхэр къыщохъу, езы щIыуэпс дыдэми а къуалэбзухэр щIиIэпхъукIын зэхъуэкIыныгъэхэр егъуэт. Урысейм и ищхъэрэ щIыналъэ щхьэхуэхэр къэтщтэнщи, иужьрей илъэситIым зэи къыухэр щамылъэгъуа гуэлхэм ахэр уэру щызэхуэсу хуежьащ. А щIыпIэхэм щIымахуэр нэхъ хуабэ зэрыщыхъуам имызакъуэу, абыхэм я шхыни щагъуэтынущ.
Ди щIыналъэм гъатхэпэм и пэщIэдзэхэм щегъэжьауэ щытлъагъуу хуежьащ зи бгъэгур плъыжь, щIыху бзу дахэхэр. Ахэр я теплъэкIэ цIыкIукъым, къалэхэми, къуажэхэми зэхуэдэу уащрохьэлIэ. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, ахэр зауэ щекIуэкI КъуэкIыпIэ ГъунэгъумкIэ къилъэтыкIащ. Ди щIыналъэм сыт щыгъуи гъатхэм къэлъэтэжу щыта адрей къуалэбзухэм ахэри дяпэкIэ къазэрыхэхъуэнум шэч хэлъкъым. ШхынхэмкIэ къулей ди мэз щхъуантIэхэр, псыежэххэр, губгъуэ хьэсэхэр, бзухэм тIысыпIэ хъарзынэ яхуэхъу псыпцIэхэр ауэ къэгъэнауэ, Кавказыр нэгъуэщI зы IуэхугъуэкIи къыщхьэщокI дуней псом и адрей щIыпIэхэм. 
«Телъыджэщ мы щIы хъурейм и климат щытыкIэ зэхуэмыдэхэм я къэкIыгъэхэр мы зы щIыпIэ закъуэм деж щызэхуэхьэсауэ къызэрыщыкIыр. Лъэр щеувэх аузхэми абыхэм я адрыщI лъэныкъуэхэми зэбгъурыту ущрохьэлIэ тайгам, тропик, субтропик щIыпIэхэм узыщрихьэлIэ жыгхэм, къэкIыгъэ щхъуантIэхэм, удз гъэгъа лIэужьыгъуэхэм»,- дыщрохьэлIэ, зэман жыжьэкIэ дызэIэбэкIыжмэ, «Урыс географие зэгухьэныгъэм» хэта щIэныгъэлIхэм я Iэдакъэм къыщIэкIа тхыгъэхэм. КъэкIыгъэхэр щызэзэгъ щIыпIэм къуалэбзухэри щызэзэгъынущ - апхуэдэ «гупсэхугъуэм» тету ухуащ дунейри.
Псом ящхьэр гъэ къэс къэзыгъэзэж къуалэбзухэри абыхэм щIэуэ къахыхьэхэри хъумэнымрэ я шхыныр мащIэу щызэпыу иджы хуэдэ гъатхэм абыхэм ядэIэпыкъунымрэщ.
 

 

ЖАНХЪУЭТ Зузэ.
Поделиться: